ЛIэщIыгъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ

Илъэсищэм щIигъу ипэкIэ Налшыки абы и Iэгъуэблагъэми иIакъым зызыужьа промышленность IуэхущIапIэшхуэхэр. Къалащхьэм дэтар хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыщIэзыгъэкI IэнатIэ цIыкIухэмрэ псы щхьэл зыбжанэрэщ, кхъуэщын, чырбыш, сэху щащI завод мыинхэмрэ кхъуей, тхъу хуэдэхэм щелэжь IуэхущIапIэхэмрэщ. I900 гъэм ирихьэлIэу псори зэхэту къалэм хиубыдэ щIыпIэхэм предприятэ щитIым щIигъу щыIэу арат. Абыхэм щылажьэрт цIыху 423-рэ.
Зызыужьыну хуежьа къалэм и дежкIэ ахэр мащIэ дыдэт. Абы къыхэкIыу а зэманым абы дащIыхьу хуежьащ IуэхущIапIэ нэхъ инхэр. I906 гъэм предприятэхэм я бжыгъэм фIыуэ къыхэхъуащ. Налшык дащIыхьащ тыкуэн зыбжанэ. Абыхэм щащэрт Налшык и заводхэм, фабрикэхэм къыщыщIагъэкI хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ куэд. Уней IуэхущIапIэхэм щелэжьырт фэм, пхъэм, гъущIыкIэхэм. Абыхэм щащIырт адрей гъунэгъу куейхэм щIэупщIэшхуэ щызиIэ бащлъыкъхэр, уанэхэр, гъущIхэкI Iэмэпсымэхэр. Апхуэдэу фIыуэ ящэхурт пхъэбгъухэр, пхъэ хъурейхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми къалащхьэм мылъкушхуэ къыхуихьырт.
ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм адыгэхэр хуабжьу елэжьу щытащ Iэщышхуэ гъэхъунымрэ шы зехуэнымрэ. Абыхэм я нэхъыбэм мэл гуартэшхуэхэр яIыгът. АбыхэмкIэ сатууфI ящIырт, псом хуэмыдэу мылъкушхуэ Къэбэрдейм къыхуихьырт шы щэным. Ахэр ящэхурт Мэздэгу, Псыхуабэ, Тифлис, нэгъуэщI къалэшхуэхэми къикI сатуущIхэм. Урыс пащтыхьым и дзэхэм папщIи шы куэд ящэхурт. Апхуэдэу I90I гъэм пащтыхьым зыIэригъэхьауэ щытащ сом мин 40-м щIыгъу и уасэ шы лъэпкъыфI. Урысейм сыт и лъэныкъуэкIи Къэбэрдейм зыкъыщIигъакъуэрт. А дэIэпыкъуныгъэхэм ящыщт шы заводышхуэхэр ухуэныр, шы зехуэным нэхъри зегъэужьыныр. Апхуэдэ гулъытэм и фIыщIэкIэ I900 гъэм Тэрч щIыналъэм щекIуэкIауэ щыта шы гъэлъэгъуэныгъэм Къэбэрдейм ираша шыхэм ящыщу I4-м зэхыхьэм я дамыгъэ лъапIэхэр къахьэхуауэ щытащ. 
Адыгэ щIыналъэм зиужь зэпытт. А лъэхъэнэ дыдэм Налшык округым къыщызэIуахырт банкхэр, ахъшэ хъумапIэхэр. «МэкъумэшыщIэхэм я банккIэ» зэджэ IуэхущIапIэхэм щIым елэжьхэм кредит къраIыхырти, я уней лъапсэхэм, гъавэ щIапIэхэм, хъупIэхэм зрагъэужьырт. Щхьэж къызэригъэсэбэпыф елъытауэ куэд къулей ирихъуащ а кредитхэм, къулейсыз дыдэ дэхъуари мащIэтэкъым. Апхуэдэу цIыхубэм къатехьэлъэрт я пщэм дэлъ налогхэр. Ахэр псом я дежкIи зэхуэдэти, къызэрыгуэкI лэжьэкIуэбэр пэлъэщыртэкъым. 
Апхуэдэ политикэ мыхъумыщIэм игъэгубж цIыхухэм пэкIухэр къызэрагъэпэщырт. Абы зэхуэдэу хэтт щIыпIэм щыпсэу лъэпкъ псори. Къэрэхьэлъкъым и гупсысэм зиужьырт. Абыхэм къалъэIэсыжырт Урысейм и курыкупсэм щекIуэкI зэрызехьэхэм я хъыбархэр. Апхуэдэу I905 гъэм и дыгъэгъазэм къэралым и щыхьэрым къыщыхъуа восстанэр даIыгъыу, Налшыки пэкIу ин щекIуэкIауэ щытащ, уеблэмэ Iэщэхэр къэзыщтаи яхэтт. АрщхьэкIэ зыкъэIэзыIэта гуащIэрыпсэухэр щIэх дыдэу я пIэ ирагъэтIысхьэжащ, зэрыхьзэрийхэм я къызэгъэпэщакIуэхэри ягъэтIысауэ щытащ. 
А щытыкIэм итт Къэбэрдейр, Урысейм Жэпуэгъуэ революцэшхуэр къыщыщыхъеям щыгъуэ.
 

 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: