НэIибымрэ профессорымрэ зэрызэхуэзар

Ди тхыдэм иджыри щынэмытхыса напэкIуэцIхэм язщ Кавказ зауэм и лъэхъэнэм Щамил Iимамым адыгэхэм лIыкIуэ яхуищIа Мухьэммэд-Iэмин нэIибым теухуа Iыхьэр.

1860 гъэм императорым Бытырбыху щыхуэза нэужь, Мухьэммэд-Iэмин Санкт-Петербург дэт университетым и профессор Казембек Александр иригъэблэгъауэ щытащ. ГъэщIэгъуэнщ нэIибыр профессорым и нэгу къызэрыщIэна щIыкIэр:

«Сэ ар зи къару илъыгъуэ щIалэ лIыкуу си нэгу къыщIэзгъэхьэрт. Хахуэу, губзыгъэу, кIуэ, щIэныгъэкIэ Щамил лъэщIэмыхьэпэми, и хьэрыпыбзэр, псом хуэмыдэу, и къумыкъубзэр Iимамым ейм къыкIэрымыхуу. КIэщIу жыпIэмэ, и муршидым хуэфащэ муриду къызыфIэзгъэщIырт. ИкIи зы закъуэкIэ фIэкIа сыщыуакъым: Мухьэммэд-Iэмин хьэрыпыбзэкIэ, - Дагъыстэн щIэныгъэлIхэр а лъэныкъуэмкIэ жыжьэ дыдэ нэсакъэ, - сызэрыщыгугъам нэхърэ куэдкIэ нэхъ Iэзэу къыщIэкIащ. Абы ищIыIужкIэ, ар икIи «хьэфизт», КъурIэныр зэрыщыту гукIэ ищIэрт, «тэджуидым», «къираIэт» жыхуаIэ КъурIэн къеджэкIэ щIэныгъэм и хабзэхэми нэсу щыгъуазэт. Адрей псомкIи ар зэрызигугъам хуэдэ дыдэу Щамил и гъэсэнт, фIыщIэ щIыхуэщIыпхъэхэм язуи, Iимамым и цIэр щIыхь пылъу фIэкIа къриIуэртэкъым. Абы и щхьэусыгъуэр ар дэтхэнэ муридми зэрыхуэфащэм и закъуэтэкъым, и фIэщу гурэ псэкIэ зэригъэлъапIэр наIуэт.

 И Iимамым елъытауэ, шугъусэ зыбгъэдэмыт Мухьэммэд-Iэмин и къэкIуэкIэр нэхъ къызэрыгуэкIт. Сэ абы, Богуславскэ полковникым чэнджэщ къызитам сытету, пэшыбжэм деж сыщыпежьэри, хьэрыпыбзэкIэ сэлам есхащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къумыкъубзэми тыркубзэми нэIибыр апхуэдэ дыдэу хуэшэрыуэтэкъым. ЗгъэщIагъуэу седэIуащ хьэрыпыбзэкIэ хуиту зэрыпсалъэмрэ и къэпсэлъыкIэр зэрынэгъэсамрэ, псом хуэмыдэу тэмакъыщIэм къыщыхъу макъхэр къызыхуэтыншэу къыжьэдэкIырт. Ар, дауи, зи фIыщIэр Мухьэммэд Iэмин апхуэдэ макъ куэд зыхэт адыгэбзэр фIыуэ зэрищIэрщ… И жэуап псори Iущт, къезэгъырт, къуэкIыпIэми, уеблэмэ Европэми щызекIуэ политикэ хабзэм екIуу. Псалъэуха къэс «Iэлхьэмду лиллахь» - «Алыхьым и фIыщIэкIэ!» - дигъэувэрт.

ИтIани, сыту куэдкIэ зэщхьэщыкIрэ Щамилрэ абы и нэIибымрэ! Мухьэммэд-Iэмин нэхъ еджащ Щамил нэхърэ, нэхъыби илъэгъуащ. УзэреплъынкIи, Iимамым елъытауэ нэхъ бжьыфIэ къыщIэкIынщ! Ауэ Щамил япэ изыгъэщ зы лъэныкъуэ къонэ: куэд зыгъэунэхуари зымыгъэунэхуари, цIыхушхуэри къызэрыкIуэри зытхьэкъу гуэр. Аращ Щамил Дагъыстэн псор жыIэщIэ къыхуэзыщIар: акъыл нэху, удихьэхыу зи жьауэм щхьэхуимыту ущIэзыгъэувэ, цIыхум къыдалъху Iущагъ къызэрымыкIуэ. Мухьэммэд-Iэмини абы и муридхэм, и пщылI псэемыблэжхэм ящыщт. СфIэгъэщIэгъуэнт ар Щамил зэрытепсэлъыхьынур, псом хуэмыдэу иджы, езыр абы щыхуэмыныкъуэж зэманым.

ТеплъэкIэ Мухьэммэд-Iэмин лIы къуапцIэ къудан зэIэщIэлъщ, лъагэфIрэ зэкIужу икIи сытым дежи гурыхьу пыгуфIыкIыу. Езым итхыжа гукъэкIыжхэм къызэрыхэщымкIэ, илъэс плIыщIрэ тIурэ мэхъу. Абы тепщIыхьмэ, Щамил и мурид щыхъуам ар илъэс пщыкIубл е пщыкIуий ирикъуа къудейт. Абы лъандэрэ зекIуэмрэ гъуэгуанэмрэ и Iэпэгъущ, абы и фIыгъэкIи IэпкълъэпкъкIэ къарууфIэщ. ЦIыху жанхэм, куэдым пхыкIахэм зэрадэплъагъу хабзэу, ар щэныфIэщ, IэбэкIи псэлъэкIи ещIэ, сытми фIэхьэлэмэту щIоупщIэ, псори и щIэщыгъуэщ».

 Мухьэммэд-Iэмин тхыдэм къыхэщ нэгъуэщI зы лIыхъужьи гукъинэжу топсэлъыхь. Iэщэ игъэтIылъа нэужь, нэIибыр Калугэ гъэру щаIыгъ Щамил деж кIуэри, махуищкIэ щыхьэщIауэ щытащ. Iимамым абы щыгъуэ хъумакIуэ хуэдэу къыбгъэдэта Руновский Аполлон и гукъэкIыжхэм къыхэнащ а зэIущIэм и сурэт:

 «Мис-тIэ, илъэс пщыкIущкIэ зэпэIэщIэу щыта Iимамымрэ абы и муридымрэ зэхуэзэжащ. Апхуэдиз илъэскIэ я хуитыныгъэм щIэбэну къыдэзэуа лъэпкъитIым я тепщитIыр зэрылъагъужащ. Зэм гугъэ нэху къезыт, зэм я гур яфIэзыгъэкIуэд зэрызехьэшхуэхэм иужькIэ зэхуэзахэщ. Щызэрылъэгъуари хуит хъужа я Хэкуракъым, атIэ куэд щIауэ гужь зыхуаIэ лъэпкъым и щIыналъэм и курыкупсэрщ.       КупщIафIэт Щамилрэ Мухьэммэд-Iэминрэ я зэIущIэр: IэплIэ зэхуащIри, зым и щхьэр адрейм и плIэм егъэщIауэ куэдрэ щытахэщ. Ба зэхуэщIакъым: бгырыс цIыхухъухэм ар я хьэлкъым. Iэмалыншэуи щыттэкъым ар: ди нэгу къыщIэува сурэтыр армырми дахащэт».

Дагъыстэн тхакIуэ Казиев Шапи зэритхыжымкIэ, Мухьэммэд-Iэмин Щамил и деж къыщыкIуа махуэхэм Калугэ къыщыдэкI газет пэрытым «Щамил етIуанэр» Iимамым деж хьэщIапIэ къызэрыкIуам теухуа хъыбар къытехуати, щихъым и бжэIупэм къыщызэхуэс факъырэхэм я бжыгъэм гу лъыптэу хэхъуат.

 «Мухьэммэд-Iэмин Абэзэхэ щIыналъэм и Хасэшхуэмрэ Мейкъуапэ быдапIэм щыIэ урыс тепщэгъуэмрэ зэпызыщIэ къарут, - етх нэгъуэщI зы дагъыстэн тхакIуэ Дашлай Фазил. - ЗэгурыIуэныгъэм къахуигъэув къалэнхэр ямыгъэзащIэу щIэмыхъун, Мухьэммэд-Iэмин хуэдэу хьэтыр зиIэ нэрыбгэ щымыIамэ, урысхэм абэзэхэхэм мамырыгъэ щращIылIэм къызэрагъэгугъахэр зыщхьэщагъэкIыфынут. Псыжь областым и унафэщI генерал-адъютант Евдокимовым лъэкI къигъэнакъым Мухьэммэд-Iэмин и унагъуэр и гъусэу Уэсмэн къэралыгъуэм игъэIэпхъуэн папщIэ, Iуэхур щэхуу зэрихьэу, текIуэдэну псори езым и пщэ дилъхьэжу. Абы къыгурыIуэрт нэIибыр бгъэIэпхъуэмэ, япэрауэ, ар и щхьэусыгъуэу Абэзэхэм щызэтеува политикэ хабзэхэр зэрыщызэтекъутэнур. Мыдрейуэ - абэзэхэ лъэпкъыр псэзэпылъхьэпIэм щит сыхьэтым Мухьэмэд-Iэмин хуэдэу псори зыфIэлIыкI тепщэ зэрафIэкIуэдынум езым и фейдэ хэлът. КъинэмыщIауэ, нэIибыр урыс пащтыхьым хуэзэри игу ирихьати, I86I гъэм императорым IущIэну зызыгъэхьэзыр адыгэхэм Мухьэммэд-Iэмин яхэтмэ, Iуэхур езыр зэрыхуейм хуэдэу емыкIуэкIынкIи хъунут. НэIибыр Абэзэхэ щIыналъэм щымыIэмэ, абы щызекIуэ политикэ къару псоми, Абэзэхэми, Убыхми, Шапсыгъми я унафэщIхэм я гукъыдэжхэм зригъэхъуэжыфынут Евдокимовым. Щамилрэ Мухьэммэд-Iэминрэ я зэуэкIэ Iэмалхэр зэхуэдэтэкъым. Лъэныкъуэ псомкIи Урысейм къиухъуреихь Iимамым хамэ къэралхэм запищIэфыртэкъым. Мухьэммэд-Iэмин и Iуэхур а лъэныкъуэмкIэ куэдкIэ нэхъыфIт. КъуэкIыпIэ Кавказыр а зэманым Урысей империем и кIуэцIым итмэ, КъухьэпIэ Кавказыр къэралщIыб дунейм лъэIэсырт, Урысейм апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр зэпиудын щхьэкIэ лъэкI къызэримыгъанэм хуэдэу. Мухьэммэд-Iэмин и къэрал лIыкIуэхэр Щамил ещхьу дзыхь зыхуимыщIыщэ Тыркум и закъуэтэкъым здынэсыр, атIэ Европэми щепсыххэрт».

 

 

                                           

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: