СулътIаным и щхьэгъусиплI

Зы сулътIан гуэрым щхьэгъусиплI иIэт. Псом нэхърэ нэхъыфIу илъагъур еплIанэрт - нэхъ щIалэр, нэхъ бзэ IэфIыр. СулътIаныр абы фэилъхьэгъуэ лъапIэхэмкIэ, дыщэ-дыжьыныгъуэхэмкIэ хуэупсэрт, игъафIэрт.
ФIыуэ илъагъурт абы и ещанэ щхьэгъусэри - ар тхьэIухудт. Хамэ къэралхэм щыкIуэкIэ, сулътIаным арfn здишэр, и дахагъэр игъэлъэгъуэну и нэр къикIыу. Абы щыгъуэми? тегузэвыхьырт зэгуэрым езыр къигъанэу а дахэр нэгъуэщIым и гъусэу щIэпхъэужынкIэ. 
СулътIаным и псэт, и нэт етIуанэ щхьэгъусэри - хьэгъэщагъэхэм фIыуэ хэзыщIыкI, хьилагъ зыхэлъ Iущыцэр. Арат абы нэхъыбэ дыдэу дзыхь зыхуищIыр. Губзыгъэт, гуапэт, шыIэ хэлът. СулътIаныр лъэпощхьэпо Iууамэ, зэчэнджэщыр щхьэгъусэ етIуанэрат. Сыт хуэдэ гугъуехьми хэкIыпIэ къыхуигъуэтыфырт бзылъхугъэм.
Япэ щхьэгъусэр адрейхэм елъытауэ жьыт икIи, и къуэш нэхъыжьыр щылIэм, къыхуэнауэ арат. ЦIыхубзыр и щхьэгъусэм хуэпэжт, и зэфIэкI псори ирихьэлIэрт сулътIанми къэралми я мылъкур хъумэным, гъэбэгъуэным. Абыи емылъытауэ, сулътIаным фIыуэ илъагъуртэкъым и япэ щхьэгъусэр, уеблэмэ езым гурэ псэкIэ ар къызэрыхущытри къыфIэIуэхутэкъым, гулъытэ лъэпкъи хуищIтэкъым.
Зэгуэрым сулътIаныр сымаджэ хьэлъэ хъуащ. Арати, зэгъэпэщауэ зэрыпсэуа псори и нэгу къыщIэувэжри, егупсысащ: «Иджыпсту щхьэгъусиплI сиIэщ, ауэ сылIэмэ, си закъуэу сыкъэнэнущ», - жыхуиIэу. Арати, и еплIанэ щхьэгъусэм еупщIащ:
- Псом нэхърэ нэхъыфIу слъэгъуар уэращ. НэхъыфI дыдэр пхуэсщIащ, гъуджэ къутэным хуэдэу усхъумащ. Иджы, си пIалъэр къыщысым, сыноупщIыну сыхуейт: «Си гъусэу хьэршым унэкIуэфыну?»
- Ар уигу къыумыгъэкIыххэ! - жэуап къитри, щхьэгъусэ еплIанэр IукIыжащ. ЛIым, сэ къыхаIуам хуэдэу, абы и псалъэхэр зыхищIащ.
Нэщхъейуэ сулътIаныр и щхьэгъусэ ещанэм еупщIащ:
- Уи дахагъэр сIэту си гъащIэ псом сыпсэуащ. Иджыпсту, си псэр щыхэкIым, щIы фIыцIэм уныздэкIуэфыну?
- Хьэуэ, - жиIащ щхьэгъусэ ещанэм. - ГъащIэр езыр сыт хуэдэу телъыджэ! Дунейм уехыжмэ, псэгъу зэзгъэгъуэтыжынущ!
СулътIаныр нэхъеижу хэплъащ - иджыри къэс апхуэдизу и гур зэи хэщIатэкъым зы щхьэкIи. Арати, и щхьэгъусэ етIуанэм еупщIащ:
- ДэIэпыкъуэгъу сыхуеймэ, сыт щыгъуи уэращ згъуэтар. Зэпымыууи щIэгъэкъуэн укъысхуэхъуащ, чэнджэщ куэд къызэптащ. Иджы, дунейм сохыжри, гуэныхьхэр ягъэгъуну псэхэр щылъаIуэ лъахэм уныздэкIуэныр пхузэфIэкIыну?
- Си жагъуэ зэрыхъунщи, мы зы гъуэгум сэбэп сыпхуэхъуфынукъым, - къитащ жэуап етIуанэ щхьэгъусэм. - Нэхъыбэ дыдэу пхуэсщIэфынур пщIэ уиIэу ущIэслъхьэжынырщ. 
Абы и жэуапыр щыблэ уа нэхъей зыхихащ сулътIаным. А дакъикъэм зыгуэр къэпсэлъащ:
- Сэ уи гъусэу сынэкIуэнщ. ДэнэкIэ умыгъазэми, и кIэм нэс сыббгъурытынущ!
Макъыр къыщыIуамкIэ сулътIаным зигъазэри, къилъэгъуащ и япэ щхьэгъусэр - гуауэм игъэуэдыкъуа бзылъхугъэр. Асыхьэту сулътIаным къиIущэщащ:
- ЩысхузэфIэкIым щхьэ нэхъыфIу сыпхущымытарэт!
Дэтхэнэ зыми щхьэгъусиплI диIэщ. ЕплIанэр - ди Iэпкълъэпкъращ; зэкIужу далъэгъун щхьэкIэ сыт хуэдиз къаруи зэмани абы тедмыгъэкIуадэми, ар кIуэщIынущ, дунейм дехыжмэ. Ди ещанэ щхьэгъусэр ахъшэрщ, мылъкурщ, лэжьыгъэкIэ дыдэкIуеину, пщIэ диIэну дызэрыпабгъэрщ. ДылIэмэ, ахэри нэгъуэщIхэм я деж екIуэтэкIынущ. Ди етIуанэ щхьэгъусэр - унагъуэмрэ Iыхьлыхэмрэщ. Сыт хуэдиз къытхуамыщIами, нэхъыбэ дыдэу ахэр къызэрыддэIэпыкъужыфынур кхъэм дызэрыщIалъхьэжынырщ.
Ди япэ щхьэгъусэр - псэращ. Тепщэныгъэм, мылъкум, насыпым, гухэхъуэгъуэхэм дыкIэлъыжэурэ куэдрэ Iумпэм тщIырщ. Абы емылъытауэ, псэм и закъуэщ сыт щыгъуи тщIыгъур. Ар гущIэгъу тхэлъу тхъумэмэ, абы зедгъэужьмэ, ди щхьэмкIи дуней псомкIи тыгъэшхуэ пэлъытэщ.
 

ЗэзыдзэкIар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ