ЯхузэфIэкI псомкIи зыщIагъакъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщIадзэжынущ гъущIхэкI­хэм ящыщу нэхъ гъуэтыгъуей дыдэхэм хабжэ молибден, ­вольфрам, литий, бериллий хуэ­дэхэр щIы щIагъым къы­щIэхыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм. 

УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максим, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, «Кавказ. РФ» зэгухьэныгъэм (корпорацэм) и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн сымэ, технологие лъагэм къыщагъэсэбэп продукцэр къы­щIэгъэкIынымкIэ, экспортым хуэгъэхьэзырынымкIэ «Ростех» къэрал корпорацэм и лIыкIуэ­хэр я гъусэу, тепсэлъыхьащ Тырныауз къалэм и Iэгъуэблагъэм зи гугъу тщIа гъущIхэкIхэм хуэдэхэр къыщыщIэзыхыу щыIа комбинатым и лэжьыгъэр егъэжьэжыным хуэгъэзауэ щыIэ хэкIыпIэхэр зыхуэдэм. 
Решетников Максим къы­зэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ УФ-м и Президентымрэ и Правительствэмрэ зытепсэлъыхь проектым теухуауэ дэIэпы­къуныгъэ нэхъыщхьэу хагъэу­нэхукIахэр зыхуэдэм. 
«ПредприятэщIэм зэрипхынущ Кавказ Ищхъэрэ феде­ральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэу Къэбэрдей-Балъкъэрым­рэ Ставрополь краймрэ. Иужь­рейращ, зэрытщIэщи, зэрытыр Тырныауз къыщыщIах пцIийм къыдэхуэну концентратхэм щелэжьыж гидрометаллург ­заводыр здэщыIэ Невинно­мысск къалэр. Ауэ щыхъукIи, Бахъсэн и псыхъуащхьэхэм къыщыунэхужыну комбинатыщIэм и мыхьэнэр а Iуэху­гъуэм нэхъри иIэтынущ. Абы къалитIыр зэрызэпищIэнум и мызакъуэу, щIыналъитIым я экономикэми зригъэужьынущ, лэжьакIуэщIэу къыщащтэнухэми я бжыгъэм хригъэгъэхъуэнущ, - къыхигъэщащ Решетников Максим.
Проектым и гъэзэщIэныр и пщэ далъхьащ «Ростех» къэрал корпорацэм хыхьэ «Iуащхьэмахуэ гъущIхэкI» («Эльбрусметалл») АО-м. Мы зэманым ­УФ-м и Правительствэм щыхоплъэ вольфрамымрэ молибденымрэ къыщIэзых-щелэжьыж предприятэхэм тралъхьэ налогыр гъэмэщIэн зэрыхуейм ехьэлIауэ къыхалъхьа жэрдэ­мым. А Iуэхугъуэр, зэрагугъэмкIэ, проектыщIэм хуабжьу хуэ­щхьэпэнущ, гъущIхэкIхэр зы­щIэлъ гъуэжлау-бгъуэнщIагъ­хэр, текIуадэ щымыIэу, нэхъ езэгъырабгъуу къахутэнымкIи, къыщIахынум тралъхьэну уасэр ягъэмэщIэнымкIи. Мы зэманым ди къэралым вольфрамым щелэжьыж комбинатхэр здэщыIэр Приморскэ, Забай­кальскэ, Хабаровскэ крайхэм­-рэ Бурят Республикэмрэ я за­къуэщ. Молибденым дытеп­сэлъыхьмэ, Хакасие Республикэмрэ Забайкальскэ крайм­рэщ», - къыхигъэщащ Ростехым и лIыкIуэм, зэIущIа лIыщхьэхэр Тырныауз къалэ къыщызэ­Iуахыжыну зыхуамурад комбинатым щыкIуам.
«Ди республикэм и бгылъэ щIыпIэхэм пцIийхэкIхэр къы­щыщIэхыным щыщIыдодзэж Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и унафэм тету. Ауэ щыхъукIи, Тырныауз къалэ къыщыунэхуж комбинатыщIэр щытынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ предприятэхэм ящыщ зыуэ. ЛэжьапIэщIэу щэ бжыгъэхэр къызэрыдитынум и мызакъуэу, абы республикэм и бюджетми хэпщIыкIыу хигъэхъуэнущ. Ди мурадщ мылъкушхуэ зыхалъ­хьэну проектыщIэр гъащIэм щыщ Iыхьэ хъунымкIэ тху­зэфIэкI псомкIи зыщIэдгъэ­къуэну», - жиIащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 
Зи гугъу тщIы зэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, проекты­щIэм, псори зэхэту, сом мелард 55-м нэблагъэ халъхьэнущ. Абы и фIыгъэкIэ Тырныауз, Невыномысск къалэхэм лэжьапIэщIэу 900-м нэс къыщыунэ­хунущ. Производствэм ехьэлIа япэ «къудамэхэм» лэжьэн щIрагъэдзэнущ 2023 гъэм и кIэухым - 2024 гъэм и пэщIэ­дзэхэм ирихьэлIэу. 

АНЗОРЫКЪУЭ Аслъэмырзэ.
Поделиться: