Махуэшхуэ зекIуэм зыхуагъэхьэзыр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэщыну махуэшхуэ зекIуэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьыну Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим IуэхущIапIэхэмрэ къудамэхэмрэ я унафэщIхэм иджыблагъэ яIущIащ.

ЗекIуэм хэтынухэр къызэрырагъэблэгъэну щIыкIэм, шухэм къызэпачыну гъуэгур зыхуэдэмрэ и убзыхукIэ хъунумрэ, шууейхэм я бжыгъэр къыщалъытэ щIыпIэр зэрыгъэнэхуапхъэм, Iуэхугъуэм епха гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр къызэрызэгъэпэщыпхъэм щытепсэлъыхьащ зэIущIэм. Мамхэгъ Хьэчим зекIуэм епха унэтIыныгъэхэмкIэ жэуап зыхьхэр игъэнэхуащ, дэтхэнэми пщэрылъ пыухыкIахэр яритащ.

Къэралым щызекIуэ хабзэхэм япкъ иткIэ, махуэщI зекIуэр къызэгъэпэщыным епха Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьауэ щытащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэмрэ КъБР-м Мэкъумэш хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэмрэ. Жэрдэмыр лъэныкъуэ псомкIи зэпкъраха нэужь, зекIуэр фокIадэ мазэм и япэ махуэхэм ирагъэкIуэкIыну траухуащ.

ЗекIуэм къалэн зыбжанэ зыхуегъэувыж. Абыхэм ящыщщ «Адыгэ фащэ зыщыгъ цIыху куэд зыхэта зекIуэ ин» зи фIэщыгъэ рекордыр игъэувыну, адыгэшым и цIэр нэхъри къиIэтыну, адыгэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэхэм я пщIэр къыдихыну, щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр игъэбыдэну зэрыхущIэкъур.

ГуфIэгъуэ зекIуэр зы махуэщ зэрекIуэкIынур, къыщыдахынури 2022 гъэм фокIадэм и 4-рщ. ЗекIуэлIхэр къыщызэхуэсыну траухуэр Дыгулыбгъуей къуажэкIэрщ (Сыжажэ Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ уэрам, 2, Чырбыш заводым пэблагъэу). ЗекIуэм хэтынухэр пщэдджыжьым сыхьэти 9-м къызэхуэсыну траубыдащ, щежьэнур сыхьэт 11-рщ. Гъуэгу хахамкIэ зекIуэр Дыгулыбгъуей къуажэкIэм къыщожьэри, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр зытет 910-нэ ЛъагапIэкIэ зэджэм блокI, адэкIэ МахуэгъэпскIэ къыдохьэ. Гъуэгум километр 25-рэ и кIыхьагъынущ.

ЗекIуэм хэтыну гупыж зыщIхэр щIэупщIэ хъунущ мы телефонхэмкIэ: 8-928-705-59-55, 8-928-715-88-02, 8-903-491-55-77. Апхуэдэу утхэ хъунущ мы майл-хэщIапIэми: admbaksan@mail.ru

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться: