УнафэщIым текIуа дохутыр

Коммунистхэм я гуащIэгъуэ дыдэм Налшык къалэ комитетым и япэ секретару лэжьащ Громыкэ жари лIы лъагэ дахэшхуэ. ФIы зыхуищIахэр щотхъу, апхуэдэ дэзымылъэгъуахэм яуб, си щхьэкIэ фIыи Iеи хужысIэфынукъым - сыдэлэжьакъым, си ныбжьэгъуакъым. Ауэ мы хъыбар пэжыр къэхъуауэ сыщыгъуазэщи, стхыжу ара къудейщ. 
Пасэу Налшык дащIыхьа псэупIэ нэхъыфIхэм ящыщ зым (Горький Максимрэ КIыщокъуэ Алимрэ я цIэр зезыхьэ уэрамхэм я плIанэпэм деж тетщ) щыпсэурт ар. Иджы хуэдэу машинэхэри куэдакъым а лъэхъэнэм, ауэ зы жэщ гуэрым абыхэм я макъым къигъэушыжри, мыжеижыфу куэдрэ хэлъауэ, мурад ищIащ Горькэм и цIэр зезыхьэ уэрамым машинэ щызэримыгъэкIуэну. Арати, мурадым унафэ къыкIэлъыкIуащ. Нобэми иращIэнур ямыщIэу Горькэмрэ ПащIэ Бэчмырзэрэ я уэрамхэм яку дэт баракхэм я пэщIэдзэу щытт Къэбэрдей-Балъкъэрым и Министрхэм я Советым и гаражыр. Абы дэт къулыкъущIэ машинэ къомыр къызэрыдэкIыу, Горькэм и уэрамым къытелъадэрт. Iуэху тынштэкъым ящIа мурадыр бгъэзэщIэну, ауэ, ежэри, щхьэусыгъуэ хъарзынэ къыхуагупсысащ. 
Иджы хуэмыдэжу, абы щыгъуэ къулыкъум зи щхьэр лъахъшэу хуэзыгъэщхъыр нэхъыбэжти, зым зы къыхидзэмэ, адрейм нэгъуэщI кIэридзэурэ хэкIыпIэ къыхуагъуэтащ. 
Горькэм и уэрамыр щIымахуэм мылу ягъэщту лъэрыжэкIэ тету, гъэмахуэм лъакъуэрыгъажэ къэжыхьыпIэ ящIыну арат. Зи ныбжь хэкIуэтахэм зыщагъэпсэхуу, удз дахэ щагъэкIыу щытыну арат уэрамыр. Гаражым къыдэжа машинэхэр Горькэм и цIэкIэ щыIэ уэрамым техьэ щымыхъукIэ, къахуэнэжыр ПащIэм и цIэр зезыхьэрт. Абы тет унэхэм щIэсхэм яхэтт дохутыр-невропатолог Iэзэ ЛIыIэщын Заурбэч. Ар медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат пасэу хъуауэ, зэфIэкI зиIэ щIалэ ехьэжьат. 
Парт лэжьакIуэ цIэрыIуэм и Iизын хэлъу ирагъэжьа Iуэхум Заурбэч щыгъуазэ щыхъум япэуват: «Мы фи гугъэр хъунукъым», - жиIэри, арщхьэкIэ къыжьэдагуэжат. ИтIанэ зиущэхури яригъэщIащ, ауэ нэрылъагъут а уэрам бгъузэ цIыкIум машинэ щызекIуэ зэрымыхъунур, зэрыщызэблэмыкIыфынур. 
Заурбэч зыщиущэхум, къапэрыуэн щымыIэу ягъэуври, Iуэхур и кIэм нагъэсащ. Гаражым укъыдэжа иужь ижьымкIэ къэбгъазэмэ, метри I50-рэ хуэдиз хъун гъуэгу щIын хуейт. Ари Заурбэч зыри жимыIэурэ яригъэщIащ. А гъуэгур баракым щыпсэухэм я зекIуапIэт. 
Сытми, мобыхэм гъуэгур ящIащ, Заурбэч абы хуищIыну пхъэрыгъажэр зригъэлъэдэну сэхитIыр игъэхьэзыращ. Гъуэгур хьэзыр хъури, Совминым и машинэхэм зэблэкIыпIэ зимыIэ уэрам зэвым жэщ-махуэ ямыIэу щызежэу щIадзащ. Иджы Громыкэ машинэ макъхэм къамыгъэушу жейрт. Мыдрей хьэблэм цIыхуу дэсыр жейртэкъым, сабийхэмкIи шынагъуэт гъуэгущIэр. ИтIанэ Заурбэч игъэхьэзыра гъущI сэхитIыр хигъэбыдащ, пхъэрыгъажэ ищIри, хьэлъкъ иригъэлъэдэжащ, абы IункIыбзэ иритыжщ, ар и жыпым ирилъхьэжри, Громыкэ деж кIуащ.
 Iуэхур зытетыр гуригъаIуэри, щIигъужащ: «Мыр хэт и унафэми - тэмэмкъым. Уэращ къалэм и парт унафэр зыIэщIэлъри, мы Iуэхур къызэтебгъэувыIэн уэ плъэмыкIынумэ, езы Мэлбахъуэ дыдэм деж сыкIуэнущ». Апхуэдэ унафэ мыхъумыщIэхэм Мэлбахъуэр гуащIэу зэрыпэувыр зыщIэ Громыкэ зиущэхужащ, министр машинэхэри зэса гъуэгужьым теувэжауэ щытащ. 
 

Къэрмокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу