Налшык къалэр зыгъэдахэхэр

«Навеки с Россией» монументыр Налшык къалэкум итщ. Ар 1957 гъэм ягъэуващ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум ирихьэлIэу. Куэдым зэращIэщи, 1557 гъэм кавказ лъэпкъхэм ящыщу япэу адыгэхэращ Урысей къэралыгъуэм гухьар. 
Идар Темрыкъуэ ипхъу, Иван Грознэм щхьэгъусэ хуэхъуа Марие и «пкъыр» жэзым къыхэ­щIыкIащ. Ар Къэбэрдейм и дамыгъэ хуэдэщ, зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм теухуа дэфтэрыр иIыгъщ. Фэеплъым и щIэщIы­кIым бгырыс лъэпкъхэм я тхыдэ гъуэгуанэр къытощ.

 

 

 

 

 

«Навеки с Россией» аркэр лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и щыхьэтщ, тхыдэм щIыхь зэры­хуащIым и джэлэсщ. Абы Налшык къыдэлъэдапIэр егъэдахэ, пкъо хужьхэр щIэгъэкъуащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Урысей Федерацэм я гербхэр тетщ. 

Аркэр 2007 гъэм яухуащ, Къэ­бэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 450-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

 

 

 

 

 

«Сосрыкъуэ» шхапIэр Налшык зыгъэдахэ щIыпIэ нэхъ цIэ­рыIуэхэм ящыщщ. Абы и архитектурэм ещхь ухуэныгъэ къалэм дэткъым. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм Малая Кизиловкэ бгым тращIыхьащ «Сосрыкъуэр». Нартхэм мафIэ къахуэзыхьыжа лIы­хъужьым и теплъэр дахэу дэтщ Налшык, и Iэм IэщIэлъ «мафIэ бзийр» жэщым къаблэу. 
Абы и Iэгъуэблагъэм уитмэ, Налшык уи Iэгум итым хуэдэу ­болъагъу. Бгым машинэкIэ удэ­кIуей мэхъу, къищынэмыщIауэ, кIапсэ гъуэгукIи утым и куэщI укъыщохутэ.

 

 

 

 

 

Европэм щынэхъ ин дыдэ чейр Налшык и Долинск щIыпIэм итщ. Чей теплъэ зиIэ шхапIэр Налшык и жыг хадэм 60 гъэхэм иращIыхьащ икIи цIыхухэм яфIэ­телъыджэу къекIуэкIащ. 
Абы щыхьэщIэхэр иджыри ­нэхъ мащIэ хъуакъым. Республикэм исхэми зыгъэпсэхуа­кIуэ ­къакIуэхэми ящIэ «Чейм» пивэфI зэрыщыбгъуэтынур, лъэпкъ шхы­ныгъуэ IэфIхэмкIэ уи ныбэ изу узэрыщагъэшхэнур.

 

 

 

 

 

Архитектурэ ухуэныгъэ зэкIужщ жыгхэм къаухъуреихьауэ паркым ит Театр щхъуантIэр. Ари Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум ирихьэлIэу ящIащ. УхуакIуэхэм къайхъулIащ зыгъэпсэхупIэ, зыплъыхьыпIэ щIы­пIэ дахэм екIупс амфитеатрыр щаухуэн. 
Къатищу зэтет театрыр дуней ­псом щыцIэрыIуэ артистхэми зыкъыщагъэлъэгъуэн хуэдэу зы­хуеину псомкIи зэгъэпэщащ. ЦIыху 2560-рэ йохуэ. И утыкум музыканти 150-рэ зыхэт оркестр щолэжьэф.

 

 

 

 

 

Ди къалэр зыгъэдахэ унэхэм ящыщщ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрыр. 1936 гъэм мэ­къуауэгъуэм и 13-м Облисполкомым и Президиумым и зэIущIэ екIуэкIащ. Зы Iуэхугъуэт абы ­къыщаIэтар - «Къэбэрдей лъэпкъ театр къызэгъэпэщыным теу­хуауэ», щIыналъэ театр курсхэр къэзыуха цIыху 12 абы щылэжьэнуи яубзыхуащ. 
Апхуэдэ щIыкIэкIэ 1937 гъэм накъыгъэм и 1-м Къэбэрдей колхоз-совхоз театрым лэжьэн щIи­дзащ, Станиславский Н.Д. и художественнэ унафэщIу, режиссер нэхъыщхьэу. Иджы ар репертуар­-кIэ бей, цIыхубэм фIыуэ ялъагъу театр лъэрызехьэу мэ­лажьэ.

 

 

 

 

 

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрыр 1939 гъэм щэкIуэгъуэм и 8-м ­Балъкъэр колхоз-совхоз театру къызэрагъэпэщауэ щытащ, а ­махуэ дыдэми япэ спектаклыр ягъэлъэгъуащ. Абы щылажьэрт 1935 гъэм ГИТИС-р къэзыуха балъкъэр студиер. 
1991 гъэм балъкъэр театрым къэзыгъэзэжа студием актер лъэрызехьэ куэд яхэтащ. Республикэм и илъэси 100-м ирихьэлIэу театрыр дахэу къагъэщIэрэщIэжащ.

 

 

 

 

 

Музыкэ театрым и тхыдэм илъэс 50 къызэщIеубыдэ. Абы лъандэрэ гъуазджэм и хэщIапIэ нэхъыщхьэм щIэх-щIэхыурэ Iуэху дахэ куэд щокIуэкI, республикэм исхэри яфIэфIу йокIуалIэ. Музыкэ театрыр 1968 гъэм щIы­шылэм и 27-м къызэIуахауэ щытащ. Абы щыгъуэм ягъэлъэ­гъуащ Коган Л. и «Аминат» балетыр. 
Музтеатрым щагъэуващ икIи щагъэлъэгъуащ классикэ опе­реттэхэр, музыкэ комедиехэр, мюзиклхэр. Иджыпсту лэжьыгъэ ­20-м щIигъу хэтщ абы и репер­туарым, сабийхэм папщIэ спек­такль куэд щагъэлъагъуэ, концертхэр, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щокIуэкI.

 

 

 

 

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Лъэпкъ музейр 1921 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы щыгъуэм налшыкдэсхэм елъэIуащ абы щIэ­лъыну яIэ хьэпшыпхэр къызэ­хуахьэсыну. ИкIи, пIалъэ къыхамыгъэкIыу, япэ экспонат 1200-р къызэхуахьэсауэ щытащ. 1930 гъэхэм къыщыщIэдзауэ музейм и гъэтIылъыгъэхэм хохъуэ, ар Кавказ Ищхъэрэм и нэхъ бейхэм ящыщщ. 
Москварэ Ленинградрэ дэт къэрал музейхэм ди Лъэпкъ музейм тыгъэ къыхуащIащ сурэ­тыщI цIэрыIуэхэу Брюллов, Айвазовский, Рубо сымэ я IэдакъэщIэкIхэр. НобэкIэ музейм ­экспонат мини 150-рэ иIэщ. Гъэ­лъэгъуэныгъэхэр щIэх-щIэхыу­рэ къыщызэрагъэпэщ. 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: