Дерс псом ящхьэ

   Зауэ гуащIэ куэд я нэгу щIэкIащ адыгэ лъэпкъхэм. Ди тхыдэм щыгъуа­зэм ещIэ ди лъахэм и псэм къещэ зэрыпхъуакIуэхэм адыгэхэр зы махуи зэрамыгъэтыншар - я хуитыныгъэмрэ я хэкумрэ папщIэ лъы ягъажэ зэпытащ адыгэхэм курыт лIэщIыгъуэхэм къыщы­щIэдзауэ.

Псом хуэдакъым Кавказ зауэкIэ зэджэр - илъэ­си­щэм щIигъукIэ (1763 - 1864) екIуэкIащ ар. Адыгэ лъэпкъхэм лъапсэрыхыр къахуигъэкIуащ а зауэм, я щхьэри я хэкури халъхьащ. Кавказ зауэм и мафIэ лы­гъэм хисхьащ адыгэ минищэ зыбжанэ, къелам я нэ­хъы­­ба­пIэм хэкур ирагъэбгынэри, дунейм те­къу­хьа ­хъуащ. Адыгэхэм игъа­щIэ­кIэ ящыгъупщэнукъым а за­уэм къахуи­хьа насыпыншагъэмрэ гукъу­тэгъуэмрэ - абыкIэ ахэр зы­гъэ­къуэншэфын щыIэкъым, ар гъэт­кIугъуа­фIэкъым.

   Тхыдэр щыгъуазэщ Кавказ зауэр зыублар езы адыгэ­хэр зэрыармырам. Шэрджэсхэр а зауэ гущIэ­гъун­шэм хэзы­дзар урыс пащтыхьым и дзэлI къанлыхэрщ. Ахэр топрэ ма­фIэ­кIэ къащылъихьэм, адыгэхэм Iэщэ къащтэн хуей ­хъуащ, я хуиты­ны­гъэмрэ я хэкумрэ яхъумэжын пап­щIэ. А зы къуаншагъэрщ адыгэ­хэм ябгъэдэ­лъар - я хуитыны­гъэмрэ я хэкумрэ бийм щахъумэурэ, я псэр зэратарщ. Уигу къеуэр а бэнэ­ны­гъэм адыгэхэм насыпыншагъэ фIэкI къазэры­худэмы­кIуарщ. За­уэм­ и кIэр хьэдагъэщ щыжаIэ ма­хуэ­­хэм ящыщ зы хъуащ накъыгъэм и 21-р: 1864 гъэм и ужькIэ хэкум къинэжар адыгэхэм я Iыхьэ пщIа­нэрщ.

   Сыт Кавказ зауэм и щхьэусы­гъуэр, щхьэ къатепсыхэн хуей хъуа ар адыгэ лъэпкъхэм - къэбэрдейхэм, шапсыгъхэм, абазэхэхэм, бжьэдыгъухэм, нат­хъуэ­дж­хэм, убыххэм? А упщIэм щIэны­гъэлI­хэм жэуап щрат тхыгъэ, лэ­жьы­гъэ куэд дунейм къытехьащ иужьрей илъэсхэм, дяпэкIи къытехьэнущ, сыту жыпIэмэ зи гугъу тщIы зауэр­ Урысейми ди лъэпкъхэми я тхыдэм пхухэдзынукъым, ар щабзыщI зэманыр блэкIащ. ПцIы зыхэмылъыжыр зыщ: адыгэ цIыхубэми урыс цIыху­бэми я фейдэ хэлъакъым мы за­уэм, тIуми я дежкIэ насыпыншагъэт­ ар; абы зи фейдэ хэ­лъар щIыгукIэ зы­зымыгъэнщI инэрал зауэшыхэрщ. Адыгэ­хэми урысхэми ящысхьакъым ахэр.

Нобэрей щ1эблэм дежкIэ дерс куэд къыхотэджыкI ди тхыдэм. Ар щыдджкIэ, дигу илъ зэпытын ­хуейщ ди къалэн нэхъыщхьэхэр - ахэр куууэ къыдгурыIуэу и чэзум зэ­рыдгъэзэщIэным ди гуащIэри ди зэфIэкIри хуэдунэтI­мэ, ар дерс псом ящхьэщ.

   Лъэпкъ цIыкIухэр къы­щыщIэрэщIэж лъэхъэнэщ дэ дызэрытыр, къарууэ диIэр зыхуэ­ду­нэ­тIын хуейр ди лъэп­къым фIыгъуэ къызэреуэлIэнырщ. ДэркIэ фIы­гъуэщ, ди хэкур щIэращIэмэ, ди цIыху­хэр нобэ зыхэт гугъуехьхэр нэхъ щIэх ящхьэщыкIмэ, Урысей Фе­дерацэм ис лъэпкъхэм дадекIу­рэ дехьэдехуэу задэдужьмэ, ди щIына­лъэм ныбжьэгъугъэрэ мамырыгъэрэ фIэкI щамылъагъумэ. Ди лъэпкъхэр игъащIэ лъандэрэ зыщIэ­хъуэ­пса къэралыгъуэ дгъуэтащ но­бэ, абы и лъэм зедгъэукъуэдиинымрэ и лъабжьэр гъэбыдэнымрэщ псори дызытелэ­жьэн хуейр. Зыми тщремыгъупщэ: зэманымрэ тхыдэмрэ къуат Iэмалхэр и чэзум къыумыгъэ­сэ­бэпмэ, абы утеп­лъэ­­къукIрэ лъэба­къуэ пхэнж пчымэ, уIэбэкIэ улъэIэ­сы­жынукъым - апхуэ­дэ къыщытщы­щIа къэхъуащ, тхыдэр щыхьэт зэры­техъуэщи…

   Адыгэ лъэпкъхэм я фэеплъ ма­хуэм­ къалэн къытщещI ар дигу илъ зэпыту щытын хуейуэ. А зы махуэм фIэкI дигу щIы­хэщIын махуэ дремылъагъуж дяпэкIэ - аращ дэтхэнэ адыгэми и хъуэ­псапIэр. НэгъуэщI плъа­пIэ диIэ­къым дэ - ди лъэпкъым нэхъри зиужьауэ, и пщIэр лъагэрэ и гуащIэр, и щIыхьыр ину, мелуан бжы­гъэкIэ дунейм текъухьа хъуа адыгэ­­хэм я вагъуэр уафэ бзыгъэм щылыд зэпыту тлъа­гъун фIэкI.

Зэралъытэмк1э, мелуаниблым щIегъу Кавказ зауэм дунейм трикъухьа адыгэхэм я бжы­гъэр. Къэрал куэдым щопсэу ахэр, зэрыс хэкухэм пщIэ­шхуэ щаIэщ ди лъэпкъэгъухэм, дзэпщ, лIыщхьэ, дипломат, къу­лы къущIэ, щIэныгъэлI, тхакIуэ, спорт­смен цIэрыIуэ куэд къахэ­кIащ Тыркуми, Иорданиеми, Сириеми, нэгъуэщI къэралхэми щыпсэу адыгэ­хэм. Ар щыхьэт тохъуэ адыгэхэр зэры­лъэпкъ лъэрызехьэм, лIэщIыгъуэрэ ныкъуэм щIи­гъуауэ хэ­хэсми, я гуащIэмрэ я зэхэщIы­кIым­рэ зэрымыкIуэщIам. Ар дэнэ къэна, иужьрей илъэсхэм нэхъри дэ­кIуэ­теящ дэнэ къэрали щыпсэу адыгэ­хэм я пщIэр, я гуащIэр нэхъри къеблащ, я бзэр, я лъэпкъ хабзэхэр хъума зэрыхъуным, я щIэблэр къызэщIэгъэушэным нэхъ пылъ зэры­хъуари нэрылъа­гъущ. Кавказ за­уэм и ужькIэ хэкум къина адыгэхэм иужьрей илъэсищэм зыщаужьащ Урысей къэралыгъуэм, абы нобэ що­фIакIуэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс Рес­пуб­ликэхэр, ди лъэпкъхэм яхузэ­фIэ­кIащ зи пщIэр лъагэ щэн­­хабзэ, литературэ, гъуазджэ зэрагъэпэ­щын, щIэ­ны­гъэмрэ зыузэщIы­ны­гъэм­рэ я гъуэгур якIу абыхэм нобэ, я псэу­кIэм­рэ я экономикэмрэ нэхъри зэре­фIэ­кIуэнырщ ахэр зыщIэкъури зыхуэлажьэри. Ар псори ды­зыщыгу­фIыкI Iуэху дахэщ, а Iуэхур нэхъ егупсысауэ, нэхъ хэкъузауэ унэ­тIын хуейуэ я къалэнщ дэни щыпсэу адыгэхэм.

 

 

Хьэф1ыцIэ Мухьэмэд, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
Поделиться: