Интернетым и лэжьэкIэм щIигъэхуэбжьащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Дагъыстаным, Ставрополь щIыналъэм зыплъыхьакIуэ кIуэхэм папщIэ телефон зэпыщIэныгъэхэмкIэ оператор нэхъ ины дыдэм – МегоФоным – 4G лъэщагъ зиIэ интернетым зригъэубгъуащ. ЩIыпIэ пхыдзахэм, бгылъэ жыжьэхэм, къурш жьэгъухэм кIуэ зыплъыхьакIуэхэм Iэмал яIэ хъуащ интернетыр зэпыу имыIэу къагъэсэбэпыну.
МегоФоным щылажьэ инженерхэм 4G лъэщагъ зиIэ интернетыр щIэзыгъэхуабжьэ пкъохэр цIыху куэд здэкIуэ щIыпIэхэм щагъэуващ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ:
• Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Iуащхьэмахуэ лъапэрэ Чегет и Iэгъуэблагъэхэмрэ;
• Дагъыстаным хыхьэ Сулак къуэладжэмрэ СарыкъумкIэ зэджэ пшахъуэщIымрэ;
• Къэршей-Шэрджэсым хыхьэ Домбай къуажэмрэ ФошатэкIэ зэджэ псыкъелъэхэмрэ;
• Ставрополь щIыналъэм щыIэ Псыхуабэ цIыкIур.
LTE станцхэм лэжьэн зэрыщIадзэу, зы секундэм къриубыдэу интернетым и псынщIагъыр ику иту Мбит I5-20 хуэдизкIэ хэхъуэнущ, нэхъыбэ дыдэу Мбит 75-м нэсынущ. Абы зыплъыхьакIуэхэм трах сурэтхэр нэхъ псынщIэу интернетым кърагъэувэну, тхыгъэ мащIэхэр иратхэну Iэмал къаритынущ. Абы къищынэмыщIауэ, цIыхухэм яхузэфIэкIынущ эфир занщIэхэр къызэрагъэпэщу интернетым ягъэкIуэну.
МегаФоным хъыбар къызэритамкIэ, 2022 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыплъыхьакIуэ къэкIуа цIыхухэм я бжыгъэр нэгъабэрейм еплъытмэ, процент I8-кIэ хэхъуащ. Нэхъыбэр къыздикIыр Мэзкуу къалэмрэ абы къедза щIыналъэхэмрэщ.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: