КъызэрыкIуэжам щыхущIегъуэжа къэхъуакъым

Я унэ бжэIупэм къыщыспежьа Мамдухьрэ гуфIэжу пэшым сыщIэзыша Сихьэмрэ слъэгъуа иужь, зэуэ мыращ сигу къэкIар: абыхэм ядэнт хэхэсу къэнэну, я бынхэм адыгэбзэ ямыщIэну, лъэпкъым хамыгъэзэгъэжу?! 
Къумыкъу зэщхьэгъусэхэу Мам­духьрэ Сихьэмрэ (Щоджэнхэ япхъущ) Сирием щыпсэуащ, езыхэри я бынхэри къыщалъ­хуар аращ. Мамдухь щIэныгъэлIщ, тхакIуэщ, Сириеми Урысей Федерацэми я тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хэтщ, егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ хьэрып къэрал зыбжанэми Къэбэрдей-Балъкъэрми щылэжьащ. Дамаск щы­Iэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и Iуэхухэм зэщхьэгъусэхэр жы­джэру хэтащ. 1992 гъэм Хэкум къагъэзэжауэ, зэрыунагъуэу Налшык щопсэу. 

- ХЭКУМ къэкIуэжыныр ди къалэну тлъытэу дыкъэхъуащ дэ, хэхэсым я щIэблэр. Ар къызыхэкIар дыщыпсэу Хъышней къуажэ цIыкIум дэсхэр адыгэбзэкIэ псалъэу, адыгэ хабзэ щызекIуэу, адыгэ нэмыс дэлъу, Хэкум и гугъу куэдрэ щащIу къызэрыгъуэгурыкIуэр арагъэнт, - дыщегъэгъуазэ Мамдухь. - ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щы­гъуэ­ я щIыналъэм икIыу Европэм кIуахэу иужькIэ Сириемрэ Иорданиемрэ хэщIапIэ зыщIахэми Хэкум и хъыбар куэд къахьат. Ущыпсэу мыхъуххэну, адыгэхэри хэшыпсыхьыжауэ щымыIэжурат абыхэм яIуа­тэр. Совет Союзым епцIыжу нэмыцэм и гъусэу икIахэм сытыт-тIэ нэгъуэщI жаIэнур?! Къыхэзгъэщыну сызыхуейращи, Хэкум къыщ­хьэщыжу абы пщIыхь дахэ хуэзылъагъухэри щыIэт, и Iей зыгъэIухэри мащIэтэкъым. Сирием и къуажэ пхыдза цIыкIухэм нэгъунэ щыу­жьыхыртэкъым ди щIыналъэ дахэм и хъыбархэр. Мис апхуэдэурэ абы дыкъыщIэтэджащ, хуэм-хуэмурэ зыкъэдужьащ, латиныбзэкIэ тхауэ тхылъ закъуэтIакъуэ щыIэхэр къытIэрыхьэри абыхэмкIэ деджащ, бзэмкIэ тхэкIэ-еджэкIэ зэдгъэщIащ. Хрущёв Никитэ и зэманыр къэсри, письмохэр, Хэкум никIыу тхылъхэр къытIэрыхьэ хъуащ­. Абыхэм деджэм и мызакъуэу, щIэблэм курсхэр къахузэдгъэпэщурэ тхэфу, еджэфу зэрыдгъэсэным дыпылъащ. ИужькIэ Хасэхэм апхуэдэ курсхэр нэхъыбэ ящI хъуащ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ дыкъэкIуэжыфыну къыщытхуихуэм, Хэкужьыр зэдгъэгъуэтыжащ. 
- Илъэс 30 мэхъу къызэрывгъэзэжрэ. Дауэрэ екIуэкIа ахэр?
- Ипэ илъэсхэр тыншауэ схужыIэнукъым, ауэ адыгэбзэр тщIэрт, адыгэ хабзэм фIыуэ дыщыгъуазэти, нэхъ псынщIэ къытщащIащ лъэп­къым хэсыхьыжыныр. «Мы хэгъэгу пхыхуам фыкъыщIэкIуэжар сыт, сытым фыкъихужа?» - Iэджэми къыджаIэрт. Ар хэкурысым къыгурыIуэнукъым, пэIэщIэ хъуакъым и лъахэми. Хэхэсу ущытыныр тыншкъым, псэми дэгъэхуэгъуейщ. 
Дэр-дэру лэжьапIи къызэдгъэпэщащ, ди бынхэм, зэрыжысIащи, адыгэбзэр ящIэрти, къыин къыхэмыкIыу еджахэщ, урысыбзэри зрагъэщIэфащ. ЩIалэми хъыджэбзитIми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ. 
- Уи гур мыбыкIэ щыIэкIэ зэфIэкIрэт, Мамдухь, щхьэгъусэм къыбдиIыгъын хуейтэкъэ? Сихьэм, уэ дауэ къыпщыхъуат Хэкум кIуэжын хъыбарыр? 
- Сэри Хасэм сыхэтт, Хэкур зи пщIыхьэпIэм хэмыкIхэм сащыщти, дызэгурыIуэу дыкъекIуэкIырт, - жэуап къызет Сихьэм. – Пэжщ, тIэкIу, зы илъэситI хуэдэкIэ, зызгъэгувэну сыхуейт, си пенсэ Iуэхухэр, нэ­гъуэщI­ гуэрхэр зытеуIэфIэху. Ауэ Мамдухь къытричырт, «хэкубжэр къызэIуахащ, хуащIыжынуми пщIэркъым» жиIэу. Псори къэд­гъанэри, гъуэгу дыкъытехьэжащ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, хуэм цIыкIуурэ псори зэпэщ хъуащ. 
- ФыкъызэрыкIуэжам фыщыхущIегъуэжа къэхъуа? 
- Гугъут, ауэ «дыкъэкIуэжын хуеякъым» псалъэхэр зы лъэпощхьэпоми жыдигъэIэфакъым, - къыпещэ адэкIэ Сихьэм. – Iыхьлыхэм дазэрыпэIэщIэрат нэхъ хьэлъэр. КъыщыдгъэзэжагъащIэм ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ уэрамым щыдиIа фэтэрым щызигъунэ­гъуахэр хъарзынэ дыдэт. Тхьэм ищIэнщи, абыхэми куэдкIэ я фIыгъэщ ди лъэпкъым дызэрыхэзэгъэжар. Хуабжьу гъунэгъуфIти, си благъэ дыдэу фIэкIа зэи къэслъытакъым, езыхэри къызэрытхущытар апхуэдэущ. 
- Дызэрыщыгъуазэщи, щIэныгъэ лэжьыгъэхэри художественнэ тхы­гъэхэри уи къалэмыпэм къыщIэкIащ, Мамдухь. Иджыпсту сы­тым нэхъ уелэжьрэ? 
- «Нартхэр» хьэрыпыбзэкIэ зэздзэкIауэ дунейм къытехьащ. Мис абы къыпысщэу, лэжьыгъэ хъарзынэм иужь ситщ иджыпсту. Къуэ­кIыпIэ гъунэгъум щыпсэу лъэпкъыжьхэм я эпосым, IуэрыIуатэм езгъапщэурэ къызопщытэ адыгэ нарт хъыбархэр. Абы апхуэдизкIэ сызыIэпишащи, нэгъуэщI дуней щыIэжу сымыщIэу солэжь. 
«Сыт псыхъуэ цIыкIум жиIэр» зи фIэщыгъэ тхылъым ихуа Iуэтэжхэм нэмыщI нэгъуэщIхэри ныкъуэтхыу сиIэщ, ауэ зэкIэ и кIэм схунэгъэсыркъым. Фызыщыгъуазэ «Шэрджэсхэмрэ Кавказымрэ ­КъуэкIыпIэ гъунэгъумрэ папщIэ зэпэщIэувэныгъэ инхэмрэ. XIII лIэщIыгъуэм икум щыщIэдзауэ XXI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм нэс» къэхутэныгъэ лэжьыгъэм зэманышхуэрэ къарурэ тезгъэкIуэдащ, ар си художественнэ гупсысэм зэран хуэмыхъуауэ, тхыгъэхэр дунейм къытегъэхьэныр имылъэхъауэ схужыIэнукъым. Ауэ Iуэху гуэрхэр ­къигъэнами, сыхущIегъуэжыркъым. АдыгэбзэкIи щыIэхэм седжэурэ, хьэрыпыбзэкIэ тхахэри щIэсщыкIыурэ зэхуэсхьэсащ, дэфтэркIэ щIэ­мыгъэбыдауи зы псалъэ иткъым. 
- Мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ я гугъу уэзгъэщIынут. Ар ­лэжьыгъэ ирехъу, унагъуэрауи щрет. 
- Зи гугъу сщIа нарт хъыбархэм ятеухуа тхылъыр и кIэм нэзгъэсынырщ лэжьыгъэм ехьэлIауэ си мурад нэхъыщхьэр.  
ХъуэпсапIэм я нэхъ иныр, фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, щIалэр (Бибарс) унагъуэу дгъэтIысыжынырщ. Пхъурылъху цIыкIуищ диIэщи (Амир, Ланэ, Идар сымэ), узыншэу, гукъеуэншэу къэхъумэ, ди ­гуапэщ, абыхэм я ехъулIэныгъэхэрщ иджыпсту дызыгъэиныр. 

 

Епсэлъар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться:

Читать также: