ДзыгъуитI

(Абхъаз таурыхъ)
«Унэ къэс и дзыгъуэ иIэжщ»,-жаIэ, икIи пэжу къыщIэкIынущ. Апхуэдэу, зэгуэрым унагъуэ дзыгъуэрэ губгъуэ дзыгъуэмрэ зэрихьэлIат. ЗэрыцIыхуа иужь, унагъуэ дзыгъуэр еупщIащ и «лъэпкъэгъур» зэрышхэмрэ щышхэмкIэ. 
- Сэ сшхын къызолыж, - жиIащ губгъуэ дзыгъуэм. – Мэзым ерыскъыр щыкуэдщ, пхузэхуэхьэс къудеймэ. Жыг гъуанэм сыщопсэу, жыг щIагым гъуэ щысщIауэ, щIымахуэм сшхынухэр абы щызохъумэ.
 -Уэ слъагъум пшхыи щымыIэ! – жеIэ унагъуэ дзыгъуэм зигъэпагэу. - Лэжьыгъэмрэ Iуэху щIэнымрэ укъыдэхуэкъым. Арагъэнщ фэ щIагъуэ щIыптемытри. Сэ къалэм сыщопсэури абы унэу, тыкуэну, шхын хъумапIэу дэтыр сысейщ. Хьэзыр псоми сыхэсщ, пщэдей сыт сшхыну жысIэркъым. Ауэ сфIэгъэщIэгъуэн хъуащи, уи псэупIэм сеплъынт, уи шхыныгъуэхэми сахэплъэнт…
 Арати, губгъуэ дзыгъуэм унагъуэ дзыгъуэр и деж ишэри, къанэ щымыIэу и гъэтIылъыгъэхэр иригъэлъэгъуащ.
-Хъарзынэщ, пшхын бгъуэт хуэдэщ, ауэ уи ныбэ изу зэи умышхэу къысщохъу, - жеIэ къалэ дзыгъуэм. - НакIуэ си деж, къэуат зыщIэлъ шхыныр зищIысыр къозгъэщIэнщ.
Абы зэрызигъэщIагъуэр и жагъуэ хъуами, зыкъримыгъащIэу, къалэдэсхэм я псэукIэр зригъэщIэну и деж кIуащ. 
-Сэ щIыпIитIым сыщопсэу: щIымахуэм хуабэу унэлъэгу лъабжьэм, гъэмахуэм унащхьэм сыщыIэщ. Абы мэлыл фIадзэурэ щагъэгъу, нэгъуэщI гъэтIылъыгъэ Iэджи щахъумэри, сыщотхъэж. КъищынэмыщIауэ, пщэфIапIэм щIэт сырэхэри сэращ зейр. Абы сыт хуэдиз фIыгъуэ дэлъ… А псом яужь унэгуащэм и бастейхэмкIэ си зэш тызогъэу, итIанэ алэрыбгъухэм сыщоджэгу. Сыт хуэдиз алэрыбгъу сиIэ сэ!. Уэ тхьэмыщкIэжьым тхьэмпэ гъущэ къэплъыхъуэурэ узекIуэ къыщIэкIынщ?- жиIэрт унагъуэ дзыгъуэм адрейм и тхьэмыщкIагъэр ириIуэкIыу.
 - Ди мэзым щIэт хьэуар, бзухэм я макъ жьыгъырур сыт и уасэ?!- нэгъуэщI пидзыжын имыгъуэту къытригъэзэжыурэ жиIэрт губгъуэ дзыгъуэм. 
-Хэт и бзу! Дэ уэрэджыIакIуэхэм зы уэрэдхэр къыжаIэри, бзухэр зыщигъэукIытэжынт, зэхахамэ, - икIуэткъым мыдрейри. 
Апхуэдэу псалъэурэ унащхьэм дэкIуеящ, унагъуэм щIымахуэм ягъэхьэзыра фIыгъуэ псом щыщи иригъэшхащ и хьэщIэм. Апхуэдиз ерыскъы зылъэгъуа хьэщIэр зытеукIытыхьыжати, ишхри илъагъужыртэкъым.
- Уи ныбэ из хъуамэ, накIуэ иджы апхуэдиз фIыгъуэр схуэзыгъэтIылъ цIыхухэм я псэукIэр уэзгъэлъагъунщ,- жиIэри и хьэщIэр иришэжьащ.
Унащхьэм иIэ бгыкъум къытетIысхьауэ къоплъых. 
Жьэгу хуабэм деж джэдуужьыр утIэрэбгъуу щылът. Губгъуэ дзыгъуэм зэи джэду илъэгъуатэкъыми, ар зищIысымкIэ щIоупщIэ.
Бзаджагъэ хуекIуэну мурад зыщIа унагъуэ дзыгъуэр йогупсыс: «Мы тхьэмыщкIэр згъэкIуэдкIи хэт къыщIэупщIэн, абы и фIыгъуэхэри сэ зыIэрызгъэхьэнщи, сыщыхуейм мэзым, сыхущIегъуэжым унэм сыщыпсэунщ».
-Ари? Ар си анэжьращ, мафIэм зрегъэури щылъщ, - жи.
-Сэлам есхын хуейкъэ? Фи дежкIэ дапхуэдэу сэлам зэрах хабзэр?- гузавэу щIоупщIэ хьэщIэр.
  - «Сэлам» - жыпIэнурэ утелъэнущ. Ар сытым хуэдэу къыпщыгуфIыкIыну езыр, - жиIащ дзыгъуэ хьилэшым.
Абы зэрыжиIам тету, губгъуэ дзыгъуэр елъэу джэдум и пащхьэм къыщихутэм сэлам ирихащ. Джэдум илъэгъуар зэригъэщIэгъуэнур имыщIэу къеплъащ. Унагъуэ дзыгъуэм ар щилъагъум хуэмышэчыу дыхьэшхын щIидзащ. Ар тхъум къыхэпщыжа къудейуэ и лъакъуэ цIыкIухэр цIантхъуэрти, зытес бгыкъур хуэмыIыгъыу къехуэхащ. Джэдум и пащхьэм къыщехуэха дзыгъуэ пшэрыр щилъагъум, абы къыкIэрих тхъумэ гуакIуэр къыщыщIихьэм, хуэмышэчыу зридзри ишхащ.
Губгъуэ дзыгъуэр гужьейщ, бжэм иIэ дамэдазэм дэпщри, къыщIэпхъуэжащ. 
ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: