Ещанэр лейщ

Новеллэ

Сэрыншэу я гъащIэр нэхъыфI хъуну къызыщыхъуу, 
IэщIыб сызыщIа псори щIемыгъуэжын Тхьэм фищI!
Мы дунейм псоми уосэж: гуауэми, гуфIэгъуэми, нэпсми. Апхуэдэущ гъащIэр зэрыщытыр. Дыгъуасэ гъэщIэгъуэну къыпщыхъуам, нобэ умылъагъуу ублэкIынкIэри мэхъу. Псоми чэзуу яIэщ.
Десэжащ дэри ди лъагъуныгъэм. Апхуэдэ игъащIэкIи къэхъуну къытщымыхъуами, гъэщIэгъуэнагъ абы хэтлъагъуэжкъым. Япэм хуэдэу абы и лыгъэм дисыжкъым, и IэфIагъри зэхэтщIэжкъым. Ди гухэлъхэм утезашэри, нэгъуэщIым и дежкIэ уеплъэкIын щIэбдзащ. Абы и нитIри и псалъэкIэри нэхъ дахэу къыпщыхъуащ. Абы гу лъызыта сэри лъэныкъуэкIэ сытекIуэтащ. Лъагъуныгъэм и шабзэхэм къауIа дигухэри хъужащ. ТхьэмахуэкIэ дызэрымылъагъуми - дызэхуэзэшыжкъым. Япэм темыпыIэу зыхуэныкъуэу щыта ди псэхэри иджы я щхьэ закъуэу мэпсэуф. Псори я пIэ иувэжащ, зыми дигъэпIейтеижкъым. Лэжьыгъэ, ныбжьэгъу, унагъуэ – аращ иджы ди гъащIэр зэрыкIуэр. УпщIэ лей хуэмейуэ, псори гурыIуэгъуэ хъуащ! Ар къыдгурыIуэри, дызэбгъэдэкIыжащ. Уэ уи гъуэгукIэ уежьэжащ, сэри си лъагъуэм сытеувэжащ. Псори гурыIуэгъуэщ! 
Нобэрей ди зэхуэзэми мыхьэнэ лъэпкъ иIэкъым! ШхапIэ дыздыщIэсри, дыщызэрыцIыхуауэ щытар арами, Iуэхукъым. Хамэ зэхуэхъуа цIыхуитIыр зэрымыщIэкIэ зэхуэзауэ зэпсалъэу зэбгъэдэсу аращ. Сыт абы гъэщIэгъуэнагъыу хэлъыр?! 
Сэ сыпагэщ, куэд схуэгъэгъуркъым. Зэгуэр ещанэу лей сызэрыхъуари схузыщыгъэгъупщэнукъым. Ауэ, итIанэми, адэ куууэ сигу лъащIэм иджыри зы къуэпс цIыкIу щыIэщ уи цIэр тету. Иджыри къыхоузыкI си гур, уи нитIым сыщIэплъэм. Си щхьэм щызбзыщIыжми, гухэлъхэр и кIэм нэсу ткIужакъым. Ауэ ар си гум жиIэми, си жьэм зэикI къыжьэдэкIынукъым! 
Дэ дытопсэлъыхь ди лэжьыгъэм, ди Iуэхухэм, ди гъащIэм. Зыгуэрхэр дигу къыдогъэкIыж, додыхьэшх. Илъэситху дызэрызэрымылъэгъуари щымыIам хуэдэщ! Сщыгъупщэжат зэгуэр апхуэдэу хуиту дызэпсалъэу дызэбгъэдэсыфу щытауи! Дигу къэдгъэкIыжын Iэджи диIэщи, зым адрейр зэпыдудыжу допсалъэ! 
- Дауэ уеплърэ, - укъызоупщI зэуэ, – ди лъагъуныгъэр и чэзум тхуэхъумэжатэмэ, ди гъащIэр нэгъуэщIу хъуну пIэрэт?
Жэуапым и пIэкIэ сыпогуфIыкI! Сэ схужыIэнут, ар зыхуэмыхъумэфар уэрауэ, сэ лажьэ симыIэу. Ауэ сыщымщ, сыхуейкъым губгъэн гуэр пхуэсщIу къозгъэщIэну. 
- Иджыри Iейкъым дэ ди гъащIэр, - жызоIэ сэ. – Псори дызэрыхуеям хуэдэ хъуащ… Дызыхуэныкъуэ щыIэкъым!
- Пэжщ, псори диIэщ: ныбжьэгъу, лэжьыгъэ, мылъку. Зы мыхьэнэншэщ къытхуэтыр: насыпщ! 
Аргуэру зыри къызэрымыкI псалъэмакъ! Зэгуэр щыIам дыхущIегъуэж щхьэкIэ, абы къэгъазэ иIэкъым! Ауэ щхьэж и гъуэгу дытеувэжын и пэкIэ, аргуэру къызжыбоIэ: 
- Псоми зэ къытедгъэзэжамэ, иджы нэгъуэщIут зэрыщытынур. Мы илъэсхэм сэ Iэджэ къызгурыIуащ…
Ауэ аргуэру жэуапым и пIэкIэ сыпыгуфIыкIри, си гъуэгу сытеувэжащ! Уэри укъыскIэлъоплъри ущытщ! Мис апхуэдэу зэгуэр сэри сеплъу сыщытащ нэгъуэщIым и Iэр пIыгъыу узэрежьэжым! Абы щыгъуэ уэ зэ укъысхуеплъэкIыжакъым, сэри сынэплъэнукъым! И чэзум мыхъуа лъагъуныгъэми къытремыгъэзэж! Сэ сыпагэщ, куэд схуэгъэгъуркъым! Закъуэныгъэми сигъащтэркъым! Си гум теплъхьа уIэгъэ псори лIыгъэм къыхэщIыкIа IуданэкIэ здыжащ! Уэрыншэуи сыпсэуфынущ! 
А гупсысэхэм си гум нэжэгужагъэшхуэ къралъхьауэ, сокIуэж! СыпыгуфIыкIыурэ, си унэм сыщIыхьэжри – си макъ къызэрикIкIэ гъын щIэздзащ… 

 

ГъукIэ Маринэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ