Пшыналъэр зымыгъэбгъунлъа ПащIэ Бэчмырзэ

ПащIэ Бэчмырзэ Къылышбийхьэблэ, иужькIэ Нартан зыфIащыжам, 1854 гъэм къыщалъхуащ.

ПащIэр дунейм тетыху, хуемыгъэхыу гукъеуитI иIащ: щIэныгъэ ирикъу, нэс зэримыIамрэ и усыгъэхэр зэуIуу тедзауэ зэримылъагъумрэ.

И ныбжьыр илъэс пщыкIутI щыхъуам, Бэчмырзэ зы хъуэпсапIэр къехъулIащ, тхылъ еджэкIэ зригъэщIэн папщIэ, и хьэблэгъу Лъеиншэ Мысост иратащ.

Iустаз хуэхъуа зэщхьэгъусэхэм я деж куэд къыщищIащ щIэныгъэм, еджэным зи нэр къыхуикI, абы хуэпабгъэ щIалэ набдзэгубдзаплъэм. ПащIэ Бэчмырзэ хьэрыпыбзэкIэ къеджэфу, тхэфу езыгъэсар Лъеиншэ Мысост и унэгуащэ Лухъанщ. Абы къыдэкIуэу къэгъэлъэгъуэн хуейщ ПащIэ Бэчмырзэ езыр-езыру зэреджэжар, и щIэныгъэм хигъахъуэ зэпыту къызэрекIуэкIар.

ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зыгъэIуар, къыдэзыхар, и лъэр зыгъэувар езым макъамэ зыщIилъхьа уэрэд-гъыбзэхэрщ. ЛъэIукIэ, пщIэкIэ, хьэтыркIэ усакIуэм зэхилъхьа гъыбзэхэр, уэрэдхэр цIыхухэм гунэс ящыхъурти, гукIэ зрагъащIэрт, зым адрейм жриIэрт. Нобэр къыздэсым цIыхухэм ящымыгъупщауэ къадокIуэкI «Сосрыкъуэ и гъыбзэр», «Къэрэшей и гъыбзэр», «Алихъан и гъыбзэр», «Нэгъуей и гъыбзэр», нэгъуэщIхэри.

Бэчмырзэ хуейт и усыгъэхэр нэхъыбэм зэхахыну, тхылъымпIэм иту илъагъуну. Егупсысырт зэхилъхьэ уэрэдхэр, гъыбзэхэр гъэнэхуа зэрыхъуну щIыкIэм – хьэрып хьэрфхэр къигъэсэбэпурэ, алфавит зэхилъхьащ. Зыгуэрхэр зэран къыхуэмыхъун мурадкIэ, Бэчмырзэ я хадапхэм декIуэкI къуэкIийм («Жэмыжьыкъуэ») и бжьэпэм щIыунэ щищIащ, езыр щыпсэуну, щылэжьэну. А щIыунэрщ усакIуэм алфавит щызэхигъэувар, и усыгъэхэм я нэхъыбапIэр къыщигъэщIар.

Хьэрып алыфбейр зи лъабжьэ азбукэ щызэхилъхьэм, адыгэ макъ зыбжанэм яхуримыкъу хьэрфхэр Бэчмырзэ езым къигупсысащ, хьэрып хьэрфхэм диакритическэ дамыгъэ гуэрхэр щIигъуурэ.

ПащIэм и алфавитыр хьэрф 39-рэ мэхъу. Бэчмырзэ хьэрып алфавит къигъэсэбэпурэ итха усыгъэм къеджэф щыIа дэнэ къэна, атIэ ахэр зэзыдзэкIыф къыкъуэкIащ. Апхуэдэт куржы щIэныгъэлI Джанашиа Симон, ди ЩоджэнцIыку Алий сымэ.

Хамэ къэралхэм, къапщтэмэ, Тыркум, Iэпхъуа адыгэхэм я Iуэху зэрыщыт зригъэщIэну Бэчмырзэ пщэрылъ зыщищIыжри ежьат.

Бэчмырзэ Тыркум зэрыкIуар абы и ныбжьэгъу Чэлимэт Хьэжумар мыпхуэдэу къиIуэтэжащ: «ИстамбылакIуэм и зэмант. Жылэр зэрызехьэрт Истамбыл икIыжыну. Къуажэ сходым къоувэри, Бэчмырзэ мыр къепсэлъ: «ФымыпIейтей, фи пIэм фис, сэ къэсщIэнщ Тыркум щыIэ псэукIэр зыхуэдэр».

Бэчмырзэ Тыркум щIэкIуар жылагъуэ Iуэхути, зэрыщыIа зэман мащIэм хузэфIэкIащ куэд къицIыхун, хэхэс хъуа и хэкуэгъухэм я псэукIэм гъунэгъуу нэIуасэ зыхуищIын. Дэнэ лъэныкъуэкIэ зигъэзами, Бэчмырзэ игу къыщIэзыубыдэн илъэгъуакъым.

УсакIуэм Тыркум щилъэгъуамкIэ арэзы мыхъуу, СириемкIэ иунэтIащ, ар псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм «яшх», «я дуней», «я натIэм къритха» зэхихуну.  Бэчмырзэ и усэ куэд гукIэ зыхъума Чэлимэт Хьэжумар щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «адыгэхэр Тыркум кIуэныр Бэчмырзэ и фIыгъэкIэ нэхъ мащIэ хъуащ, ауэрэ щагъэтыпащ».

ПсэукIэщIэм и джакIуэ ПащIэм къуажэхэр къызэхикIухьырт, псори и нэкIэ зригъэлъагъумэ фIэфIт: ар я хьэщIэ лъапIэт гъэмахуэри щIымахуэри зэлъэзыгъэIэсу губгъуэм ит Iэщыхъуэхэм, щIым телэжьыхьхэм, ухуакIуэхэм, егъэджакIуэхэм.

Жэмыхьэтым, жылэхэм, хэкум щыIэ унафэхэр цIыхубэм яхэгъэIуэныр пщэрылъ зыщызыщIыжа, ар IэнатIэ зыхуэхъуа Бэчмырзэ гуапэу дэни щрагъэблагъэрт. Зеикъуэ дэсхэм усакIуэм хуащI щIыхьым, къилэжьа пщIэм и дамыгъэу, 1930 гъэм ПащIэм къратыгъащ жып сыхьэт.

Зи Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяуэ псэукIэщIэм хэлэжьыхьа Бэчмырзэ гулъытэншэ хъуакъым – I93I гъэм щытхъу тхылъкIэ и цIэ къраIуащ.

ПащIэ Бэчмырзэ IуэрыIуатэр зыхилъхьэ щыIэтэкъым. IуэрыIуатэ теплъэгъуэхэм ящыщу нэхъыфIу илъагъур уэрэдымрэ псалъэжьхэмрэт. Архивым къыхэдгъуэтэжа тхыгъэм итщ: «Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ областым цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэр щIолъэIу ПащIэ Бэчмырзэ Машэ и къуэм, мы справкэр зэттым (псысэхэр, таурыхъхэр, Iэрытххэр зэхуэзыхьэсыжым), иригъэкIуэкI лэжьыгъэмкIэ дэIэпыкъуэгъу фыкъыхуэхъуну, абы Къбэрдейм, Балъкъэрым я псэукIэу щытам теухуа тхыдэ материалхэр зэрызэхуихьэсыжым папщIэ». А тхылъыр ПащIэ Бэчмырзэ къыщратар 1928 гъэрщ.

Гугъэ дахэхэр зиIа Бэчмырзэ, и «дыщэ пхъуантэр» зэтрихын хунэмысауэ, 1936 гъэм мазаем и 20-м дунейм ехыжащ.  Апхуэдэу ункIыфIащ адыгэ литературэм и нэхущ вагъуэр, зи пшыналъэр мыбгъунлъэу, къызыхэкIа лъэпкъым гурэ псэкIэ хуэлэжьар.

Дэтхэнэ тхакIуэми усакIуэми я хъуэпсапIэр я IэдакъэщIэкIхэр къыдэкIыу цIыхухэр абы къеджэнырщ. Бэчмырзэ лIэри илъэсих дэкIа нэужь, абы и усыгъэхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи щIэх-щIэхыурэ газетхэм къытрадзэ, тхылъ щхьэхуэуи къыдэкI хъуащ.

ПЩЫБИЙ Инал.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ