ЛIищ я пщIэ къылъосКъардэнгъущI Зырамыку хуэдэ лIы Iущым, лэжьакIуэ емызэшыжым, щIэныгъэлI щыпкъэм псалъэ гуапэ хужыпIэну къилэжьыртэкъэ?! ИкIи хужаIащ, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэми, тхакIуэ-усакIуэ гъуэзэджэхэми, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэми, къызэрыгуэкI цIыхуу абы и гуащIэм дихьэххэми. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, куэд мэхъу ахэр, къэбгъэсэбэп мыхъуну щIагъуэ яхэмыту. Ауэ, газет напэкIуэцIхэри кIэншэ-щIэншэкъым, аращ кIэщIу, IупщIу, илъэс зэхуэмыдэхэм къыхужаIа, къыхуагъэхьа хъуэхъу тхылъу щыIэхэм зыбжанэ къыхэтхыну мурад щIэтщIар. Фи пащхьэ идолъхьэ ахэр.
КIыщокъуэ Алим: - Адыгэ щэнхабзэм уэ хуэпщIар зыщымыгъупщэн Тхьэм дищI. Уэ пхуэдэлI ди лъахэм исыху, ди насып текIуэнщ, лъапэзэвыпIи дихуэнкъым. КIэрашэ Тембот, Лъостэн Исуф, МэшбащIэ Исхьэкъ (Адыгэ хэку, 1978 гъэ): - Дэ фIыщIэшхуэ пхудощI уэ литературэм щызепхьа, щызепхьэ лIыгъэм щхьэкIэ. Иджыри куэдрэ, куэд дыдэрэ иреIу уи макъ лъэщыр! Уэ уи цIэкIи уи унагъуэм я цIэкIи бжьэ доIэт, щыIэм я нэхъыфIымкIэ дыпхуохъуахъуэ. Мыд Хьэжмусэ: - Пьесэ куэд итхакъым КъардэнгъущIым. Ауэ и къалэмыпэм къыщIэкIар мащIэми я пщIэр, я щIыхьыр инщ. «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» фIэкIа нэгъуэщI имытхами, абы и цIэр фIыкIэ ди лъэпкъ драматургием, ди театр щэнхабзэм я тхыдэм къыхэнэнт. Жанэ Къырымызэ (Адыгэ хэку, 1978 гъэ): - ЛIым и лейуэ, адыгэм я напэр зыгъэдахэу дэ, лъэпкъым, къэтлъытэу, Андемыркъан илъ зыщIэту ди Зырамыку, гъэ мин бжыгъэхэр бгъэщIэну дыпхуохъуахъуэ! Шупашэ Джэудэт (Иордание): - Гуимыхущ уэ уи Iуэху лъагэхэу, лъапIэхэу, гуапэхэу адыгэм яхуэпщIэр, яхуэпщIар. Зы цIыхум и дежкIэ куэдыIуэщ уэ уи къарум къитIасэр. Дэ абы фIыуэ дыщыгъуазэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, махуэ къэс нэкIэ долъагъу дэ ахэр, тхьэкIумэкIэ зэхыдох. Щоджэн Ехья (Израиль, 1990 гъэ): - Си ныбжьэгъу лъапIэ КъардэнгъущI Зырамыку, адыгэ фIэхъус гуапэ узох! «Граммофония» жиIэу тету ди адыгэжьхэм я уэрэдыр зэрыту къысхуебгъэхьар къысIэрыхьащ, Тхьэм уигъэпсэу… Тхьэм гуфIэгъуэ къуит, уи мурадхэр Тхьэм къуигъэхъулIэ. Къущхьэ Догъэн (Тырку): - Зырамыку, уэ жыпIэ уэрэдыжьхэм дэ сыт щыгъуи ди гумрэ ди псэмрэ дыхьэу додаIэ. Сэ солъаIуэ апхуэдэ лэжьыгъэ езыхьэкI щIэныгъэлIхэм адыгэ жылэхэр зэи хуэмыныкъуэну. Нало Заур: - ЛIым сыт и пщIэр? - щыжаIэм, - «ЛIым хузэфIэкI и пщIэщ», - къажриIат Къэзанокъуэ Жэбагъы. Къэбэрдейм зи псалъэ шэч къытрамыхьэжу щытар аракъэ? Жэбагъы жиIам тепщIыхьмэ, КъардэнгъущIым лIищ я пщIэ къылъос: ди литературэм зылI и увыпIэ щеубыд, илэжьам мыхьэнэуэ иIэр къэплъытэмэ; уэрэд гъэIунымкIи цIэрыIуэ куэдым яхузэфIэмыгъэкIа зэфIигъэкIащ; щIэныгъэ IэнатIэу зыпэрытми лIы зэхъуэпсэн щилэжьащ. Бемырзэ Мухьэдин (Къэрэшей-Шэрджэс Республикэ): - Уэ уи макъ щабэ зэпIэзэрытым хузэхалъхьауэ фIэкIа пщIэнукъым, Зырамыку, дэтхэнэ адыгэ уэрэдыжьри. Уэ жыпIэу щIэдэIуа дэтхэнэри игъащIэкIэ яхьэху абыхэм. Къэрмокъуэ Мухьэмэд: - ГъащIэ борэнми щхьэ закъуэ гуауэми Зырамыку япигъэувыфащ жэщи махуи, щхьэхи псэхуи имыIэу адыгэ хэкум, и адыгэ лъэпкъым, и адыгэ культурэм хуэлэжьэныр. Арауэ къызолъытэ и лъэр быдэ, и къарур мыужьых зыщIри. Даур Аслъэн: - Щыпсалъэ къудейкIи Зырамыку и макъамэ музыкэ хуэмэбжьымэхэр хэлъщ… Адыгэ уэрэдыжьхэм я хъыбархэр къыщыжиIэкIэ, абы и макъым хэлъ художественностагъым узыIэпешэ, жиIэм елъытауэ и макъым хэлъ обертонхэр зэрехъуэкI, зэм зэпеш, зэми нэхъ еIэт, итIанэ кърешэхыжри, псалъэхэр нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ къызыкIэлъеутIыпщ… ЖыпIэнуракъэ, моуэ уи нэр уфIыцIи, къыпщыхъунущ адыгэ жьэгужьым упэрысрэ пасэрей лIыхъужьхэм я хъыбар уезыгъэдаIуэ джэгуакIуэм убгъэдэсу…
Поделиться:
Читать также:
27.04.2025 - 12:00 →
Фэеплъ жыгхэр
25.04.2025 - 16:54 →
КъэхутэкIэщIэхэм дызыхуашэр
25.04.2025 - 15:13 →
НОБЭ
24.04.2025 - 12:26 →
НОБЭ
23.04.2025 - 11:08 →
НОБЭ
|