Фэеплъ плIанэпэ къызэIуахащ

Щалъхуа лъахэм и щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ Хэку зауэшхуэм зи щхьэр хэзылъхьа хьэтIохъущыкъуей щIалэхэм – Гъуэрдэгъуэжь зэшхэм – я фэеплъ плIанэпэ иджыблагъэ къыщызэIуахащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, КIурашын ТIэхьир и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №1-м.

Iэтауэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм кърихьэлIащ Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ, хабзэхъумэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ къулыкъущIапIэм и унафэщI Тохъутэмыщ Мухьэмэд, егъэджэныгъэмкIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Абрэдж Тамарэ, ХьэтIохъущыкъуей къуажэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Къумыкъу МуIэед, Гъуэрдэгъуэжь лъэпкъым щыщхэр, къуажэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Зэхуэсыр къызэIуахащ 1 - 11-нэ классхэм щIэс ныбжьыщIэхэм я пэкIукIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я ныпыр къэIэтыным епха дауэдапщэмкIэ. Абы иужькIэ псалъэр иратащ Гъуэрдэгъуэжь зэшхэм я щIэблэу еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэм. Фэеплъ пхъэбгъухэр зыфIэлъ еджапIэ щIыхьэпIэм деж абыхэм къызэхуэсахэр щрагъэдэIуащ я адэшхуэхэм къакIуа гъуэгуанэм теухуа хъыбархэм, ягъэлъэгъуащ сурэтыжьхэр, щыжаIащ я адэжьхэм ятеухуауэ зэхалъхьа усэхэмрэ уэрэдхэмрэ.
Гъуэрдэгъуэжь Хьэмыщэрэ Хьэбынэрэ я щIалитхур, нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, зэшхуэзэесрэ къекIу защIэт, къуажэ щIалэгъуалэм сыт и лъэныкъуэкIи къахэщырт. Хабзэшхуэ яхэлът, укIытэ ящIэрт, Iэдэбт, лэжьакIуэшхуэт. Зауэр къыщыхъеям япэу къуажэм дэкIахэм ящыщщ, ауэ зыми я насып къихьакъым адэжь жьэгум къекIуэлIэжыну. Хьэбас Курск деж щекIуэкIа танк зэхэуэшхуэм щыкIуэдащ, Залымрэ Данилрэ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэту дэкIащ, я кIуэдыкIэ хъуам зыри щыгъуазэкъым, Шидэ и щхьэр Сталинград деж щыхилъхьащ, Мухьэмэд Украин губгъуэхэм къинащ…
«Гъуэрдэгъуэжь зэшхэм я цIэр илъэс 77-рэ дэкIа нэужь къэIэтыжыныр, фэеплъ плIанэпэр къахузэIухыныр симызакъуэу, зэрыкъуажэуи мыхьэнэшхуэ зэтт Iуэхугъуэщ. Куэд лъандэрэ дегупсысу, ауэ тхузэпымыщэурэ екIуэкIа жэрдэмыр нобэ зэщIа хъуащи, согушхуэ. Уи щIэблэ цIыху нэсу бгъэсэну ухуеймэ, нэхъыжьхэм я щапхъэм зэпымычу щIэпIыкIын хуейщ. Iэщэ къащтэу Хэкум къыщыжыну зэрыдэкIам и мызакъуэу, зэпымычу щIэгъэдэIун хуейщ ахэр мамыр гъащIэм зэрыхэту щыта щIыкIэми. Нобэ зи цIэ къитIуэ ди нэхъыжьыфIхэм я гугъу щащIкIэ, зигу къызэфIэмынэ нэхъыжьхэм яхэту къыщIэкIынкъым, апхуэдизкIэ ахэр цIыху къабзэу, цIыху дахэу дунейм тетащи. Я къарукIэ лажьэрт, къалэжьа пщIэнтIэпсрат мылъку зытращIыкIыр, цIыхугъэм и лъагъуэм текIыртэкъым, нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ ящIэрт, дэтхэнэми Iулыдж хуащIу, яхуэфащэ пщIэр ирату апхуэдэт. Я псэ емыблэжу лъахэр яхъумэну ди къуажэ япэу дэкIахэм ахэр ящыщщ – шынэ яIакъым, сыт хуэдэ Iуэхуми жылэм ейр нэхъапэ ирагъэщащ. Зэманыр апхуэдэт. Бийм укъыпикIуэтмэ, фIы къызэрыхэмыкIынур псоми къагурыIуат. Зэкъуэту, зылI и быным хуэдэу зэуа дэтхэнэ ди нэхъыжьыфIри тщыгъупщэнукъым, дигу илъынущ», – жиIащ еджапIэм и унафэщI Нэхущ Аллэ.
ЗэIущIэм зэригъэгушхуар, лIыгъэм, хахуагъэм, щхьэемыблэныгъэм я щапхъэ нэс зыгъэлъэгъуа щIалэхэм я фэеплъыр къызэраIэтам хуабжьу игу зэрыхигъэхъуар жиIащ Тохъутэмыщ Мухьэмэди. «Зырызыххэу я цIэр къипIуэми, Хэку зауэшхуэм зи щхьэр хэзылъхьа дэтхэнэ ди зауэлIми яхуэфащэщ. Абы къыхэкIыу я цIэр зытет кхъэщхьэдэсэхэр зэи IэщIыб тщIы хъунукъым, я фэеплъыр тIэжьэмыужьыхэн папщIэ, я щхьэ кърикIуа гузэвэгъуэм хуэдэ ди нобэхэм къэмыхъун папщIэ, ди тхыдэр фIыуэ тщIэуэ пщэдейрей махуэхэм ди щхьэр лъагэу Iэтауэ дыхуэкIуэн папщIэ. Нобэ екIуэкI мы Iуэхугъуэр нэгъэсауэ ди щIалэгъуалэм я дежкIэ щапхъэфI хъунущ, си щхьэкIэ абы шэч къытесхьэркъым. ЦIыхур цIыху щIыжщ, жаIэ. НэхъыжьыфI зыгъэлъапIэ жылэм и щIэблэр щIэупщIэнущ хэт нобэ дыщIызэхыхьар, жиIэнурэ. Абы цIыхушхуэ зэрагъэлъапIэм и гугъур а ныбжьыщIэм жриIэнущ. Арыххэуи, ягъэлъапIэ нэхъыжьым и Iуэхум, и гъащIэм щIалэщIэм зыщигъэгъуэзэнущ. Ар зэуэ нэсу хузэмыгъэзэхуэнкIи хъунщ, ауэ щхьэмрэ гумрэ къинэмкIэщ цIыхум цIыху къызэрищIыкIыр», – жиIащ Тохъутэмыщ Мухьэмэд.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Гъуэрдэгъуэжьхэ Данил ипхъу ФатIимэрэ Залым и къуэ Хъусенрэ. КъыпхуэмыIуэтэну инт абыхэм я гум щыщIэ гуапагъэр. Я нэпсри я гузавэри яхущIэмыуфэу абыхэм къызэхуэсахэм фIыщIэшхуэ хуащIащ я адэхэр зэрагъэлъэпIам, зэшхэм къамыгъэщIар хуэдэ куэдкIэ цIыкIухэм я гъащIэм къахупищэнуи хъуэхъуащ.
ЗэIущIэр щиухым, абы кърихьэлIахэр Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ, фэеплъ плIанэпэм деж удз гъэгъахэри тралъхьащ.
 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: