Егоровэ Татьянэ: «Хэкупсэ нэс фызэрыхъуным шэч къытесхьэркъым»

Депуев Хаким и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернат №2-м накъыгъэм и 25-м, адрей курыт еджапIэхэми хуэдэу, иужьрей уэз­джынэр къыщеуащ.

ЕджапIэр къэзыуххэм ехъуэхъуну, ядэгуфIэну къызэхуэсат абы­хэм я адэ-анэхэр, егъэджа­кIуэхэр, хьэщIэ лъапIэхэу КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Шэрэдж щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Кульбаев Алан, КъБР-м промышленнос­тымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министр Iэхъуэбэч  Щамил, ­КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэны­гъэм­кIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Мэлбахъуэ Алим, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэр, журналистхэр, Шэрэдж щIыналъэм щыщ жылагъуэ лэжьа­кIуэ­хэр.
Махуэшхуэ зэхыхьэр къызэIуихащ кадет школым и унафэщI Эристаев Абдурэхьман:
- Фи егъэджакIуэхэм къывбгъэдалъхьащ гъащIэм адэкIэ къы­щыфхуэсэбэпын щIэныгъэ куу. Фи командирхэм хахуагъэм, лIыгъэм, фызрихьэлIэ лъэпощхьэпохэр къы­зэвнэкIыфыным, Хэкум фы­хуэ­пэжыным фыхуагъэсащ. Сы­нывохъуэхъу балигъ гъащIэм щы­зыхуэвгъэувыж мурад псори зэвгъэхъулIэфыну. Нобэ кадет школыр къэзыух ныбжьыщIэ 22-м щыщу 18-м дзэ къулыкъур къыхахащ, дзэм щыхуагъасэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я дэфтэрхэр ­хуагъэхьэзыращ. Тхьэм къывигъэхъулIэ!
ЕджапIэр къэзыух ныбжьы­щIэ­хэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Егоровэ Татьяни:
- Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу цIыхум и гъащIэм хэт махуэшхуэ нэхъыщхьэхэм язымкIэ – Иужьрей уэзджынэм и махуэмкIэ. А махуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIалэгъуалэм гъащIэм и зы Iыхьэ къы­зэранэкIауэ, щIэныгъэкIэ, акъыл­кIэ, ехъулIэныгъэкIэ, те­кIуэныгъэкIэ гъэнщIа гъуэгуш­хуэм тоувэ. Школым щывгъэкIуа илъэс­хэм щIэныгъэм и лъабжьэр вгъэтIылъащ, фи гупсысэм зевгъэужьащ, фэркIэ нэхъыщхьэр зэхэвгъэкIащ. Мис а мыхьэнэшхуэ зиIа Iыхьэр къызэвнэкIауэ, балигъ гъащIэм лъэбакъуэщIэ хывочэ. ДяпэкIэ фэ къыфпэщылъщ къы­зэраух экзаменхэр, IэщIагъэ къыхэхыныр, щIэтIысхьэгъуэр. Ауэ фэ кадет школым фыкъыщыкIуэм фызыхуей IэщIагъэр къыхэфхакIэт. ИкIи къывоух республикэм и кадет школ нэхъыфIхэм ящыщ зыр.
Егоровэм къыхигъэщащ мы гъэм илъэсипщI хъуауэ лажьэ школым ди хэкуэгъу цIэрыIуэ Депуев Хаким Сафар и къуэм и цIэр зэрызэрихьэр, абы и гъащIэр Хэкум тыхь зэрыхуищIар, и пщIэр зэриIыгъыжар.
- Депуевыр тетащ «ГъащIэр - Хэкум, щIыхьыр - зыми!» къыхуе­джэныгъэм. Сыхуейт фэри ар зыщывмыгъэгъупщэну. Фэ къэвух еджапIэр зытелажьэр аращ - къэралым и тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр хъумэным, ахэр щIэблэм егъэджыным. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир жиIащ: «Нобэ дэтхэнэ зы щIалэ цIыкIуми и щхьэр ихъумэжыфу, къыдалъхуахэмрэ и хэкумрэ къащхьэщыжыфу щытын хуейщ». Мис апхуэдэущ кадет школым к­ъекIуалIэхэри зэрагъасэр. Фи нэхъыбэм мурад ящIащ сыт щыгъуи пщIэ зыхуащIу къекIуэкIа IэщIагъэм - Хэкур хъумэным - я гъащIэр ирапхыну. Адрейхэм нэгъуэщI лэжьыгъэм зыхуагъэсэнущ. Ауэ сыт хуэдэ IэщIагъэ къыхэвмыхами, фыкъыщалъхуа хэкум, республикэм я сэбэп къызыхэкIын ­къалэн вгъэзэщIэну иужь фит. Школым къыщыфхалъхьа хьэ­лым­рэ къыщывбгъэдалъхьа щIэ­ныгъэмрэ къызэрыф­хуэсэбэ­пынур си фIэщ мэхъу зыхуэвгъэувыжа мурадхэр зэвгъэхъулIэнымкIэ. Нобэрей махуэр балигъ гъа­щIэм фыщыхэбакъуэ дакъикъэ угъурлы ирехъу! Сэ шэч къытесхьэркъым фэ Хэкупсэ нэс фызэрыхъунум! - жиIащ Егоровэм.
КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщIым фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ кадет школым и егъэджа­кIуэхэм, сабийхэм я адэ-анэхэм.
Школыр къэзыуххэм ехъуэхъуащ Кульбаев Алан:
- Школым щывгъэкIуа пIалъэ да­хэр и кIэм нэсащ. ДяпэкIэ къыфпэщылъ гъащIэр гъэщIэ­гъуэн куэдкIэ гъэнщIащ. Сыхуейщ а гъуэгуанэр кIыхьу, бгъуфIэу, нэхуу къыфхущIэкIыну, хэкум фы­хуэпэжу, фыкъызыхэкIар фIыуэ флъагъуу фыпсэуну!
А махуэм фIыщIэ псалъэ куэд щыIуащ мы школым. Макъамэр, къафэр, дэрэжэгъуэр щыкуэд утыкум щIалэхэм щагъэлъэгъуащ кадет школым щызэхалъхьа хабзэхэр.
ХьэщIэхэм зрагъэлъэгъуащ кадет школ-интернат №2-м и Iэхэ­лъахэр, еджапIэ, спорт пэшхэр, зыгъэпсэхупIэхэр.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: