Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и жылагъуэхэм щыпсэухэм газыр щIэшэным хуэгъэзауэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэ етынымкIэ республикэ штабым и IуэхукIэ» 2022 гъэм мазаем и I6-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къыдигъэкIа унафэм, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и жылагъуэхэм газыр щIэшэным зыщегъэубгъунымкIэ республикэ штабым, а унафэ дыдэмкIэ къащтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) унафэм и псалъащхьэр хэгъэкIын;
б) республикэ штабым:
хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Гаглоев А.А.- «Газпром» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и 3I3-нэ департаментым и унафэщIым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
Гордиенкэ Р.В.- «Газпром» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и 3I3/5-нэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
Къумахуэ А.В. - Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ);
къыхэгъэкIыжын Подмарков А. Б., Пщыншэ Къ. Хь. сымэ.
2. Мы унафэм къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м
№59-РГ

 

Поделиться: