Зы гупсысэ пыухыкIам дытевгъэтНакъыгъэм и 21-м Истамбыл къыщыдэкI газетхэр гъэ къэси топсэлъыхь кавказ лъэпкъхэм я щхьэ кърикIуа насыпыншагъэм. Илъэс зыбжанэ ипэ «Дуния» газетым и зы напэкIуэцI триухуащ Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъхэр Анатольем къызэрыщыхута щIыкIэм, насыпыншагъэрэ хэщIыныгъэшхуэрэ къэзыхьа зауаем адыгэхэр зыхидза бэлыхьым профессорхэм, хасэ тхьэмадэхэм хуаIэ еплъыкIэхэм. Фи пащхьэ идолъхьэ абыхэм ящыщхэр. ЦIыхухэр я хэку ипхуныр геноцидщЯпэрауэ, кавказ лъэпкъхэр я щIым кърахуащ. Лъэпкъыр и щIыналъэм ибгъэкIыу, нэгъуэщI щIыпIэ бгъэIэпхъуэмэ, абы къикIыр ирахуауэ аращ. Ауэ лъэпкъым и щэнхабзэр бгъэкIуэду, и бзэр щыбгъэгъупщэу, зыр зым лъэмыIэсыжу зэпэIэщIэ пщIымэ – ар геноцидщ. Шэрджэсхэми ермэлыхэми лей ирахащСэ лъэпкъым и трагедиер, цIыхубэм къыщыщIа щIэщхъур зы псалъэ закъуэкIэ къэгъэлъэгъуэным срителъхьэкъым. Шэрджэсхэм я щхьэ кърикIуам зыщыбгъэгъуазэмэ, япэ щIыкIэ къыпщыхъунущ ахэр я адэжь щIыналъэм кърахуа къудейуэ. Ауэ ахэр къыщрахум ираха лейм, яукIа къомым лъэпкъгъэкIуэдым хуагъэкIуащ. ЛъэпкъгъэкIуэд жыхуаIэжыр аракъэ?Пащтыхьымрэ Уэсмэн империемрэ зэгурыIуэу зэдащIа Iуэхущ шэрджэсхэр зыхэт бэлыхьыр. Адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ я лъахэм кърахури, лъэпкъгъэкIуэдри къыхуагъэкIуэжащ. А тIур щызэщIыгъум деж нэхъ гурыIуэгъуафIэ мэхъу шэрджэсхэм я щхьэ кърикIуар. Апхуэдэу уеджэ хъунукъымШэрджэсхэм я щхьэ кърикIуам геноцидкIэ уеджэ хъунукъым, ахэр я хэку кърахуауэ аращ. Геноцидым и мыхьэнэмрэ къэхъуа Iуэхум и зэхэлъыкIэмрэ зэкIуалIэркъым. ЛъэпкъгъэкIуэд псалъэр куэдрэ къагъэсэбэп, ауэ абы къикIыр тхыдэ и лъэныкъуэкIи, хабзэ и лъэныкъуэкIи зэпкърыпхмэ, шэрджэсхэм я насыпыншагъэр кърибгъэлъэгъуэныр къезэгъыркъым. Зы гупсысэ пыухыкIам дытевгъэтШэрджэсхэм ящыщ куэд яукIащ. Зи щхьэ псэууэ хэзыхыфахэм Анатольем зыкъадзащ. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ Кавказым кърахуар шэрджэсхэм зэрамызакъуэр, атIэ нэгъуэщI лъэпкъ цIыкIу куэдми лей къатехьащ.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 16:42 →
ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 →
Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 →
Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 →
Щыуагъэм щахъумэу
19.04.2024 - 15:46 →
Дэчыхыныгъэм кърикIуар
|