Ди газетым зэрытетащи, Къэбэрдей-Балъкъэрым зегъэужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэIущIэ бадзэуэгъуэм и 13-м Москва щекIуэкIащ. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Псалъэмакъыр теухуауэ щытащ КъБР-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэм пыщIа Iуэхухэм, лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм, экономикэ политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм.
Республикэм и экономи- кэм псынщIэу зегъэужьынымкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ IэнатIэхэм ящыщщ ухуэныгъэр. Путин Владимир а IэнатIэр нэгъабэ нэрылъагъуу зэрефIэкIуамкIэ, - и зэфIэкIым процент 18-кIэ зэрыхэхъуамкIэ - КIуэкIуэ Казбек къехъуэхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ лэжьыгъэхэр иджыри къызэрамыгъэтIасхъэр: иужь-рей илъэсищым къриубыдэу псэупIэу метр зэбгъузэнатIэ мелуан 1,5-м нэблагъэ хьэзыр ящIащ, 2030 гъэм нэсыху аргуэру псэупIэщIэу метр зэбгъузэнатIэ мелуани 5,5-рэ хуэдиз яухуэну я мурадщ.
Къэралым и унафэщIым къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и экономикэм инвестицэу сом мелард 51,1-рэ къызэрыхузэщIагъэуIуар ехъулIэныгъэшхуэу зэрыщытыр, ар абы япэ ита илъэсым елъытауэ проценти 104-рэ зэрыхъур.
Ауэ абы къыдэкIуэу Путин Владимир къыхигъэщащ лэжьапIэхэм я рынокым гугъуехь пыухыкIахэри зэрыщыIэр.
Апхуэдэ щытыкIэр гъэзэкIуэжынымкIэ лэжьыгъэхэм я унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу тIу КIуэ-кIуэ Казбек къигъэлъэгъуащ. Абыхэм ящыщщ бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэр шыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ проценти 10-кIэ зэрыхагъахъуэр. Апхуэдэу ямытхауэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ-хэр нэхъ жыджэру сэтей къащIынущ, абыхэм ипэжыпIэкIэ къалэжьыр зыхуэдизыр убзыхуным яужь итынущ. Иджыпсту лэжьапщIэр къапщтэмэ, ар лъагэу пхужыIэнукъым, ику иту сом 31712-рэ хъууэ аращ. Республикэм и унафэщIхэм я мурадщ ди цIыхухэм ику иту мазэм къаIэрыхьэ улахуэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэ нэхъыфIхэм къыщалэжьым нагъэсыну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм къэралым и унафэщIым и пащхьэ ирилъхьащ финанс IэнатIэр гъэтэмэмыным теухуауэ къыпэщыта къалэныр зэригъэзэщIар. 2021 гъэм валовэ щIыналъэ продуктыр сом мелард 205-м щIигъуащ. Республикэ бюджетыр сом мелард 52-м нэсащи, абы щыщу сом мелард 13,7-р езы щIыналъэм къилэжьыжа хэхъуэхэрщ. Апхуэдэ хэхъуэхэр иужьрей илъэсищым къриубыдэу хуэдэ зырэ ныкъуэм нэблагъэкIэ нэхъыбэ хъуащ. Апхуэдэ щытыкIэм тету 2022 гъэри йокIуэкI - блэкIа мазихым кърикIуахэм япкъ иткIэ а хэхъуэхэр проценти 115-м нэсащ.
ЦIыхухэм хэхъуэу проценти 9,3-кIэ нэхъыбэ къаIэрыхьащ. Республикэм исхэм я процент 24,2-р илъэсищ япэкIэ къулейсызу щытамэ, иджы апхуэдэхэм я бжыгъэр процент 18-м нэсу къехащ.
КIуэкIуэ Казбек къэралым и унафэщIыр щыгъуазэ ищIащ IэнатIэ щхьэхуэхэм я щытыкIэм. Нэгъабэ ди щIыналъэм щыIа туристхэр мелуаным нэсамэ, иджы а бжыгъэм нэрылъагъуу къыхэхъуэну къыщIэкIынущ. БлэкIа мазихым республикэм цIыху мин 550-м зыщагъэпсэхуащ, нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ ар процентихкIэ нэхъыбэщ.
Экономикэм и зыужьыныгъэр щIэгъэпсынщIэнымкIэ нэхъ зыщыгугъхэм ящыщщ промышленность псынщIэмрэ щэкIхэр зэIузыщэ промышленностымрэ. Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым предприятэ инитI щыIэщ - ахэр «ВоенТекстильПром», «ВТК групп» IуэхущIапIэхэрщ. Абыхэм цIыху мин хуэдиз щолажьэ икIи IэнатIэхэм псынщIэу заужь, абыхэм къыщIагъэкI продукцэм хагъахъуэ.
«Мэкъумэш хозяйствэм нэгъабэ и закъуэ валовэ продукцэу сом мелард 68,8-рэ къыщалэжьащ, - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек. - НэгъуэщIу жыпIэмэ, гъэ къэс абы и зэфIэкIым процентипщI хуэдиз къыщIегъу. КъызэрыслъытэмкIэ, апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр дяпэкIи диIэнущ, сыту жыпIэмэ, дэ хэхауэ догугъу жыг хадэхэм яIыгъ щIыхэм зэрызедгъэубгъунум».
Республикэм и Iэтащхьэр апхуэдэу тепсэлъыхьащ хадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ щагъэкIын папщIэ щхьэ зытелъ теплицэхэр Шэджэм районым нэхъыбэ зэрыщащIым, абы папщIэ инвестицэу сом мелард 18 къызэрызэщIагъэуIуам икIи а ахъшэр щIадзауэ къызэрагъэсэбэпым.
Апхуэдэу КIуэкIуэ Казбек къэралым и Президентыр щыгъуазэ ищIащ Тырныауз вольфрам-молибден къыщIэхыпIэр зэтегъэувэжынымкIэ проектыр зэрагъэзащIэм: «Уэ, Владимир Владимир и къуэ, республикэм и унафэщIхэм закъыщIэвгъэкъуауэ щытащ, къалэн пыухыкIахэр зыхуэфащэхэм яхуэбгъэуващ икIи абы щыгъуэ зэраубзыхуам тету лэжьыгъэхэр ирагъэжьауэ йокIуэкI. Мы проектым трагъэкIуэдэн папщIэ псори зэхэту инвестицэу сом мелард 55-рэ къызэщIагъэуIуащи, абы щыщу сом мелард 46-р Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щагъэзэщIэну проектхэм халъхьэну инвестицэхэрщ».
Республикэм и экономикэм зегъэужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъуэгу хозяйствэм: абы хиубыдэу гъэ къэс гъуэгуу километри 150 - 170-рэ хуэдиз зэрагъэпэщыж е щIэуэ яухуэ. 2022 - 2023 гъэхэм Росавтодор IуэхущIапIэм «Кавказ» федеральнэ автомобиль гъуэгум щыщу республикэм хиубыдэр нэхъ бгъуэ ищIынущ, лъэныкъуэ къэскIэ автомобилхэр сатыр тIурытIу щызекIуэфын хуэдэу.
Путин Владимир щIэупщIащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным щIыналъэр зэрехъулIэм.
2019 гъэм щегъэжьауэ 2021 гъэм нэсыху республикэм школхэр щыщIыным, зи школ кIуэ-гъуэ мыхъуахэм папщIэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьыным хуэдэ проектхэм трагъэкIуэдащ сом мелуан 20. 2022 гъэм аргуэру а лэжьыгъэхэм хухахащ сом мелард 12. ШколыщIэу хы хьэзыр ящIащ, мы зэманым школипщI яухуэ, гъэ къакIуэ аргуэру школий кърагъэжьэнущ. Аращи, псори зэхэту школыщIэу 24-рэ республикэм иIэнущ, ар еджапIэ псоми я процентищIым щIегъу. «Ди школакIуэхэм ящыщу мин 20-м щIигъур щеджэ унэхэр хуэмыщIауэ щытати, ахэр зэгъэпэщыжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм зэрытхузэфIэкIкIэ зедгъэубгъуащ. Шэч къытесхьэркъым курыт еджапIэхэр я щытыкIэкIи зэфIэкIкIи тэмэму зэтегъэувэнымкIэ къытпэщыт къалэнхэр 2024 гъэм фIэмыкIыу зэрыдгъэзэщIэфынум», - къигъэлъэгъуащ КIуэкIуэ Казбек.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм Путин Владимир фIыщIэ хуищIащ экономикэм зегъэужьынымкIэ, сабий зиIэ унагъуэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ зэфIигъэкIхэм папщIэ икIи къыхигъэщхьэхукIащ щIыналъэхэм заужьын, абыхэм я экономикэм и зэфIэкIым хэхъуэн, цIыхухэм я псэукIэр ефIэкIуэн папщIэ апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэри.