ХъуэпсапIэр нахуапIэ зыщI

Балигъ хъууэ, унагъуэ зыухуэу бын зыгъуэта дэтхэнэ цIыхуми гъащIэм щиIэфыну насыпыр, и хъуэпсапIэ псори и жьэгу пащхьэм ирепх. Ауэ егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыхахэм я апхуэдэ гуращэхэм гуэхыпIэ имыIэу щIагъу нэгъуэщI зы хъуэпсапIи - бын пэлъытэ яхуэхъу  сабий цIыкIухэм я текIуэныгъэ, ехъулIэныгъэ ялъагъуныр абыхэм я дежкIэ фIыгъуэшхуэщ. Апхуэдэ си гупсысэхэр нэхъри щIигъэбыдащ зи гугъу фхуэсщIыну егъэджакIуэм бгъэдэлъ Iуэху  зехьэкIэ дахэм.  

Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Апэжыхь Iэминат Азэрбий и пхъур и IэнатIэм зэрыпэрытрэ илъэс 30-м щIигъуащ. А зэманым къриубыдэу Iэминат зэи къыхуихуакъым къыхиха и IэщIагъэ хьэлэмэтым щыхущIегъуэжа.

- СызэрыцIыкIурэ ди анэдэлъхубзэр фIыуэ слъагъуу сыкъэхъуащ. Абы и лъабжьэр ди унагъуэм пщIэшхуэ зэрыщиIэрт, - и IэщIагъэр къыхиха зэрыхъуам топсэлъыхьыж Апэжыхьыр. - АдыгэбзэмкIэ къыдэкI ди газет закъуэр - «Адыгэ псалъэр» (абы щыгъуэм «Ленин гъуэгур») - къаIэрыхьэу абы ит хъыбархэмкIэ зэдэгуэшэным хуэпIащIэрт ди унагъуэри ди гъунэгъухэри. Дэ, сабийхэри, апхуэдэ щытыкIэм дыщIапIыкIати, анэдэлъхубзэр ди псэм хэлът.

Школ кIуэгъуэ ныбжьым нэса нэужь, Iэминат адыгэбзэм хуиIэ лъагъуныгъэр зыкIи нэхъ кIащхъэ хъуакъым. Анзорей дэт курыт школ №2-м адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ ар щезыгъэджа СэвкIуий (Безыр) ШэIимэт егъэджакIуэ IэщIагъэм къыхуалъхуа жыхуаIэм хуэдэт, абы зэчиишхуэ хузиIэ цIыхут.

- ФIагъыу бгъэдэлъ псомкIи къыддэгуэшащ ШэIимэт, гъуэгугъэлъагъуи тхуэхъуащ. ЗыкъомкIэ аращ зи фIыщIэр адыгэбзэр, лъэпкъ литературэр нэхъ куууэ джыным сызэрытегушхуар, - жеIэ Iэминат.

Курыт еджапIэр фIы дэдэу къэзыуха адыгэ пщащэ цIыкIур КъБКъУ-м и студент нэхъыфIхэм хабжэу илъэси 5-кIэ щеджащ абы и тхыдэ-филологие факультетым. IэщIагъэ зэрызригъэгъуэтам щыхьэт техъуэ дипломыр къызэрыIэрыхьэжу, лъэпощхьэпо лъэпкъ хэмылъу лэжьыгъэ IэнатIи къигъуэтащ. ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэм гуапэу къыIущIащ Лэскэн ЕтIуанэм дэт курыт школым и лэжьакIуэ гупыр. А лъэхъэнэр игу къыщигъэкIыжкIэ, Iэминат псом япэ зи цIэ къриIуэр абы щыгъуэ школ директору щыта Тхьэзэплъ Неллэщ. Зи лэжьыгъэм япэ лъэбакъуэхэр щызыч егъэджакIуэм унафэщI щыпкъэр сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуащ,  чэнджэщ щхьэпэхэр, ущие Iущхэр къриту. Мы еджапIэращ Апэжыхьым япэ ехъулIэныгъэр щызыIэригъэхьари, лэжьыгъэм нэхъри тезыгъэгушхуэ япэ фIыщIэ, щытхъу псалъэхэр къыщыхужаIари. Лэскэн ЕтIуанэм зэрыщыIа илъэси 5-м къриубыдэу Iэминат егъэджакIуэфI хъуащ.  ИужькIэ и  лэжьыгъэм щыпищащ  Нарткъалэ курыт школ №2-м. IуэхущIафэ дахэхэмкIэ цIэрыIуэ еджапIэм и гупым щIэхыу яхэзэгъащ Апэжыхьыр икIи абы и пщIэр нэхъри зэриIэтыным хущIэкъуу и къалэнхэм яужь ихьащ.

 Куэд дэмыкIыу абы и гъэсэнхэр район, республикэ зэхьэзэхуэхэм я утыкум къихьэрэ я ехъулIэныгъэмкIэ я егъэджакIуэр ягъэгуфIэу хуежьащ. Iэминат ящыщщ  «Си бзэ, си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм япэ дыдэу хыхьахэм. Абы жыджэру зэрыхэтам папщIэ, егъэджакIуэм къыхуагъэфэщауэ щытащ «Адыгэ псалъэм», Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр, тыгъэ лъапIэхэри ящIыгъуу.   Иужьрей зэпеуэм егъэджакIуэ Iэзэм хуигъэхьэзыра докладыр нэхъыфI дыдэу къалъытащ, абы и гъэсэнхэм ящыщ зым  Аруан щIыналъэм япэ увыпIэр, республикэм ещанэр къыщихьащ. Апхуэдэу Апэжыхьым и еджакIуэщ ШколакIуэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр зыхуагъэфэщари.

- Си еджакIуэхэм срогушхуэ.   А ныбжьыщIэхэм яхэтщ куэд зыхузэфIэкIыну сызыщыгугъхэр.  Iэмал имыIэу ахэр псори адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ хъун хуейуэ аракъым - щалъхуа я щIыналъэм и цIэр фIыкIэ ягъэIумэ, абы и зыужьыныгъэм гурэ псэкIэ хуэлажьэмэ, ар си дежкIэ ехъулIэныгъэшхуэщ, - и гурылъхэр къеIуатэ Апэжыхьым. - Адэ-анэ псоми я хъуэпсапIэхэр я унагъуэхэм, я бынхэм ирапх, сэ абыхэм гъусэ яхузощI си гъэсэн цIыкIухэм сазэрыхуэхъуапсэри.

Апэжыхьым и лъэр жан зыщIыр и нобэрей еджакIуэхэм яIэ ехъулIэныгъэхэм я закъуэкъым. Апхуэдэу ар ирогушхуэ икIи иропагэ и нэIэ тету балигъ гъащIэм хыхьауэ щхьэж и лъагъуэ щыпхызыш и гъэсэнхэм.  Апхуэдэщ Апэжыхьым и лъэужьым ирикIуэхэу Шагъыр Риммэ, АфIэунэ Эллэ, Шыбзыхъуэ Джульеттэ, Тэрчокъуэ Оксанэ, нэгъуэщIхэри.    ЕгъэджакIуэ  гумызагъэр илъэс кеуэдкIэ лэжьащ школым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу. Ар я ущиякIуэщ икIи я чэнджэщэгъущ  егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм.

Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм   хьэлэлу пэрыт Iэминат унэгуащэ IэкIуэлъакIуэщ, анэ гумащIэщ, анэшху  э IэфIщ. Абы и ехъулIэныгъэхэм щогуфIыкI и щхьэгъусэ Вэрыкъуэ Хьэжсуф, и бынхэу Астемыррэ Iэсиятрэ. Астемыр дыщэ медалкIэ курыт еджапIэр къиуха нэужь, КъБКъУ-м и экономикэ  факультетым щеджащ. Иджыпсту и IэщIагъэм иролажьэ. Унагъуэ дахи хъуащ. Iэсият Самарэ дэт медицинэ университетыр къиухауэ цIыхубз дохутыру Налшык щолажьэ.  

  Адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнум фIыкIэ хуэлажьэ бзылъхугъэ щыпкъэм ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэну, и хъуэпсапIэхэм лъэIэсыну ди гуапэщ.

 

 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: