Гугъуехьхэм цIыхубэр зэкъуегъэувэКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ хэтащ Урысейм НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм Урысей Федерацэм и щIыналъэ Iэтащхьэхэм я советым дэлажьэм и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей. ЗэIущIэр нэхъыщхьэу зытеухуауэ щытар щIыналъэхэр граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм зэрадэлажьэ щIыкIэрщ. Лавров Сергей жиIащ: «Фэ фолъагъу США-мрэ абы и телъхьэхэмрэ Урысейр сыт и лъэныкъуэкIи къызэрырагъэкIуэтыну Iэмал псори къызэрагъэсэбэпыр – экономикэм зэран хуэхъу санкцэхэм къыщыщIэдзауэ Интернетыр я тегъэщIапIэу хъыбар нэпцIхэр зэрыхаутIыпщхьэм щыщIэкIыжу. КъухьэпIэм и къэрал куэдыр урыс лъэпкъым бий къыхуащIащ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ щытыкIэр правительствэхэми даIыгъ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ Путин Владимир иубзыхуа политикэмкIэ цIыхубэр зэрыарэзыр, абы и унафэр Урысейм и политикэ къару нэхъыщхьэхэми жылагъуэ, хьэрычэт зэгухьэныгъэхэми къызэрыдаIыгъыр. Къэралым щызэкъуоувэ къару узыншэхэр, хэкупсэхэр».
Поделиться:
Читать также:
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
13.04.2024 - 11:18 →
Дзэм ираджэнухэр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|