ЕпцIыжакIуэр къызэрыщIагъэщар

Урыс-Кавказ зауэм куэдрэ тетхыхьа Маркс Карл «Тхыдэм щыщ напэкIуэцI гъэщIэгъуэн» зыфIища, 1858 гъэм инджылыз газетхэм я зым къытрыригъэдза тхыгъэм щытопсэлъыхь адыгэхэм гъэпцIагъэкIэ къабгъэдэта венгр тIасхъэщIэх Бандья Янош. Тырку сулътIаным Шэрджэс щIыналъэм Дзэзешэ нэхъыщхьэу къигъэкIуа хуэдэу зыкъигъэлъагъуэри, Бандья Занокъуэ Сэфар-бей ныбжьэгъурэ благъэрэ зыхуищIауэ щытащ. Муслъымэн динри къэзыщтэу Мэхьмэд-бей зыфIэзыщыжа пцIыупсыр Филипсон генералым зэрыдэлажьэр къыщIигъэщащ Янош урыс къулыкъущIэм хуигъэхьа тхыгъэр зыIэрыхьа, Польшэм къикIа полковник Лапинский Теофил.

«Иужьрей зауэр зэриухыу, газетхэм къытехуауэ щытащ тыркудзэм и полковник, венгр армэм и полковникыу щыта, зиусхьэн Бандья (Мэхьмэд-бей) Константинополь икIыу, жыджэракIуэ зыбжанэ и гъусэу Шэрджэс щIыналъэм зэрыкIуар. Абы зэрынэсу, Бандья адыгэхэм я дзэпщу, Сэфар-бей и штабым и унафэщI хуэдэу ягъэувауэ щытащ. Венгрием икIа а Шэрджэс Хэкум и къегъэлакIуэм и къекIуэкIыкIам щыгъуазэхэм шэч закъуи къытрахьэртэкъым Бандья а щIыналъэм щIэкIуэн щхьэусыгъуэу иIэнкIи хъуну закъуэр ар Урысейм ирищэнрауэ зэрыщытым.

Нэхъ пасэу шэч зыхэмылъыж щыхьэткIэ къахутауэ щытащ ар Лондони Парижи я полицэхэм тIасхъэщIэхыу зэрахуэлажьэр. Арат щIэмыгъэщIэгъуэныр Бандья Филипсон генералым епцIыжакIуэ тхыгъэ хуигъэхьауэ мазэ ипэкIэ къаубыду укI тезыри зэрытралъхьар», - щетх Маркс Карл тхыгъэм и пэщIэдзэм.

Тезыр тралъхьа щхьэкIэ, Бандья ямыукIыу яутIыпщыжащ. Ауэ адыгэхэр къызэригъэпцIамкIэ езым зыкъиумысыжащ.

Бандья суд пащхьэм къызэрыщыпсэлъар:

 «Мы упщIэ къомыр сужэгъуащи, сэ езым си IэкIэ стхыжа, си IэщIэдзыр зыщIэлъ тхыгъэ изолъхьэ комиссэм и пащхьэм. Сыщогугъ си хеящIэхэм я лэжьыгъэр абыкIэ ящызгъэпсынщIэну, си зэранкIэ лажьэ зимыIэ си унагъуэм тезыр трамылъхьэн щхьэкIэ.

 Япэм си цIэу щытар Иллошфальвэ щыщ Бандья Яношщ. Илъэс 40 сохъу, ипэкIэ урым-католик диным ситащ, 1853 гъэ лъандэрэ сымуслъымэнщ. Политикэм къыщызгъэхъуа псори зэрысщIар си Хэкум и пашэ Кошут Лайош и унафэкIэщ. Ар къызэрысщхьэщыж тхыгъэхэр сIэщIэлъу I853 гъэм дыгъэгъазэм и 22-м Константинополь сыкIуэри, тырку армэм и полковник сыхъуауэ щытащ.

КъысхуащIа унафэхэм япкъ иткIэ, сэ Iэмал къэзгъуэту, адыгэхэм яубыд хы Iуфэм щызауэ дзэхэм захэзгъэпшэхъуэн хуейт. Шэрджэсым сызэрынэсу, япэщIыкIэ Iуэхур зыIутым щыгъуазэ зысщIри, гу зылъыстахэр си ныбжьэгъухэм ялъэзгъэIэсыжащ. Сэфар-пащэм гъунэгъу зэрызыхуэсщIыным иужь ситащ. КъызэрызжаIам тету, сэ си къалэнт адыгэхэм я зауэныгур згъэбэяуну, Шэрджэс хэкур хамэ къэралхэм къикI унафэхэм жыIэщIэ яхуэзмыщIыну.

Сэфар-пащэм гъунэгъу зыхуэсщIын Iуэхур къызэхъулIапэри, и дзыхь къызигъэзу хъуат. А дзыхьыр къысIэрыхьа нэужь, зыкIи къызэхьэлъэкIакъым къысхуащI унафэхэр згъэзэщIэныр. Сэфар-бей и фIэщ сщIат зауэр иухмэ, Шэрджэс Хэкур сулътIаным и унафэм зэрыщIагъэувэжынур. Тырку дзэпщхэм къагурызгъаIуэрт адыгэхэм къызэрамыгъэпэжыным къыхэкIыу, зэуэн щIыщIадзэн щхьэусыгъуэ зэрыщымыIэр.

Си кIэн къикIри, Iуэхур сызэрыхуейм хуэдэ дыдэу хъуащ. Урысхэм я дзэхэр зауэ губгъуэм ирашэу, я гъунапкъэхэр пцIанэу къагъэна щхьэкIэ, адыгэхэр абыхэм зэребгъэрыкIуаишхуэ щыIэкъым. АпщIондэху сэ си унафэщIхэр щэхуу щыгъуазэ сщIырт къызэхъулIахэм. А зэман дыдэм саIууащ си мурадхэм зэран къахуэхъуа гуэрхэми. Зи гугъу сщIыр британ консул, зиусхьэн Лонгворт Анапэ къызэрыкIуарщ.

Зиусхьэн Лонгворт унафэ къыхуащIат зауэлI 6000 зыхэт адыгэдзэ Инджылызым и мылъкукIэ зэригъэпэщыну Сэфар-пащэ къытригъэхьэу, ахэр Кърымым игъэкIуэну. Сэ апхуэдэ дыдэ къалэн тырку унафэщIхэм си пщэ къыдалъхьат, ауэ иужькIэ си гъуазэ щэхухэм унафэ ткIий къысхуащIащ британ консулым и мурадыр къезмыгъэхъулIэну.

Зиусхьэн Лонгворт сепсалъэри, британ армэм полковникыу сыхигъэхьэну е инджылыз ахъшэу (фунт стерлинг) I0000 къысхудихыну селъэIуащ. Зиусхьэн Лонгворт пиастр 50000-кIэ сыкъищэхуну игу къэкIри, си бзаджагъэр къызэхъулIащ. Апхуэдизрэ къагъэгугъэурэ къагъэпцIэжа пщы Сэфар-бей абдежым гурыщхъуэ ищIри, консулым адыгэхэм къапихыну зыхуейр къригъэхъулIакъым. Сэфар-пащэм и къуэ Ибрэхьим Къарэбатыр бий къысхуэхъуащ абы щыгъуэ. Арат зауэлI 6000 зыхэт адыгэдзэм и дзэпщу ягъэувыну я гугъар.

1856 гъэм гъатхэпэм и 21-м Сэфар-пащэм хъыбар къызигъэщIащ лъэпкъ зэхуэсым унафэ къыщащтауэ, Тыркум, Франджым, Инджылызым я правительствэхэм Шэрджэс Хэкур Тыркум гуагъэхьэн лъэIукIэ зыхуагъэзэну я мураду. Арати, сэри лIыкIуэхэм сыхагъэхьэну Сэфар-пащэр къытезгъэхьащ. Константинополь дынэса нэужь, си ныбжьэгъухэмрэ Кошутрэ Шэрджэсым щекIуэкI псори яжесIэжащ.

Абы и жэуапу унафэ къысхуащIащ полковник Тюррэ генерал Штейнрэ запысщIэу, абыхэм садэлэжьэну, зэрыхъукIэ венгр нэхъыбэ Iуэхум къызэрыхэсшэнми иужь ситыну. ЛъэпкъкIэ адыгэ, Уэсмэн къэралыгъуэм Пощт IуэхухэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Исмэхьил-пащэм зыпысщIащ а зэман дыдэм. Ар и Хэкум щхьэкIэ куэд зыщIэфын хэкупсэу къысфIэщIырт. Исмэхьил-пащэрэ сэрэ дызэчэнджэщащ Шэрджэс Хэкум Iэщэ, шэ, фочыщIэхэм къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр едгъэша зэрыхъунум, офицерыфIхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ щIыналъэм зэрынэдгъэсыным теухуауэ. Дыщызэпсалъэм урыс лIыкIуэм и секретарь капитан Франкини ди гъусащ. Ди мурадыр Шэрджэсым урысхэм я лъэныкъуэр мамырыгъэкIэ, хуэму, ауэ шэч хэмылъыжу къедгъэщтэнырт. Шэрджэс Хэкур сэрэ генерал Штейнрэ ди унафэм тхущIэгъэувамэ, адэкIэ тщIэн хуейр мырат:

1) щIыналъэр зэрыщыту и унафэм щIэзыгъэувэн пщы гуэр къэдгъуэтын;

2) тырку сулътIанми нэгъуэщI къэралхэми зыгуэр къыхуащIэным адыгэхэм гугъэ хедгъэхыжын;

3) бгырысхэр мызэуэжыфу тщIын щхьэкIэ, дэ зэдгъэпэща, ахэр щыхилъэфэн зэхэуэ зыбжанэ къэдгъэхъун;

4) урыс пащтыхьыр ахъшапщIэ зратын хуэмей тепщэ нэхъыщхьэу къыхахыу, абы и дзэхэр я Хэкум ирагъэтыну къытедгъэхьэн;

Зи гугъу тщIы пщыр Шэрджэс Хэкум къэтшэну, венгрхэмкIэ къэдухъуреихьу къулыкъу нэхъыщхьэхэр абыхэм яритыным тедгъэгушхуэну ди мурадт. Капитан Франкини си фIэщ ищIыну хэтт Урысейм адыгэхэр и унафэ щIигъэувэ хуэдэу фэ зытригъэуэну фIэкIа зэрыхуэмейр. Адрей псори императорым и псапэхуэщIэхэмрэ урыс орденхэмрэ нагъэсыжын хуейт.

КъысхуащIа унафэм ипкъ иткIэ урыс генералым зыпысщIэн хуейт. Иджыпсту комиссэм IэщIэлъ, си цIэ зыщIэзмытха тхыгъэмкIэ зэхуэтхэн щIэддзэу арат. Ауэ урыс командирым и делагъэкIэ ар фэ къыфIэрыхьащ.

(Мыбдежым Бандья щытопсэлъыхь Лапинский Теофил зэрыпэщIэтамрэ абы зэрыпэмылъэщамрэ).

 Полковник Лапинскэм зэуэ и нэщыпхъуэр зытридзри, ехьэкI-къехьэкI хэмылъу Сэфар-пащэм и унэм къыщызжиIащ сэ и унафэщIуи, Шэрджэс Хэкум и дзэпщуи сыкъызэримылъытэр, абы лъандэри къызэпсалъэркъым. Ардыдэр ящIэну езым и унафэм щIэт лыхьыдзэм яхуигъэуващ. Сэ ар и къулыкъум къытезгъэкIыну сыхэтащ, ауэ схузэфIэкIакъым».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: