Лъэпщрэ Тхьэгъэлэджрэ я баз

Зы гъатхэ гуэру, вэгъуэ зэманыр къыщысым, Тхьэгъэлэдж Лъэпщ деж кIуащ, фIэбз иригъэщIыну.
Лъэпщ апхуэдизу гъукIэ Iэзэти, «гъущIым и тхьэ» хужаIэрт». Апхуэдэу къызэрыхужаIэри и напщIэ телът.
ЗэныбжьэгъуитIыр уэршэру здэщысым, Лъэпщ и щхьэ щытхъужу жиIащ:
Пшахъуэ тезмыкIутэу гъущI згъэжьэнщи, фIэбз пхуэсщIынщ.
- ПщIынкъым, - и фIэщ хъуакъым Тхьэгъэлэдж.
- СщIынщ, - жиIащ Лъэпщ.
- АтIэ, уэ пшахъуэ тумыкIутэу гъущI бгъажьэу щытмэ, сэ жылэ тезмысэу мэш хьэсэ бэв къэзгъэкIынщ, - жиIащ Тхьэгъэлэдж.
Арыххэу, зэныбжьэгъуитIыр баз зэпихьащ, Iэгу-лъэгу зэхуеуэри, зэбгъэдэкIыжащ.
Лъэпщ и щхьэ щытхъужу апхуэдэу жиIа щхьэкIэ, щIегъуэжащ. Сыт хуэдизрэ мыгупсысами, пшахъуэ тримыкIутэу гъущI игъэжьа зэрыхъунур къыхуэщIэртэкъым. Лъэпщ абы иригузавэ хъуащ.
И лIыр зэрынэщхъейм фызым гу лъитэри, «Сыт щхьэгъусэр апхуэдизу ухэзыгъаплъэр?! – жиIэри къеупщIащ.
- ДелагъэкIэ си ныбжьэгъум баз сыпихьа хъуащ. Пшахъуэ тезмыкIутэу гъущI згъажьэу фIэбз хуэсщIыну езухылIащ, - жиIащ Лъэпщ.
- Езым сыт къуиухылIар? – щIэупщIащ щхьэгъусэр.
- Езым къызиухылIар игъащIэкIэ хузэфIэмыкIынщ. Жылэ тримысэу мэш хьэсэ бэв къигъэкIыну баз къыспихьащ.
- АтIэ, абы уримыгузавэ, лIы, базыр уэ къэпхьагъэххэщ. Сэ сынэкIуэнщи шэдыбжьым сепщэнщ, уэ узэрылажьэ хабзэу лъащэ, пшахъуи тумыкIутэ. Уи гъущIри абы щхьэкIэ нэхъыкIэ хъунукъым, - жиIащ фызым.
Лъэпщ къэгуфIэжри и ныбжьэгъум хуиIуэхуащ:
- КъакIуэ, пшахъуэ тезмыкIутэу фIэбз зэрыпхуэсщIым уеплъынумэ, - жиIэри.
Тхьэгъэлэдж къэкIуащ. Лъэпщ и ныбжьэгъур кIыщым щIишэри, псори хуиту плъагъуу, игъэтIысащ.
Лъэпщ и фызыр къакIуэри, шэдыбжьым епщэу къэуващ. Лъэпщ зэрылъащэ и хабзэм хуэдэу, ауэ пшахъуэ тримыкIутэу лажьэурэ, гъущIри игъэжьащ, фIэбзри ищIащ.
- Уи фIэщ хъуа, си ныбжьэгъу, сэ сызэрыгъукIэ Iэзэр? – жиIащ Лъэпщ.
- хъуащ, си ныбжьэгъу, сэри баз сызэрыппихьар уи нэгу щIэзгъэкIыну узогъэгугъэ!
Апхуэдэу Тхьэгъэлэдж жиIэри, фIэбзыр ихьри кIуэжащ.
Лъэпщ къэхъуа къыгурымыIуэу и фызым еупщIащ:
- Дауэ плъэкIа пшахъуэ тезмыкIутэу гъущIыр сыбгъэгъэжьэн?
- Ар мыращ уэзыгъэгъэжьар! – жиIэри пшахъуэр и IэщхьитIым къригъэлъэлъыжащ. – Сэ шэдыбжьым сыщепщэм, мащIэурэ тIуми фымылъагъуу пхутезгъэщэщащ.
- Сэ ар сигу къэкIынутэкъым. Фызым хузэфIэмыкIын щыIэкъым! – жиIащ Лъэпщ.
ВакIуэ дэкIыгъуэр къыщысым, Тхьэгъэлэдж и ныбжьэгъужьым хуиIуэхури къишащ. Губгъуэм дишри игъащIэ лъандэрэ мэш зэрызэрашэ гъуэгужьым ишащ,
     Жылэ тримысэу гъуэгущхьитIыр ивэри, бжьыхьэм мэш бэв кърихьэлIащ.

КъардэнгъущI Зырамыку.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ