Уахэм къыщекIуэкIхэр

Астрофизикхэм гу зэрылъатамкIэ, 2017 гъэм фокIадэм и 22-м ЩIы Хъурейм пхылъэтыкIащ къаруушхуэ зиIэ нейтринэ цIыкIу.
Хуабжьагъышхуэ зиIэу хьэршым къилъэтыкI мэскъалхэм ди планетэр зэпымыууэ «къаудыныхь». Ауэ, а махуэм къахутар и «хьэл-щэнкIэ» адрейхэм ещхьтэкъым.

АтIэми, астрофизикхэм къахуэщIащ абы и къежьэкIэ хъуар. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар къызэрыунэхурэ илъэс меларди 4-м нэблэгъащ. Мэскъалыр къилъэтыкIащ хуабжьу тпэжыжьэ галактикэм.
А къэщIыгъэу вагъуэ гуэрэнышхуэрэ абрагъуэу зэхэтым ику дыдэм «зыщигъэпщкIуащ» астрономие щIэныгъэр фIыуэ зыщыгъуазэ, и гъунэгъуу блэкI псори, здэкIуар къахуэмыщIэу, «думпу» зыщIэзылъафэ, хьэлъагъэ къызэрымыкIуэ зиIэ нэрымылъагъу «мащэ кIыфIым» («чёрная дыра»).
  Адрейхэм яхуэмыдэ
Дызэрыщыгъуазэщи, ди Дыгъэм къедза планетэхэм хабжэ Сатурн уахэм щыдогъуэгурыкIуэ езым нэхърэ нэхъ цIыкIу уафэщIхэр. Абыхэм ящыщ зыр и теплъэкIэ адрейхэм ещхькъым. Ар плъагъунущ и джабэхэр зэхуэмыдэрэ езыр джэдыкIэм хуэдэу хэшауэ, кумб цIыкIухэр и бащэрэ и щхьэфэр къуабэбжьабэу.
Ауэ, итIани, ахэракъым а уафэщI цIыкIум, адрейхэм йомыгъэщхьыну, къыщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэу иIэр. Хьэршым зыщызыгъазэ а къэщIыгъэм 2005 гъэм цIыху зэрымыс «Кассини» кхъуафэр (зондыр) щыблэлъэтым, наIуэ къэхъуащ абы и гущIыIури, къыщхьэщыт и уафэри малъхъэдис губгъуэу зэрызэщIэузэдар. АтIэми, «Гиперион» зи фIэщыгъэ а уафэщIым зэпымыууэ къызыхиутIыпщыкI электронхэм япкърыт электричествэр сэбэпынагъ гуэри къэзымышэщ.
ТхьэгъухэмкIэ къэухъуреихьыжа псынщIэрыкIуэ
Дыгъэм и хъуреягъкIэ, планетэ зыфIэпщыну, хьэршым къыщызылъэтыхь къэщIыгъэ нэхъ цIыкIухэм ящыщщ «Хаумеа» цIэр зезыхьэри. Абы зыщегъазэ Нептун адэкIэ щыIэ «Койпер и бгырыпхым». Ар Дыгъэм къыпыщIа планетэ псоми я нэхъ псынщIэрыкIуэщ. Абы ехьэлIауэ астрономхэм 20I7 гъэм зихуэдэ щымыIэ нэгъуэщI зы Iуэхугъуи къахутащ: къызэрыщIэкIымкIэ, Хаумеа къыдэгъуэгурыкIуэ спутникыу тIу иIэ къудейкъым, атIэ езыри, Сатурн хуэбгъэдэну, «тхьэгъухэмкIэ» къэухъуреихьыжащ. Абыхэм я зэпрыупIэр километр мини 4,5-м ноблагъэ, дэтхэнэми километр 70-м нызэрыхьэс я Iувагъщ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: