Абы и уэрэдхэр тхыдэщ, бзэщ, хабзэщ

Куэд щIауэ соцIыху Зырамыку. ДыкъакIуэмэ, дызэ­хуозэ. Ди насып къихьри, Иорданым нэкIуати, абыи дыщызэбгъэдэсащ, и гушыIэрэ уэрэдрэ жедгъэIэу. Сешамэ е гукъеуэ гуэр сиIэмэ, Зырамыку и уэрэдхэм содаIуэ, лъэпкъым и тхыдэр, и гъащIэр си нэгум щIэкIым хуэдэу. Мыбы сыкъэкIуэжауэ сыщыщыIэм и деж, ма­хуитI-щы нэхъыбэ дэзмыгъэкIыу, сокIуэри сыбгъэдос. Iыхьшыхьу ущIыхьамэ, къэщIэлэжауэ, и макъри ­жьгъыру къэхъужауэ, сэри си псэм зигъэпсэхуауэ сыкъыщIокIыж.

 

ЗЫРАМЫКУ лъэпкъым хуищIам и мыхьэнэр къэIуэтэ­гъуейщ. Абы и фIыщIэкIэ куэд хъума хъуащ лъэпкъым и фIыгъуэу, фэ къытезыгъауэу. Зырамыку уэрэду зэхуихьэсыжам зэманрэ лэжьыгъэшхуэрэ зэрепхар гурыIуэ­гъуэщ. Хъыбарыжь, уэрэдыжь къыбжезыIэжын къэ­гъуэтын, ар къэбгъэпсэлъэфын, птхын, а псор теп­тхыкIыжын хуейщ. Апхуэдэу уэрэд 200 - 300 уелэжьын жыхуэпIэр Iуэху тынш? Абы щыгъуэм щыIа Совет властым и къалэну къилъытэрт IуэрыIуатэр зэхуэхьэсынри, щIэныгъэлI гуп зэригъэуIуурэ игъэлажьэрт. Хуабэти, щIыIэти, ди унэжьти ­жамыIэу лэжьахэр мыхъуамэ, ар къэзыIуэтэжа лIыжьхэм, фызыжьхэм IуэрыIуатэр здахьыжынут. Си щхьэ Iуэху, си унагъуэ Iуэху жимыIэу, абы зэрытелэжьам щхьэ-кIэ фIыщIэшхуэ хузощI Зырамыку.
Сэ щIэх-щIэхыурэ Зырамыку телефонкIэ сепсалъэрти, гу лъыстат и уэрэдхэм зэрытегузэвыхьым, ахэр зытет плёнкэхэр зэманкIэ кIуэдыжыну, зэпыщэщыну жаIэу зэхызохри согузавэ къыщызжиIэм, сфIэемыкIуащ а гупсысэр абы щхьэщызмыхыну. Зырамыку ищIа лэжьыгъэм, абы къарууэ тригъэкIуэдам елъытауэ сытым щыщт а уэрэдхэр лазер дискым требгъэтхэным ихьынур. Арати, дискым техуэр трезгъатхэри, езыми Зырамыку и уэрэдхэр фIыуэ зылъагъу си ныбжьэгъухэми яхуэзгуэшащ. Сэ ар мылъку къызыхэпхын, сату зэрыпщI хъун Iуэхум схунэгъэсакъым, абы елэжь фирмэ тэмэмым ахъшэшхуэ ептын хуейти. Ауэ а трезгъэтха тIэкIури си дежкIэ лъапIэщ, сыту жыпIэмэ Зырамыку и уэрэдхэр, иджыри зэ къытызогъэзэжри, икIи тхыдэщ, икIи бзэщ, хабзэщ, цIыху къызэрыгуэкIхэр, пщыхэр зэрызэхущыту щытар, лъагъуныгъэр, нэгъуэщI Iуэхухэри къытхуэзыIуатэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ар лъэпкъ щIэн­гъуазэ хуэдэу мэхъу. Адыгэм, ди насыпти, Зырамыку, макъ дахэкIэ уэрэд жиIэ къудей мыхъуу, лъэпкъ тхыдэм, щэнхабзэм теухуа щIэныгъи бгъэдэлът. А псори зы цIыхум и деж щызэхуэхьэсауэ куэдрэ къэхъуркъым.
Куэдрэ согупсыс лъэпкъым зыгуэр хуэзыщIэф цIыхухэр Iэтын, гъэлъэпIэн, зыхуей хуэгъэзэн зэрыхуейм. Ар щIэблэм дежкIэ щапхъэ хъунущ. «Зырамыку ищIатэкъэ хузэфIэкI, хэт ар къызыфIэIуэхуар?» - жаIэу я щхьэ Iуэхум, я унагъуэ Iуэхум нэхъ зратынкIэ хъунущ лъэпкъым зэрыщхьэпэн щIэныгъэрэ IэщIагъэ тэмэмрэ зиIэу щIалэгъуалэм яхэтым. Илъэс 80 - 90-кIэ узэIэбэкIыжмэ, тхауэ зыри диIэтэкъым. Иджы тхылъкIи, театркIи, университеткIи нэгъуэщI ­лъэп­къ­хэм дакъызэрыкIэрыху щыIэжкъым. Хэкум никIыу хьэщIэ нэкIуахэм щIэныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ яхэтмэ, сригушхуэрт, дэри зы лъэпкъыу дызэрыщыщыр, ди щIыбагъ тхыдэшхуэ, хабзэ, щэнхабзэ къызэрыдэтыр дызыхэсхэм ягурыдгъэIуэну Iэмал дгъуэтырти.
- «Зырамыку и уэрэдхэм псори едаIуэрэ?» - жиIэри, зыгуэр къызэупщIат. Абы жэуапу естыжаращ: Шекспир и тхылъхэм псори еджэрэ, Гёте псоми яцIыхурэ, Чайковскэм псори едаIуэрэ? Ахэр щIыщыIэр щIэныгъэ зиIэ, зи псэкIэ, зи щэнхабзэкIэ абы хуэхьэзыр цIыхухэращ.
Нобэ щыIэ уэрэд цIыкIухэм ущедаIуэкIэ, зыри уигу ­къинэжыркъым. Зырамыку и уэрэдхэм уагъэпIейтей, тхыдэм, ди адэжьхэм я гъащIэм ухешэ. Зырамыку сыбгъэдэсащэрэт жысIэу си гуапэу сыщIохьэри, «Уэлэхьи, сыхьэлъэм, сысымаджэм», - жиIэу сыкIуами, тIэкIу-тIэ­кIуурэ згъэгушыIэурэ, дыздэуэршэрурэ, гукъыдэж иIэ мэхъуж. Зырамыку и щхьэгъусэ Жанпагуи хуабжьу къыдолIалIэ, ерыскъы IэфI зэрыдигъэшхынум яужь иту. КIэщIу жыпIэнумэ, гуапэщ а унагъуэр, иджыри сыкъэкIуащэрэт жыпIэу укъыщIокIыж.

Сурэтым: Зырамыкурэ абы и щхьэгъусэ Жанпагуэрэ. 1955 гъэ

АМЩЫКЪУЭ Хьэшим. Иордание. 2003 гъэ
Поделиться: