Эшерэ дэт кхъащхьэмрэ музеймрэ

Абхъазым и щыгъуэ махуэм мыхьэнэшхуэ зрат зы щIыпIэ иIэщ республикэм. Ар дэтхэнэ зы абхъазым дежкIи лъапIэу къалъытэ.  Зи гугъу тщIыр  АР-м и япэ Президенту щыта, лъэпкъ лIыхъужь Ардзинбэ Владислав щыщIалъхьа щIыпIэрщ - Сыхъум пэмыжыжьэу щыIэ Эшерэ Ищхъэрэ къуажэм дэтщ.

Ди цIыхугъэхэм къызэрыджаIамкIэ, гъэ къэс шыщхьэIум и 14-м махуэ псом цIыхубэр макIуэ а щIыпIэм, лъэпкъым и пашэ Ардзинбэ Владислав ягу къагъэкIыжыну, хуэщыгъуэну. Апхуэдэ зы махуэ сыхэтащ сэри. Iуащхьэ цIыкIум тет кхъащхьэм цIыхухэр щыму дэкIуейуэрэ удз гъэгъахэр тралъхьэрт, лъэныкъуэкIэ еувэкIырти, абы хуащI пщIэм и нэщэнэу, дакъикъэ зыбжанэкIэ щытт, Владислав зэрихьа лIыгъэм, хахуагъэм, лъэпкъым и пащхьэ къыщихьа фIыщIэхэм тепсэлъыхьу.

Кхъащхьэм ибгъумкIэ къыщытщ Ардзинбэ Владислав и цIэр зезыхьэ музейр. Куэд щызэхуэхьэсащ пэшиплI хъу унэм, хьэпшыпхэр екIуу щызэгъэзэхуащ. Нэхъ ипщэ дыдэ пэшым фIэлъщ Ардзинбэ и закъуэу зэрыт сурэтышхуэхэр. Уеплъ пэтми зыщыбгъэнщIкъым лъэпкъ фащэр щыгъыу, зэуапIэ губгъуэм иту, и унагъуэм яхэсу, лэжьапIэ пэшым щIэсу, и хэкум и дахапIэхэр и щIыбагъ къыдэщу зэрыт сурэтхэм. Абыхэм ящыщщ Ардзинбэ и дохутыру щыта, Абхъазым щызэуа, иджы абы щыпсэу адыгэ щIалэ Гъуо Анзор бгъурысу зытрагъэхауэ щыта сурэтри.

ПэшитIым и блынхэм щыфIэдзащ Эшерэ щыщ, Кавказ Ищхъэрэм къикIа, Гумистэ фронтым Iута лIыхъужьхэм я сурэтхэр. Апхуэдэуи «Абхъазым и лIыхъужь» медалыр, Леон орденыр, Хахуагъэм папщIэ медалыр зратахэм я цIэ унэцIэхэр зэрыт тхылъхэр щIэлъщ. ГуIэгъуэ куэд къэзыхьа зауэм, Iэгу хуэдиз хъу къэрал цIыкIум, куэд зыщыгуфIыкIа ТекIуэныгъэм теухуа усэхэр Iэнэхэм тегуэшащ. ПэIущIэ пэшым щIэлъщ Владислав и хьэпшыпхэр, кърата дамыгъэ лъапIэхэр, и тхылъхэр, нэгъуэщI куэди. Абхъазхэм я лIы пашэм пщIэшхуэ хуащI, музейм щIыхьэхэм сурэтхэм Iэ далъэ, тхьэ хуолъэIу!

Жэнэтым пащI щIыналъэ цIыкIур зыхъумахэрщ музейр зыхуащIар, абыхэм я нэхъыжьу щыта Ардзинбэ Владислав и тхьэмадэ хуэдэщ а унэ зэгуэтым. Уи нэгу къыщIонэ абы щеблэкIа сурэтхэм къарыщ щIалэщIэ цIыкIухэм я теплъэр. Ахэращ иджыри къыздэсым анэхэм ягъей къуэхэр, лIыхъужьыцIэм иригушхуэ сабийхэм я адэхэр, зи лъагъуныгъэ дахэр къызэпауда хъыджэбзхэр зыхуэщыгъуэ щIалэхэр. Лъэпкъым и щхьэр лъагэу езыгъэIэт лIыхъужьхэм я «хэщIапIэщ», абхъазхэр нобэми щIэгуIэ нэщхъеягъуэм и дамыгъэщ, мамырыгъэм лъабжьэ хуэхъу фэеплъщ, блэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ унэщ - Эшерэ Ищхъэрэ дэт музейр.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: