Къумыкъу Мамдухь: Сэ сыкъэзышэжар Хэкум хузиIэ лъагъуныгъэрщ

Кавказ зауэжьым и нэпкъыжьэ зытелъхэм ящыщщ Къумыкъу Мамдухь. Ар Сирием и КъунейтIрэ куейм хыхьэ Хъышней къуажэм къыщалъхуащ. Абы дэт курыт еджапIэр къиухри, Дамаск муслъымэн диным щыхурагъаджэ институтым, итIанэ университетым и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. Мамдухь егъэджакIуэу щылэжьащ хьэрып къэрал зыбжанэм, Дамаск щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и Iуэхухэми жыджэру хэтащ.

Къумыкъу Мамдухь и тхыгъэхэр хьэрыпыбзэкIэ дунейм къыщытехьащ Дамаски Аммани. «Сыт псыхъуэ цIыкIум жиIэр» тхылъыр и анэдэлъхубзэкIэ адэжь щIыналъэм къыщыдэкIащ. Къумыкъур Сирием, Урысей Федерацэм я ТхакIуэхэм я союзхэм хэтщ.
1992 гъэм, и нэхъыжьхэм яIа хъуэпсапIэр нахуапIэ ищIу, Хэкум къигъэзэжауэ Мамдухь Налшык щопсэу.

Адэм и псалъэ Iущхэр

ЦIыхум гъащIэм щиубыдыну увыпIэр куэдкIэ елъытащ унагъуэм илъ зэхущытыкIэм, абы щигъуэт гъэсэныгъэм. Къумыкъу Мамдухь и сабиигъуэр и нэгу къыщыщIигъэхьэжкIэ жеIэ и адэ-анэм я лъагъуныгъэр зыхищIэу къызэрыхъуар. 
- Си адэ Хьэсэн хьэрыпыбзэри тыркубзэри хъарзынэу ищIэрт, езыр куэд емыджами, щIэныгъэм и мыхьэнэр къызыгурыIуэт. ЕджапIэм сыщыщIэтIысхьам, адыгэбзэ фIэкIа сщIэртэкъым, - игу къегъэкIIыж Мамдухь. – ПэщIэдзэ классхэм си адэр къыздэIэпыкъуурэ седжащ. ИтIанэ зы махуэ гуэрым абы къызжиIащ: «АдэкIэ уи зэфIэкIым къызэрихьщ. Уи вакъэжьыр бдзырэ уи лъакъуэр кIэлъыбдзыжу уэрамым укъыдэнэ нэхърэ еджи, цIыхум уахыхьэнщ. ЩIэныгъэр зэи лей хъунукъым». Адэм жиIар сэ куууэ къыспкърыхьат икIи а псалъэ Iущхэр си гъащIэ гъуэгуанэм лъабжьэ хуэхъуащ.

Зымыгъэунэхуам къыгурыIуэнукъым

- Ди нэхъыжьхэм къаIуэтэжу куэдрэ зэхэсхат адэжь щIыналъэм теухуа хъыбархэр, - жеIэ Мамдухь. – Апхуэдизу абыхэм я нэ къызыхуикI Хэкур тлъагъуныр дэри ди хъуэпсапIэ хъуат. ИужькIэ зэман дэкIауэ, а хъуэпсапIэр щызэзгъэхъулIам, сызэригугъамрэ Хэкум си нэгу щыщIэкIымрэ куэдкIэ зэщхьэщыкIырт. ИхъуреягъкIэ слъагъур пщIыхьэпIэу къысщыхъурт. Хабзэ къыткIэлъызэрахьэу дагъэхьэщIащ, щIыналъэм зыщыдагъэплъыхьащ. Iуащхьэмахуэ лъапэ щытлъэгъуа дахагъэм хуэдэ нэгъуэщI щIыпIэ щыIэу фIэщщIыгъуейт. Абы щыгъуэм си нэгу щIэкIахэр си гъащIэ псокIэ гукъинэж сщыхъуащ. 
Хэкур илъагъуныр хъуэпсапIэу зиIа Къумыкъум а зыплъыхьакIуэм иужькIэ быдэу игу ирилъхьащ адэжь щIыналъэр псэупIэ ищIыжыну. Хэкужьым япэу зэрыщыIар махуэ хуэхъури, къытригъазэурэ мызэ-мытIэу къэкIуэжащ, и бынунагъуэри къыздишэри иригъэлъэгъуащ. Ар псэупIэ ящIыжын мурадыр Мамдухь къыдиIыгъащ и щхьэгъусэ Сихьами. Апхуэдэу я зы къэкIуэгъуэм трагъахуэри, я тхылъхэри къыдахащ, уни къащэхури ягъэзэжащ. 1992 гъэм Къумыкъухэ я унагъуэр Налшык къыдэтIысхьэжащ.
- Пэжщ, зэтебубла псэукIэр къэбгъанэу нэгъуэщI щIыпIэ, ар уи адэжь щIыналъэрами, лъабжьэ щыпщIыжыныр тыншкъым, - жеIэ Мамдухь. – Сэ сыкъэзышэжар Хэкум хузиIэ лъагъуныгъэрщ. 

Тхыдэм зыщIритар

Хэхэс адыгэхэр лъэпкъ щэнхабзэм, IуэрыIуатэм, литературэм хигъэгъуэзэнымкIэ Къумыкъу Мамдухь лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ. Абы хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIыурэ Дамаск къыщыдигъэкIащ къэбэрдей тхакIуэхэм я тхыгъэхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, КIыщокъуэ Алим и роман цIэрыIуэхэр, IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» драмэр, нарт хъыбархэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм къищынэмыщIауэ, Мамдухь езыми рассказ гъэщIэгъуэнхэр итхауэ и анэдэлъхубзэкIэ дунейм къытригъэхьащ.
- Школыр къызэрыдух къэрал экзаменхэр ттыну дызэхэсу, зыгуэр сигу къэкIри, нэгъуэщI пэшымкIэ сыщIыхьэри, си япэ рассказыр стхауэ щытащ, - игу къегъэкIыж тхэн зэрыщIидзауэ щытар Мамдухь. – СфIэфIт рассказхэр стхыну, сыхуэIэкIуэлъакIуэт, абы и лъэныкъуэкIи куэди си гум илът, ауэ мыбы дыкъэкIуэжа нэужь, псэукIэр зэгъэпэщын хуейти, тхэным зэман гуэркIэ пэIэщIэ сыхъуащ. ИужькIэ а Iуэхум сыщыхыхьэжым, лъэпкъым и тхыдэм теухуауэ тхыгъэ тэмэм димыIэу къэслъытэрти, абы зеспщытащ. ТегъэщIапIэ гуэрхэри сиIэти, тегушхуауэ Iуэхум иужь сихьащ. «Кавказымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ папщIэ зэпэщIэувэныгъэ инхэр» фIэщыгъэр зиIэ тхылъышхуэм селэжьащ. XIII лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIым къыщыщIэдзауэ XXI лIэщIыгъуэм нэс къызэщIеубыдэ абы. Тхылъым зэхэхауэ къыщызгъэлъэгъуэжащ дуней псом щызэбгрыдза адыгэхэм я щхьэ кърикIуа Iуэхухэр, я щхьэхуитыныгъэм папщIэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэр, нэгъуэщI куэди. 

ГъащIэ гупсысэ

Дэтхэнэ зыми гъащIэм езым и еплъыкIэ иIэжщ. Ар елъытащ и гупсысэкIэм, и цIыху щIыкIэм. Ныбжьыр кIуэтэхукIи гъащIэм дерс гуэр къыхыбох. КъикIуа гъуэгуанэм щриплъэжкIэ, Мамдухь къыхегъэщ гъащIэм цIыхугъэр нэхъыщхьэу къызэрыщилъытэр.
- «ЦIыхур цIыху щIыжщ» жаIэ. Си щхьэ Iуэху фIэкIа зесхуэнукъым жызыIэу щысхэр нэхъ щIэхыуи жьы мэхъу, нэхъ псынщIэуи бампIэм ехь. Сытым дежи зыгуэрхэр пщIэну ухущIэкъуу, пхузэфIэкIымкIэ цIыхухэм сэбэп уахуэхъуу дунейм утетын хуейщ. Аращ сэ дерс нэхъыщхьэу гъащIэм къыхэсхар, - жеIэ абы.

Жьэгу пащхьэм щытепщэр

Унагъуэ дахи и щIыбагъ къыдэтщ Къумыкъу Мамдухь. Хабзэмрэ нэмысымрэщ Къумыкъухэ я жьэгу пащхьэм щытепщэр. ЗэгурыIуэрэ пщIэрэ зяку дэлъ зэщхьэгъусэхэм я бынхэми гъэсэныгъэ тэмэм иратащ. ХъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ яIэщи, псоми щIэныгъэ, IэщIагъэ ирагъэгъуэтащ, гъащIэм лъэ быдэкIэ хагъэуващ. Нэхъыжьхэр я щIэблэм я ехъулIэныгъэм щыгуфIыкIыу, нэхъыщIэхэри зи жьауэм щIэтхэр я гъуазэу мэпсэу.
 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: