Зэнзэныпсу къабзэрэ къуэпсыбэу

Абын – аращ зэреджэр 1835 гъэм быдапIэ папщIэу яухуауэ щыта Абинск къалэ цIыкIум пхрыж псым. Километр 81-рэ зи кIыхьагъ псыр Адэгум зи фIэщыгъэ нэхъ псышхуэм холъэдэж. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, „Абын“ цIэр „мэз“ мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна „абнэ“ псалъэм къытепщIыкIащ.
 
ЩIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ яужь ита Твёрдый Александр и IэдакъэщIэкI «Топонимика Кавказа» и тхылъ телъыджэм зэрыщитхымкIэ, «Абын» фIэщыгъэр а бзэ дыдэм «быдапIэ» мыхьэнэ иIэу къыщыкIуэ «абаа» жыIэкIэми йокIуалIэ, дызытепсэлъыхь щIыпIэм и Iэгъуэблагъэм щыпсэуа «абун» мэуэт лъэпкъым зэреджэу щытами, илъэс 2I50 ипэкIэ псэуа алыдж астроном, математик, географ Птолемей Клавдий КъухьэпIэ Кавказым хузэхилъхьауэ щыта картэм къыщыгъэлъэгъуэжа Абунис быдапIэжьым и цIэми хуокIуэ. 
Абын псыр Кавказ тхыцIэ нэхъыщхьэм едза шытх нэхъ цIыкIухэм ящыщ зым, „Къуацэ гъуркIэ“ зэджэм, ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм къыщожьэри, ищхьэхэмкIэ, хуэдэ щымыIэу, зэнзэныпсу къабзэрэ къуэпсыбэу зыкъыщызэщIекъуэ. 
Шапсыгъхэм, зэрыщыту къатщтэмэ адыгэхэм, я щэнхабзэм дихьэххэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъум и фIыгъэкIэ, Абын и кIейм зыщызыплъыхь щIыпIаплъэхэм я бжыгъэми хэхъуащ. Ахэр малъхъэдису зыщIэзышэ нэгузегъэужьыпIэхэм халъытэ зи гугъу тщIы псыхъуэм и тIуащIащхьэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ зи хэщIапIэу, адэкIэ-мыдэкIэ Iэрамэ-Iэрамэу щызэхэт испы унэжьхэри (дольменхэр, мегалитхэр). Зи ныбжьыр илъэс мини 3-м щхьэдэха а ухуэныгъэ телъыджэхэр щIыпIаплъэрыгъуазэхэм я нэхъыбэм адыгэхэм я тхыдэм ирапх. 
Пэж дыдэу, мывэ джафэ зэтеупIэщIыкIахэр апхуэдизу дахэу икIи зэгъэкIуауэ зэтегъэзэгъащи, яIуплъэ дэтхэнэми ямыгъэщIэгъуэн яхузэфIэкIыркъым. Мегалитхэм нэхъыбэ дыдэу узыщрихьэлIэр Абын хэлъэдэж Жьанэпс псы бгъунж цIыкIум и Iуфэрщ.
Гъэм и хуабэгъуэм зыкърезыгъэхьэлIэ щIыпIаплъэхэм зи лъащIэр лъагэу щхьэщыIэтыкIа машинэхэмкIэ (джип лIэужьыгъуэхэмкIэ) Абын и псыхъуэр къызэхажыхь. Бдзэжьей щещэну къыдыхьэхэми я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ, «къуентхъыншэ» ахэр мы щIыпIэм зэрыщымыхъум  и щыхьэту. 
 
ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться: