Шэрджэсхэм къащыщIа гузэвэгъуэм хуэдэ тхыдэм ищIэркъым

Кавказ зауэр зэрекIуэкIар, къэхъеин хуей щIэхъуар, абы щызэрахьа гущIэгъуншагъэр зыхуэдэр тэмэму къэгъэлъэгъуэжа хъуауэ къэслъытэркъым сэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ, адыгэхэм, а лъэхъэнэм тхыбзэ диIакъым. Ди нобэрей тхыдэджхэр икIэм нэсу щыгъуазэкъым а лъэхъэнэм пащтыхьыгъуэм зэрихьа политикэм. Дэ иджыпсту дызэджэр совет властым игъэува гупсысэкIэм и жыпхъэм изагъэу ятхыжахэрщ. 
Пэжщ, лъапсэрыхт а зауэр, мыгъуагъэ куэд къытхуихьащ абы. Ауэ, языныкъуэ тхылъхэм дыкъызэрыщеджэм хуэдэу, Урысейм и закъуэтэкъым къуаншэу щытар, дэ къытхущIэплът тыркухэри. Уеблэмэ абыхэм Урысейр гъэпцIагъэ гъуэгу трашауэ жыпIэ хъунущ. Шэрджэсхэр зауэлI хахуэщ, щхьэмыгъазэщ, къимыкIуэтщи дахуэныкъуэщ жаIэри, я гъунапкъэхэр ирагъэхъумэн хуэдэу, Урысейм пщIэ къритурэ иришащ. 
Ауэ дэ дыщIызэрымыIыгъыфам, апхуэдэ насыпыншагъэ иныр къыщIытлъысам дэри ди щыуагъэ зэрыхэлъыр сыт щыгъуи жызоIэ. Фыгъуэр хьэл мыгъуэщ. Сэ нэхърэ нэхъ дахэ, нэхъ губзыгъэ, нэхъ къулей щымыIэмэ, мы гъащIэр сыт и мыхьэнэ? Апхуэдэу щыт цIыхухэм тхьэмыщкIагъэшхуэщ къапэплъэр. Сэ, псалъэм папщIэ, псом нэхърэ сынэхъ губзыгъэу сыщытыну сыхуейкъым, атIэ си лъэпкъым и цIыху губзыгъэ куэдым ящыщ зыуэ сыщытыну аращ сызыщIэхъуэпсыр.
Пэжщ, ди щэнхабзэм, зетхьэу щыта хьэпшыпхэм, ди дуней тетыкIам къылъэщIыхьэн лъэпкъ дуней псом ущрихьэлIэнутэкъым. Франджым щыIэ ЭтнографиемкIэ музейм къубгъан щIэлъщ. Европэм къубгъаныр ицIыхуу щытакъым, адыгэхэм ар щызэрахьэм. Ар пэжщ, ауэ тхыдэм, дунейпсо щэнхабзэм – живописым, литературэм, щIэныгъэм - я лъэныкъуэкIэ дэ куэд тхузэфIэкIакъым, зауэлIу дыщытауэ аращ. 
Ину дыпсалъэу, зыдгъэпагэу дыдэткIэ, ди Iуэху кIуэтэнукъым. Зыужьыныгъэм, щIэныгъэм нэхъ псынщIэу дыхуэкIуэнущ дызэгурыIуэмэ, зы Iуэхур зылI и быну къызэдэтIэтрэ зэдэтщIэмэ. Мыбдежым щапхъэу къэсхьынщ иджыпсту ди республикэм ис адыгэр нэхъ зытепсэлъыхь Iуэхур. Анэдэлъхубзэр хъумэным, зегъэужьыным теухуауэ ар пэщIэдзэ классхэм щрагъэджын, класс нэхъыжьхэм сыхьэт бжыгъэ нэхъыбэ яхухэхын, нэгъуэщI куэди къагъэув жылагъуэм. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр, а Iуэхум теухуауэ нэхъ ину псалъэу дэтхэм я бынхэм, абыхэм я быныжхэм я анэдэлъхубзэр зэрамыщIэрщ. Абыхэм къагурыIуэну сыхуейт: уи хабзэр, уи бзэр пхъумэжын щхьэкIэ, къулыкъущIэхэр, властыр зыгуэркIэ щIыхэбгъэзыхьын щыIэкъым, ар зэлъытар цIыхур, унагъуэр аращ. Сэ курыт школхэм сыщыIащ абы щекIуэкIыр зэзгъэлъагъуну. АдыгэбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ дерсхэр егъэджакIуэхэм зэрырагъэкIуэкIым сыкIэлъыплъащ. Фи фIэщ фщIы, сыхьэт бжыгъэр нэхъыбэ пщIыкIэ иджырей щытыкIэм зимыхъуэжыну. Сэ анэдэлъхубзэр хъумэным сримытелъхьэу аракъым, уэ, зыгуэрхэм дахуэпсэлъэн и пэ, ди щхьэм къыщыщIэддзэн хуейщ. Дэтхэнэ зы бзылъхугъэми и сабийм щыцIыкIум щегъэжьауэ анэдэлъхубзэр Iурилъхьэн зэрыхуейр къыгурыдмыгъаIуэмэ, абы унагъуэм мыхьэнэ щедмытмэ, республикэ унафэкIи хабзэкIи ар зыми къыпхуегъэщтэнукъым. 
Дэ фIыуэ къыдгурыIуэн хуейщ блэкIам къытхуигъэна гуауэр. Шэрджэсхэм къащыщIа гузэвэгъуэм хуэдэ тхыдэм ищIэркъым. Адыгэхэр я хуитыныгъэм зэрыщIэбэнам и щапхъэм хуэди дунейпсо тхыдэм хэткъым. А лIэщIыгъуэм тфIэкIуэдари абы къыхэтхари тщIапхъэщ.
ЛIыгъэр, хахуагъэр, пэжагъэр хэлъащ ди лъэпкъым. ПсэукIэ ищIэу, IэпэIэсэу щытащ. Адыгэхэр диным дихьэхыпауэ, ар ирагъэлейуэ щытауэ зыщIыпIи къыхэщкъым. ЦIыхур цIыху зэращIыр, жылагъуэр зэрызэгурыIуэр адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэкIэт. Ди лъэпкъыр зэкъуэтыным дытелажьэу дыпсэунырщ гъуэгум я нэхъ захуэр. Абы ухуэзышэфынур мамырыгъэрщ. Зыдужьын папщIэ щэнхабзэм, щIэныгъэм, псэукIэм епха Iуэхухэм гугъу задедгъэхьын хуейщ. НэгъуэщI хэкIыпIэ щыIэкъым. 
 

 

Тау Пщыкъан.
Поделиться: