Илъэс къэс нэхъыбэ мэхъу

«ШIэныгъэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу, Бахъсэн и «Кооператор» хьэблэм школакIуэу 1224-рэ зыщIэхуэн школ щаухуэ.

Къатищу зэтет унэм метр зэбгъузэнатIэ мин 26-рэ и инагъщ. Школым хэтынущ цIыху 560-рэ зыщIэхуэ пэшышхуэ. Абы хэтынущ къэфапIэ, музыкальнэ Iэмэпсымэхэмрэ фащэхэмрэ я хъумапIэ, зытIэщIыпIэ, зытхьэщIыпIэ, спортпэшу тIу.

КъищынэмыщIауэ, еджапIэм къыщызэ Iуахынущ дэн-бзэным, пхъащIэ, гъукIэ хуэIухуэщIэхэм щыхурагъаджэлъэщапIэ, цIыху 400-м щIигъу зыщIэхуэ шхапIэ. ЕджапIэм и класс пэшхэр нэхуу, Iэхуитлъэхуиту щытынущ. Гектари 4 зи инагъ пщIантIэм иIэнущ зыгъэпсэхупIэ, гимнастикэм, спортым и нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэм хухэха утхэр, зэхуэсхэр щекIуэкIыну щIыпIэ щхьэхуэ. ЕджапIэр хьэзыр хъунущ 2023 гъэм и кIэм.

«Урысей зэкъуэт» партым и нэIэм щIэт ЦIыхубэ программэм хиубыдэу, 2022 - 2023 гъэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт школи 10 щаухуэнущ,

Прохладнэ къалэм, Нарткъалэ, Куба къуажэм цIыху 1785-рэ зыщIэхуэн школыщIэхэр мы гъэм и кIэм, цIыху 4539-м тращIыхьа адрей еджапIи 7-р 2023 гъэм и кIэм къызэIуахынущ.

Курыт еджапIэу 29-рэ и лъабжьэм къыщыщIэдзауэ и щхьэм нэсыху къагъэщIэрэщIэжынущ: ток кIапсэхэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, лъэгухэр яхъуэжынущ, пэш кIуэцIхэр зэрахьэнурэ иджырей IэмэпсымэхэмкIэ яузэдынущ, школ пщIантIэхэр зэIузэпэщ ящIынущ.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: