Пасэрей хасэ зэхыхьэкIэр

Зи гугъу тщIынур XVIII лIэщIыгъуэм, XIX и япэ Iыхьэм адыгэхэм я хасэхэр зэрырагъэкIуэкIыу щыта щIыкIэрщ. Къуажэпщхэм, зэIупэфIэгъуу къызэдэщI пщыхэм я хасэр щекIуэкIыну щIыпIэр жылэпщ нэхъыжьым иубзыхурт, ауэ Къэбэрдей псом я хасэ екIуэкIынумэ, абы и унафэр зыщIыр пщым я пщыж тхьэмадэрт.

Зэрыхабзэти, хасэр е пщы нэхъыжьым, е абы и уэркъ гуэрым и щIы кIапэм фIахыртэкъым. Абы щыгъуэми, и нэхъыбапIэм къуажэхэм пэIэщIэу щрагъэкIуэкIырт. Лъэпкъ зэбий, пщы зэиж щыщыIэм деж, щIыпIэр къыщыхахкIэ хуэсакъырт зыгуэрым и жылэ гъунэгъу зыхуащIу абыкIэ ар адрейхэм ефIэкI мыхъуным. Псалъэм щхьэкIэ, апхуэдэ къэхъуащ 1753 гъэм и бжьыхьэм урыс афицархэр я дэлэлу Къэбэрдейр тIууэ гуэшауэ тхьэ щызэхурагъэIуэну ягугъа хасэр щызэхэтам.

 1747 гъэм бадзэуэгъуэм и 13-м Къызбрун мэз лъапэм и гъунэгъуу щекIуэкIащ пщыгъуэ къызэдэщIищым я хасэ, кърым хъаным и тхьэусыхафэм щыхэплъэу. Абыхэм пщы нэхъыжьу яIащ Бэчмырзэ Бэтокъуэ, Кургъуокъуэ Мыхьэмэт, Къетыкъуэ Жамболэт сымэ. Абы иужькIэ Къызбрун мэз лъапэм аргуэру 1748 гъэм мазаеу зэIущIэ щыIащ Кургъуокъуэ Мыхьэмэтрэ Къетыкъуэ Жамболэтрэ кърым лIыкIуэхэм щэхуу, Бэчмырзэ Бэтокъуэрэ мыдрей пщыхэмрэ емычэнджэщу зэрахуэзам щхьэкIэ. Абыхэм кърым хъаным тхыгъэ хуагъэхьат Къэбэрдейм ХьэтIохъущокъуэ Къэсей зэрызыхахуам къыхэкIыу Урысейр абы къыщхьэщыжыну къежьэмэ, хъаным ищIэнум щIэупщIэу.

Хасэр къуажэхэм пэIэщIэу губгъуэхэм, мэз лъапэхэм щрагъэкIуэкIырт, ар зы пщыгъуэ хасэм ейуэ щытми. Апхуэдэщ, псалъэм щхьэкIэ, 1748 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м ХьэтIохъущокъуэ Къэсей и къуэшхэм, и уэркъхэм, Анзорхэ ящыщи ящIыгъуу, зэхуишэсауэ щыта зэIущIэр. Ар хабзэ щIэхъуам и зы щхьэусыгъуэу плъытэ хъунущ хасэр зытепсэлъыхь Iуэхур бзыщIын хуейуэ зэралъытэр, я щэхур нахуэ ямыщIыным хущIэкъуу зэрыщытар. Мыдрейуэ, ар къишэрт лъэпкъхэр зэбийуэ зэрызэпэщIэтым, зым и дзыхь адрейм зэрыримыгъэзым.

Пщышхуэм, пщым я пщыжым ауэ сытми унафэ ищI хъуртэкъым, «хасэ езгъэкIуэкIынущи, си деж фыкъекIуалIэ», жиIэу. Апхуэдэу къыщыхъур зэры-Къэбэрдейуэ шынагъуэ щаIэрт, гузэвэгъуэм пщыхэр зэдэу щищIырт.

Мыдрейхэм деж хасэр щрагъэкIуэкIынум, зэрекIуэкIынум теухуауэ зэгурыIуэныгъэ Iэджэм хэтхэт. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр хасэм кърихьэлIахэм зыгуэркIэ шынагъуэ ямыIэнырт. Абы къыдэкIуэу, къалъытэрт шыхэм яшхын, ирафын псы щыIэрэ щымыIэрэ.

Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, зэныкъуэкъу мащIэ хэлъакъым 1753 гъэм екIуэкIа хасэр япэ щIыкIэ Шэджэм бжьэпэ щаублэу, иужькIэ ар Дохъутэмыщ деж псы ФIыцIэм и Iуфэм щаухыжауэ зэрыщытам. ЩIыпIэ къыхэхыкIэм псори хуэсакъырт. Пщыхэм яку зэгурыIуэныгъэ щыдэлъми (къапщтэмэ, Мэздэгу щхьэкIэ), хасэр къуажэ зэрымыс щIыпIэ зэгъуэкI гуэрым яхьырт. Къапщтэмэ, пщыхэри уэркъхэри кърихьэлIэу Бахъсэн гупымрэ Къэщкъэтау дэсхэмрэ зэгъусэу 1767 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м щыщIэдзауэ и 21-м нэсыху ирагъэкIуэкIауэ щыта хасэр цIыху щыпсэу щIыпIэхэм верст тIощIым нэблагъэкIэ пэIэщIэт. Пэжщ, апхуэдэу щIыныр фIэкIыпIэ зимыIэ хабзэу щытагъэнукъым. Хасэр къуажэхэми щыщрагъэкIуэкI къэхъурт. Апхуэдэу ХьэтIохъущокъуэ Къэсей зыхахуну унафэ щащIа хасэр Бэчмырзэ Бэтокъуэ и унэм 1748 гъэм щэк1уэгъуэм и 27-29-хэм щызэхэтащ. А Iуэхугъуэ дыдэм дыгъэгъазэм и 15-м щIидзэри и 28-рэ хъухукIэ 1748 гъэм щытепсэлъыхьащ Къамбэкъуэ и къуажэм.

Ауэ мыбдежым къэлъытапхъэщ: мы хасэхэр къуажэм щекIуэкIами, здэщыIap Джылахъстэнейрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Къэбэрдеишхуэм куэдкIэ пэIэщIэу. 1763 гъэм дыгъэгъазэм и 19-м езы ХьэтIохъущокъуэ Къэсейми «унафэ ищIат и блыгу щIэт уэркъхэр и деж къекIуэлIэну». Ауэ нобэ зэхэгъэкIыжыгъуафIэкъым ахэр здекIуэлIэн хуеяр, сыту жыпIэмэ Къэсей зы жылагъуэкъым иIыгъар.

Хасэм щхьэкIэ къыхах щIыпIэм ущытепсэлъыхькIэ, ар зэрекIуэкIыу щытами и гугъу умыщIу къэбгъанэ хъунукъым. Тхыгъэхэр щыхьэт зэрытехъуэщи, зэIущIэм пщыхэр щхьэхуэу, уэркъхэри щхьэхуэу щызэхэст. Абы къыхэкIыу, зым и унафэр адрейм ящIэн щхьэкIэ, ахэм лIыкIуэ яIэт.

 Потоцкий Я. зэритхыжымкIэ, гупитIми зым адрейм лIыкIуэ хуащIырт икIи а зэIущIэхэр кIий-гуо хэмылъу, екIуу екIуэкIырт. Гупхэр зэбийуэ щытмэ, псоми сакъыныгъэ ин халъхьэрт, мыхъумыщ1э гуэрхэр къэмыхъун щхьэкIэ. Абы зэпкърыхауэ топсэлъыхь апхуэдэ зэгурыIуэныгъэхэм я дэлэлу щыта урыс афицархэр. 1753 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м майорхэу И. Барковскэмрэ П. Татаровымрэ Шэджэм Iуфэ Бэчмырзэхэ я кхъащхьэкIэ зэджэм деж къыщызэтеувыIащ. Жэпуэгъуэм и 10-м Бахъсэн гупми Къэщкъэтауми япщхэмрэ я уэркъхэмрэ къызэхуэсащ икIи гупитIми майорхэр къыщыувыIа щIыпIэм и лъэныкъуэ зырызыр хэщIапIэ ящIащ. Зы гупым и мурадыр адрейм занщIэу жриIэртэкъым, атIэ лIыкIуэ ящIа уэркъхэмрэ бейгуэлхэмрэ я гъусэу майорхэр гупитIым я зэхуаку дэтт, зым и псалъэр адрейм Iэрагъэхьэжу.

Зэрыхуэбгъэфащэ хъунумкIэ, апхуэдэ гупхэм я лIыкIуэхэр сыт и лъэныкъуэкIи Iуэхум есат, мыр мыбы IэщIагъэ яхуэхъуащ, жыпIэу. Псалъэм папщIэ, Къэщкъэтау гупым я лIыкIуэ Шыпш Алий а къалэныр 1753 гъэм и пэкIи и ужькIи игъэзэщIащ. Дауи, лIыкIуэу ущытын щхьэкIэ, фIэлIыкIымрэ цIэрыIуагъэмрэ я мызакъуэу, акъылышхуи зэфIэкIи уиIэн хуейт. Ахэр Къэбэрдейм и къэрал кIуэцI Iуэхухэм я щытыкIэм, цIыхухэм я Iуэху еплъыкIэм фIыуэ щыгъуазэт. Абы къыхэкIыуи нэгъуэщI къэралхэр, ди гъунэгъухэр хущIэкъурт апхуэдэ цIыхухэр Iулъхьэрэ саугъэткIэ къыдахьэхыну.

ЛIыкIуэхэм мыхьэнэрэ пщIэуэ яIам зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ Татаровыр. 1761 гъэм накъыгъэм  и 3-м пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэрызэхуэсам и гугъу ищIурэ, майорым мыпхуэдэу итхыгъащ: «Бахъсэн гупым щыщ пщыхэм къыджаIащ дэ ахэр, зэчэнджэщын щхьэкIэ, я закъуэ къэдгъэнэну, зэчэнджэща нэужь хъыбар къыдагъэщIэну. ИужькIэ ахэм хэнейрэ лIыкIуэ ящIащ Тамбий уэркъхэм ящыщу Долэтмырзэрэ ХьэпащIэрэ, Анзор Сосырыкъуэ сымэ».

Гупхэр зэрызэрыщIэр лIыкIуэхэм и закъуэтэкъым, атIэ абы шэсыпIэ жыхуаIэм хуэдэхэри яIэт. ЛIыкIуэхэр хасэм и пэм щыщIэдзауэ и кIэм нэс хэтмэ, шэсыпIэхэр абы щыхыхьэр зэгурыIуэныгъэр и кIэм щынэблагъэм дежт. Гупхэм тхьэ щызэхуаIуэм деж, ахэр шэсыпIэ ихьэу арат.

1753 гъэм жэпуэгъуэм и 31-м зэхалъхьа тхыгъэм мыпхуэдэу итщ: «Къэщкъэтау гупым я нэхъыжь Къетыкъуэ Жамболэт и къуэшхэри щIыгъуу, Бахъсэн гупым я лIыкIуэу Мысостхэ Бахъты-Джэрийрэ Мыхьэмэтхэ Мысострэ, лIакъуэлIэшхэу Тамбийхэ Долэтмырзэрэ Къундетхэ Анзоррэ щыту, къурIэным теIэбэурэ псоми тхьэ ирагъэIуащ. Абы иужькIэ Бахъсэн гупым я нэхъыжь Кургъуокъуэ Мыхьэмэт и къуэшхэми, Къэщкъэтау гупым я лIыкIуэ Тэтэрхъанхэ Жанхъуэтрэ Къанэмэтхэ Елбэздыкъуэрэ, пщIэ зыхуащI уэркъхэу Къуэжьокъуэхэ Жамборэрэ Шыпшхэ Алийрэ щыту тхьэ ирагъэIуащ».

Мы псоми лъэныкъуэкIэ уакъыщеплъмэ, гъэщIэгъуэныр мыращ. Зы Хасэм къекIуэлIа пщыхэмрэ уэркъхэмрэ япэ щIыкIэ гупитIу загуэшырти, щхьэж езым и зэIущIэ иригъэкIуэкIыжырт. Ауэ щхьэхуэ-щхьэхуэ зызыщIа а гупхэр аргуэру гуп тIурытIу зэхэкIыжырт: пщыхэр щхьэхуэу, уэркъхэр зэгъусэу. А гуэшыкIэр гугъу щыхъу, щызэхэзэрыхьыпэ щыIэт.

Псалъэм папщIэ, пщы гуэр, и къуэшхэмрэ и уэркъхэмрэ щIыгъуу, езым къапэщIэт гупым ящыщ пщы гуэрым щыкъуэувэм деж. Ар Iуэхугъуищым къашэрт: Къэбэрдейр пщыгъуэ-пщыгъуэу, гуп-гупу зэрыгуэшам; тепщэхэр пщырэ уэркъыу зэрызэхэтым; абы ехьэлIауи зэIущIэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу зэрырагъэкIуэкIым. ИкIи, шэч хэлъкъым, а псори къызыхэкIыу щытар кIэ имыIэу пщыхэр зэбийуэ, зэижу, зэпэщIэту зэрекIуэкIырт. Ауэ, дауэ хъуми, сыт хуэдэ зэгурыIуэныгъэ, ерыщыгъэ я зэхуаку дэмылъами, дэтхэнэ зы гупми и къалэнт хабзэр игъэзэщIэну, хабзэм тетыну.

 

Поделиться: