Жамырзэ Фелицие :Сызэрыадыгэр дэни щыжызоIэ

Дунейр зытхьэкъуа адыгэ пщащэхэм ящыщщ «20I3 гъэм Австралием и тхьэIухуд» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща Жамырзэ (Джамирзе) Фелицие.
Фелицие къызыхэкIа лIакъуэр япэу Хэкужьым ирахуахэм ящыщщ. Хъыджэбзым жеIэ мы зэманкIэ Австралием щыпсэу адыгэ мащIэм я зэхуэсхэм Iэмал зэриIэкIэ зэрыкIуэр.
 Зэпеуэм хагъэхьэн и пэ, къэпщытакIуэ ткIийхэр хъыджэбз 200-м хэплъэри, къыхахащ Фелицие. «Ахэри сэ схуэдэу зэпеуэм хэтыну щIэхъуэпсырт, ауэ зи насып кърихьэкIар сэращ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт «Австралием и тхьэIухуд — 2013» зэпеуэм дахагъэр щаIэтым и мызакъуэу, псапащIэ къалэни зэригъэзащIэр. Уи дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ цIыхухэм зэрызащIэбгъакъуэм, абыхэм яхуэпщI гулъытэм куэд елъытащ. Уеблэмэ, зэ-тIэу уадэIэпыкъуу щыбгъэтыж хъунукъым, ар зэпымычу ебгъэкIуэкIын хуейуэ къигъэувырт зэпеуэм», — жеIэ пщащэм.
 Жамырзэхэ я пхъум и интервьюхэм я зым щыжеIэ и лэжьыгъэ, ехъулIэныгъэ псоми я щхьэу зэригъэувыр псапэ зыпылъ Iуэхухэр. Абы кърит гупсэхугъуэм хуэдэ нэгъуэщI зыми зэрыщимыгъуэтыр къыхегъэщ. Фелицие зыхэт псапащIэ зэгухьэныгъэм, программэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къыдахьэхыр мылъку зыбгъэдэлъхэр, абыхэм зэхадзэ ахъшэращ псапэ зэращIэри. А IуэхущIапIэм къегъэщIылIа псапэхуэлажьэхэм (волонтёрхэм) а ахъшэмкIэ ерыскъы куэду къащэхури, хуэныкъуэхэм трагуашэ. Абы къищынэмыщIауэ, унагъуэ хуэмыщIахэм нэхъ зыхуэныкъуэхэр хуахь. Балигъ ныбжьым нэмыса сабий гугъусыгъухэм папщIэ щIэх-щIэхыурэ спорт зэхьэзэхуэхэр къызэрагъэпэщ. Фондым и псапэхуэлажьэхэм зи ныбжь хэкIуэтахэм я нэIэ трагъэтщ, абыхэм я Iуэху зытетым щыгъуазэщ, зыхуей хуагъазэ. Ахэр Жор Плъыжь IуэхущIапIэм долажьэ, абыхэм къызэрагъэпэщ дауэдапщэхэм хэтщ, яхузэфIэкI хуащIэу.
 Хэкум, адэжь щIыналъэм теухуауэ гупсысэ гъэщIэгъуэн иIэщ Фелицие: «Ди къуэпсхэм, лъэпкъым и тхыдэм куууэ сыщыгъуазэщ, си адэшхуэмрэ адэмрэ къызжаIэжу щыта хъыбархэм дапщэщи си тхьэкIумэр тегъэхуауэ, сфIэгъэщIэгъуэну седаIуэрт. СедаIуэрти, сыдахьэхырт. Иджы сэ куэдрэ согупсыс икIи сохъуапсэ адэжь щIыналъэм сыкIуэжыну. Ауэ щыхъукIи, ар зэрызэгъэхъулIэгъуейм сегъэнэщхъей. ГъащIэм, дунейм нэхъуеиншэу сазэрыхущытыр, дэнэкIи сынэсу сызэресам, къэралым сызэрыхэсыхьам саутIыпщыркъым, апхуэдэ дыдэу Хэкум ехьэлIа гупсысэхэми саIыгъщ. Арагъэнщ адыгэмэ къызыкIэрих псоми апхуэдизу сащIыхуэнэхъуеиншэр. Псалъэм папщIэ, сэ Австралием щыпсэу адыгэхэм я зэхуэсхэм сыкIуэрейщ, ди лъэпкъэгъухэм сахыхьэн сфIэфIщ. Сытым хуэдэу си гуапэ хъуат «Австралием и тхьэIухуд» сыщыхъуам ахэр къызэрызэхъуэхъуар. Къыхэзгъэщынууи сыхуейт си лъэпкъэгъухэр сытым дежи къыскъуэту, къезгъажьэ Iуэхухэр къыздаIэту зэрыщытыр.
 КъызэрымыкIуэу сегъэгумэщI анэдэлъхубзэр зэрызмыщIэм, сэ зыуэ сохъуапсэри абы срипсэлъэну!.. А бзэ телъыджэр Iурылъу ди щIыналъэм щыбгъуэтынур мащIэ дыдэщ, абы и зэранкIэ бзэр ди деж щыкIуэдыжынкIэ хуэIуа щыIэкъым. Ауэ щыхъукIи, сэ сыадыгэ пщащэщ! Срипагэу дэни щыжызоIэ сызэрыадыгэр, лъэпкъ иным сыкъызэрыхэкIар».
 ЖыпIэнуракъэ, Фелицие адыгэу зыкъилъытэми зыкъимылъытэми сыт фIыгъуэу хэлъыр, ауэ уи гуапэ хъур цIыхум я нэхъыбэр къызыфIэзыгъэщIыж ехъулIэныгъэ иныр зыIэрызыгъэхьар зытет лъагапIэм и щхьэжу и къуэпсхэр зэригъэувырщ, лIакъуэ зыбжанэкIэ Iэбами лъым къыхэна къабзагъырщ. А и ехъулIэныгъэ псом къищынэмыщIауэ, Фелицие щыпсэу къэралым щыжурналист пэрытщ.
 Жамырзэ (Jamirze) унэцIэр Австралием щыцIэрыIуэщ. Унагъуэм я нэхъыжь Ахъмэтэч Адыгейм и къуажэ нэхъыжьхэм ящыщ Пщыхьэлыкъуей къыдэкIащ, и щхьэгъусэр урысщ.
 Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ахэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм гъэру яубыдри, куэд я нэгу щIэкIащ. НэмыцэIуэм къикIыжа иужькIэ Италием, итIанэ Сирием щыпсэу я лъэпкъэгъухэм деж Iэпхъуащ, нэхъ иужькIэ АвстралиемкIэ яунэтIащ.
 Зэщхьэгъусэхэм бын II зэдагъуэтащ (щIалихрэ хъыджэбзитхурэ). Адэ -анэр ящхьэщымытыжми, зэрылъху-зэрыпIыр зэрыIыгъщ, нэхъыжьхэм кърагъэжьа Iуэхур ирагъэфIакIуэ. Унагъуэм я фирмэм и унафэщIыр Александрщ (зэкъуэшхэм я нэхъыжьщ). D‘Jamirze Family Enterprise фирмэ иныр ди къэралым и мызакъуэу, дуней псом щыцIэрыIуэщ, абы зэпыщIэныгъэфIхэр IуэхущIапIэ, цIыху щхьэхуэ куэдым яхуиIэщ.
Зэкъуэшхэр зыбжанэрэ къэралым къэкIуам и мызакъуэу, я къуэпсхэр къыщежьэ Адыгейм щыIащ, АР-м, КъБР-м и Iэтащхьэхэм яхуэзэри зэдэлэжьэну зэгурыIуауэ щытащ.
 Жамырзэхэ псапащIэ Iуэхухэм хуэжыджэрщ, Ермэлым щIыр щыщыхъеям щыгъуэ, сабийхэм куэд дыдэкIэ ядэIэпыкъуащ. Чернобыль гузэвэгъуэшхуэ къыщыщыхъуам, дуней хъурейр зэпызыупщIа «Руслан» кхъухьлъатэм текIуэдэнур езыту хущхъуэхэкIрэ ерыскъыхэкIыу тонн мин 75-рэ къезыгъэшар ди лъэпкъэгъухэрщ. Фелицие и адэ Виктор ди къэралыр гугъуехьым щыхэтым щыгъуэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ мызэ-мытIэу къригъэшащ.
Шэчыншэу, адыгэну хуейм дэнэ щIыпIи адыгагъэ щызэрихьэнущ!

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: