ЦIыкIу щIыкIэ зыхамылъхьар

БЭГЪУЭТЫЖ Светланэ, артисткэ, оперэ уэрэджыIакIуэ:

  Сэ сыщыцIыкIум Шульженкэ и уэрэд жыIэкIэр зыхэслъхьэ щыIэу щытакъым. Шэнтым сытрагъэувэурэ абы и уэрэдхэр жызагъэIэт. Патефоныжьым дедаIуэрт, зауэ нэужь уэрэдхэр дахэ дыдэтэкъэ?! Си пхъурылъху цIыкIур илъэсищ фIэкIа щымыхъум Моцарт едаIуэрт. Ар щIыжысIэращи, цIыкIу щIыкIэ зыхамылъхьар балигъ хъуа иужь я акъылым нэсыжынукъым.
ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ
    Си адэ Батыр макъ гъэщIэгъуэн иIэт. Орджоникидзе къалэм дэт мыдрисэхэм илъэсиблкIэ щеджауэ оситиныбзэри хьэрыпыбзэри уэрсэру ищIэрт, игъащIэ лъандэрэ школ унафэщIу лэжьауэ цIыху губзыгъэт. «Сулико» къызжиIэрейуэ щытащ папэ. ИтIанэ абы зэчыр щыжиIэкIэ апхуэдизкIэ макъ гуакIуэкIэ ахэр игъэIурти, сыщIэжеикIырт. Абы хэлъа гуэр къыщIэкIынщ си деж къэсар.
Лъагъуэм и щIэдзапIэр
    Артист IэщIагъэр зыгъэлъэхъшэну хэтхэм я жыIэм тепщIыхьмэ, абы уи бын хуумыгъаджэмэ нэхъыфIщ. Апхуэдэ гупсысэр зыпкърагъэхьа си анэри хуейтэкъым артисткэ сыхъуну, зыщIэхъуэпсыр дохутыр IэщIагъэрт. СыщIэтIысхьащ медицинэ колледжым. Мазэ нэхъ семыджауэ, си тхьэкIумэм къицырхъащ музыкэ училищэ къызэрызэIуахар. ИкIи куэдрэ сыгупсысакъым. Абы сызэрыщIэтIысхьар си адэ-анэм къыщащIар мазитI дэкIа нэужьщ. Папэ арэзыти: «Iэминат, и гугъу умыщI, мыр а Iуэхум хэзэгъэнущ», - щыжиIэм, мами тесэбырэжащ. Си цIэ къраIуэ хъуа иужь, абыхэм зы спектакли благъэкIакъым емыплъу. Си анэр щыхущIэмыхьэм и деж папэ къакIуэрти, япэ сатырым щысу къызэплъырт, и нэпсхэр щIилъэщIыкIыу. СелъэIурт абдеж дыдэ къэмытIысыну, ар щыгъкIэ сэри си гъын къызэрыкIуэм щхьэкIэ.
ХъуэпсапIэ
    Зы зэман театрым и утыкум зэуэ къихьащ Гъэсашэ Наталье, ПащIэ Ахьмэд, Гергоковэ Тамарэ, Бэрэгъун Владимир, Дэбагъуэ Хьэсэн, Жанатаев Исмэхьил сымэ хуэдэ оперэ уэрэджыIакIуэ лъэщхэр. Къапщтэмэ, цIыхухэми фIыуэ дыкъалъагъурт, Правительствэми пщIэшхуэ къытхуищIырт абы щыгъуэ. Иджыпсту гъуазджэм и Iуэхур тIэкIу дэхуэхауэ гу лъызотэри, си жагъуэ дыдэ мэхъу. КъБР-м и унафэщIхэм хуабжьу сащогугъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ нэхъри гулъытэ хуащIыну.

Зытхыжар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: