Тэрч щIалэхэр япэ итщ

 Мэкъуауэгъуэм и 9-м Туапсе пэгъунэгъу Небуг къуажэм щекIуэкIащ «Урыс тенджыз кубок» зыфIаща ныбжьыщIэхэм я топджэгу зэпеуэ. 

 Бэлэтокъуэ Марат зи унафэщI «Тэрч» топджэгу клубым зи гугъу тщIы зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ. 5: 0 –у джылахъстэней щIалэхэм хагъэщIащ Армавир къикIа командэр. 
 «ЗэIущIэ гугъу дыдэм ди щIалэ цIыкIухэм «Тэрч» топджэгу гупыр къащытекIуэри, етIуанэ увыпIэр къахьащ», - дыкъыщоджэ Армавир щыщ ди топджэгухэм я хьэрхуэрэгъухэм «Вконтакте» зэпыщIапIэм щаIыгъ напэкIуэцIым. 
 Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Тэрч»-р щIышылэми хэтащ Туапсе щекIуэкIауэ щыта «Урыс тенджызым и кубок» топджэгу зэхьэзэхуэм. Ауэ абы щыгъуэ къахьар етIуанэ увыпIэрт. Иджы бжьыпэр зэраубыдамкIэ дохъуэхъу. 
 

КЪУДЕЙ Iэминэ.
Поделиться: