Щхьэх зымыщIэм и жьауэрКъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми и мызакъуэу, Адыгейми Шэрджэсми фIыуэ щалъагъу КъардэнгъущI Зырамыку илъэс куэд щIауэ щолажьэ щэнхабзэм, мащIи мы IэнатIэм щызэфIигъэкIакъым. Ар икIи щIэныгъэм и гъуэгу мытыншым еш имыIэу ирокIуэ. Ар IуэрыIуатэр, уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыжынымкIэ, елэжьынымкIэ зыхуэдэ щымыIэ лэжьакIуэ жыджэрщ.
«НАРТХЭР» тхылъыр Налшыки Москваи къыщыдэкIауэ зэрыщытам фыщыгъуазэщ. Абы ихуахэм и лэжьыгъэ хэлъщ КъардэнгъущIым. Псалъэм папщIэ, Щэбэтыкъуэрэ Мэлычыпхъурэ теухуахэр зэхуэзыхьэсыжари зыхуей хуэзыгъэзари аращ. Сурэтым: Зырамыку и къуэ Николай (1940 - 1979 гъгъ.), Зырамыку и къуэ Мартин (1950 - 1990 гъгъ.), Зырамыку и къуэ БетIал (1952 - 1987 гъгъ.).
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 11:48 →
Дунейпсо щIэиным и махуэ
02.04.2024 - 13:24 →
Бзухэм я дунейпсо махуэ
21.03.2024 - 10:00 →
Махуи жэщи щызэтехуэ
20.01.2024 - 13:00 →
Нэжэгужагъэщ - узыншагъэщ
15.01.2024 - 17:45 →
Мэзкъуэдыхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ я махуэ
|