Лэскэн – и тхыди, и щIыуэпси удэзыхьэхщ

Хэти щыгъуазэщ, адыгэхэр иджыпсту зытес щIыналъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэжым я адэжьхэр тепсэукIыу зэрыщытами, а щIыгум щыщу, лъэхъэнэ кIэщI дыдэм къриубыдэу, ди гъунэгъу лъэпкъхэм лъагъэсар зыхуэдизми.
Адыгэм и лъэм хуиту зыщиукъуэдийуэ щыта щIыналъэхэм ящыщщ ди гъунэгъу Осетие Ищхъэрэ-Аланием и иджырей губгъуэ-сэтейхэри, абы ищхьэжкIэ щыIэ къущхьэ жьанэхэм я къыдэкIыпIэхэри. Тхыдэм набдзэгубдзаплъэу ириплъэж дэтхэнэми и нэгу къыхущIэгъэувэжынущ ди лъэпкъым и къуажэ бжыгъэу а Iэхэлъахэм исар зыхуэдизри…
Псалъэм папщIэ, Урыс-Кавказ зауэжьым ипэ къихуэу, Тэрч псым и ижьрабгъумкIэ щыIэ щIыгум, иджырей осетин жылэхэу Дарг-Кохрэ (Дэркъуэхъурэ) Брутрэ я ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ лIакъуэлIэш Анзорхэ я къуажибгъу исыгъащ.
ИужькIэ, Къэбэрдейм и гъунапкъэхэм урысхэм гъунэгъу зыкъыщыхуащIым, Анзорхэ я IэмыщIэ илъа къуажэхэр къызэщIакъуэри, а зэманым нэхъ зылъэIэсыгъуейуэ къалъытэу щыта Лэскэн и къуэладжэм и кIыхьагъкIэ дагъэтIысхьат. АрщхьэкIэ, I825 гъэм, Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэр щыфIэкIуэдыпэм, Анзорхэ, къанэ щIагъуэ щымыIэу, я блыгущIэтхэр зэщIакъуэри, урыс пащтыхьыр а лъэхъэнэм иджыри зи тепщэ мыхъуа Шэшэнымрэ ДагъыстэнымкIэ яунэтIащ, а лъэныкъуэмкIэ урысхэм къащыпэлъэщын я гугъэу.
Анзорхэ я жылэхэм щыщу Къэбэрдейм къинахэм зыкъызэщIакъуэжри, езыхэм я унэкъуэщ пщыхэу Къесын (иджырей Анзорей), Аслъэмырзэ (Лэскэн ЕтIуанэ), Хьэту (Хьэтуей) сымэ къызэрагъэпэщауэ щыта къуажэхэм зыдагъэзэгъащ. Анзорхэ зэхэзехуэн абы иужькIи ящIащ. Урыс-Кавказ зауэжьым и кIэуххэм уэру къызэребла истамбылакIуэм и жьы щIыIэр зыщIихуахэм ящыщщ абыхэм я жылэхэу Къэбэрдейм къинауэ щыта тIэкIури. Хамэ къэрал икIыжа Анзорхэ я щIэблэм тIысыпIэ яхуэхъуа къуажэхэм ноби Тыркум ущрохьэлIэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Афшын къалэм пэгъунэгъуу щыс Анзорей адыгэ жылэри.
ЩIыуэпсым сыдехьэх
Лэскэн псыр къуэм къыщыдэнэхукIхэм деж сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыс къуажэм Октябрь Революцэ Иным ипэ къихуэу «Анзор Аслъэмырзэ и жылагъуэ» - кIэ еджэу щытащ. Дэ, зэкъуэшхэу Амиррэ сэрэ, дыкъыщыхъуа а жылэмрэ ди анэшыр зыщыщ Хьэтуейрэ зэрызэпэжыжьэ щIагъуэ щыIэкъым: а къуажитIыр зыбгъэдэс къуршыпсхэр тафэм къыщытеуфэразэхэм деж я зэхуаку дэлъыр километри I0 иримыкъущ. Апхуэдизу а тIур зэрызэпэгъунэгъур дыкъэзыухъуреихь дунейм и зэхэлъыкIэм сыдихьэхын щыщIэздзагъащIэхэм сэбэп къысхуэхъужауэ щытащ.
АтIэми, си къыдэкIуэтеигъуэм щегъэжьауэ а къуажитIым я Iэгъуэблагъэр лъэсрэ гукъинэжу зэрызэщIэзгъыхьэ хъуну щIыкIэр къэхутэнми сыщIэхъуэпсырт. АрагъэнкIи хъунщ иужькIэ езгъэкIуэкIыу щIэздза «къэхутэныгъэ» цIыкIухэм пэублэ яхуэхъуари.
СызэрыцIыкIурэ мэзри фIыуэ солъагъу, къуакIэ-бгыкIэхэми, ныджэ-псыхъуэхэми сыдахьэх. Къуршыжьхэм сащыхуеплъэкIкIэ, «сынэсу, я джабэщIхэм къыщызущыхьащэрэт!» жысIэрт. Абы къищынэмыщIауэ, «мы мэзым уфIэкIмэ, адэкIэ сыт къыщыппэплъэр», «мо къуэм удэкIмэ, сыт узыхуэзэнур?» упщIэхэмкIэ нэхъ балигъыIуэхэми захуэзгъазэрт. Школым сыщыщIэса япэ классхэм къыщегъэжьауэ, географ картэхэми сыдахьэхыу, ярытми тыншу сригъуазэу сыкъекIуэкIащ.
Сыщынэхъ щIалэхэм къыщыщIэдзауэ лъакъуэрыгъажэкIэ къэжыхьынри, пэсщI щымыIэм хуэдэу, фIыуэ слъагъурт.
ЩIыналъэм и зэхэлъыкIэм сызэрыдихьэхым гу лъитагъэнкIи хъунт, сщIэркъым, ауэ сызыщIэупщIэхэм гугъэпсэхуу пэгъуэкI къезытыжыфу щытари, а лъэхъэнэм уэршэрэгъу пажэу сиIари ди адэм и анэ Марусэщ. Арат абы зэреджэр. Езым и дыщыр Къуэжьыкъуеипщэ (иджырей Жэмтхьэлэ къуажэ) дэс Сокъурхэт.
Урыху и тIуащIэм сыхуопIащIэ
Зыщысплъыхьын, си нэгу зыщезгъэужьын фIэкIа нэгъуэщI Iуэху зезмыхуэу, Лэскэн псым и адрыщIым сызэрытебэкъуауэ щыта щIыкIэм иужькIэ сытепсэлъыхьыжынщ, си сабиигъуэм теухуа гукъэкIыжхэри абдежым къыщызэтезгъэувыIэнщи, жьанэ Iузэвыжьым Урыху къыщыдэкъуэлъыкIхэм деж лъакъуэрыгъажэкIэ сызэрыIушэсауэ щытам и хъыбарыр есшэжьэнщ.
Сытезыгъэгушхуар уэ къащIэ, ауэ сэ схузэфIэкIащ лъакъуэрыгъажэкIэ Налшык сыдэкIыу, япэ махуэм Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм сынэсын, ар зыдэс тIуащIэм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ къыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьым сыхуеужьэрэкIыу, километр 20 хуэдизкIэ «зыдэздзеин», абдежми сыкъыщымыувыIэу, гъуэгур здебгъунлъэкI ОсетиемкIэ есIуэнтIэкIын, Къэбэрдей-Балъкъэрым абдежхэм нэхъ къыщыпэгъунэгъу Ираф куейм и къуажащхьэ Шэгуолэ (Чикола) сыдыхьэн, аргуэрыжьу ипщэ лъэныкъуэ зысщIу, километр 22-рэ хуэдизкIэ сыдэжеин, абдеж дыдэм ущызыIущIэ жьанэм Урыху псышхуэр къыщыдэкъуэлъыкIхэм деж сыIушэсэн.
Абыхэм ящыщу мызыгъуэгукIэ зи гугъу сщIыну сызыхуейр, Анзор Аслъэмырзэ и жылэр (Лэскэн ЕтIуанэр) зыдэс къуэм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ лъакъуэрыгъажэкIэ сыдэжейуэ, Ерокъуи Хъуикъуажи (осетинхэр зыдэс нобэрей Лэскэн Езанэ къуажэм апхуэдэущ зэреджэу щытыгъар) саблэкIыу, псыхъуэм къыщхьэщыт шытх мащIэм сызэрыкIэрыхьауэ щытарщ.
А лъэхъэнэм къэкIухьыныгу сыхъуати, си зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм ирезгъэхьэлIэри, лъакъуэрыгъажэр къэзгъэIэгъуащ. Абы сытетIысхьэщ, къалэм сыдэкIри, Ростов-Баку федеральнэ гъуэгу нэхъыщхьэм сытехьащ. Сыхьэт зыщыплIым къриубыдэу Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм сынэсащ.
Лъакъуэрыгъажэ сытесрэ щIыуэпсырыхыхьэу а махуэм скIуа гъуэгуанэм арэзы сытехъуэ хъуну къыщIэкIынти, сыщалъхуа къуажэм сызэрыдыхьэу, си лъэр абдежым «щыслъэхъащ», си благъэхэми а пщыхьэщхьэм сабгъэдэсащ. Абы щыгъуэ ди анэшхуэу фIыщэу дыкъэзылъагъумрэ абы къыбгъэдэс ди адэ къуэш Щэлыуатрэ иджыри псэут.
Дызэдэуэршэру, ерыскъы IэфIми дыпыдзакъыкIыу дыздэщысым, сыфIэлIыкIыпэурэ анэшхуэм есIуэкIащ Налшык сыкъызэрикIа «гъущIышым» нэхущхэм деж сышэсыжу, къуажэр зыIус псыр къыщежьэ лъэныкъуэмкIэ дэзгъэзеину сызэримурадыр.
Къуажэр къызэщIэмыушэ щIыкIэ
Пщэдджыжьым зизмылъэфыхьу сыкъыдэкIащ. СакъызэрыхэкIыр фIэмыфIыщэми, си анэшхуэм сыт ищIэнт: унагъуэм ис адрейхэм япэ сригъэщри, сигъэшхащ, сыкъыщежьэми гъуэмылэ къысIэщIилъхьащ.
МахуэщIэм къыдэунэхуа гъуэгуанэм и щIэдзэкIэ хъуари гъэщIэгъуэнщ: нэ лей зытезмыгъаплъэмэ нэхъ къасщтэу, «гъущIышыр» си Iэдэжрэ къызыфIэзмыгъэIуэху щIыкIэу, уэрам бгъунж цIыкIумкIэ хуэм-хуэмурэ Лэскэн ныджэм сыдыхьащ.
«Къуажэр къызэщIэмыушэ щIыкIэ» жысIэри, нэхъ жыжьэ сызэрыIукIыным сыхущIэкъуащ. Сызэрыжейбащхъуэр абы къыхыхьэжри, япэу сызыблэкIа къуажэхэмрэ абыхэм я Iэгъуэблагъэмрэ щIагъуэу зыщысплъыхьакъым. АтIэми, ахэр, аддэ нэхъ пасэу, Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт еджапIэм иджыри сыщIэсу, зэзгъэлъэгъуауэ щытат.
Ди жылэм и гъунэгъу Ерокъуэрэ абы ищхьэжкIэ щыIэ Лэскэн Езанэ осетин къуажэмрэ, лъакъуэрыгъажэ ес цIыкIум сытесу, нэхъ псынщIэу сазэрыпхыкIыным яужь ситащ. АтIэми, нэхъ гукъинэж сщыхъуахэм щыщIадзар гъуэгу нэхъыщхьэр, Лэскэн псыхъуэм зыкъыдигъэзыкIыу, шытх цIыкIум и бгъуэщIым кIэрыхьа иужькIэщ... 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: