Тхьэмадэ Iумахуэ

Лъытэгъуейщ КъардэнгъущI Зырамыку и гуа­щIэ­дэкIыр - ар апхуэдизкIэ инщ, зэмылIэужьыгъуэщи. Зы­рамыку и къалэмыпэм къыщIэкIауэ дунейм къы­техьащ пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэмрэ нэгъуэщI IуэрыIуа­тэхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ купщIафIэ куэд.

 

АБЫХЭМ ящыщщ Андемыркъан и хъыбархэр щызэхуэ­хьэса тхылъыр (зэхуэзыхьэсыжари зытхыжари езы Зырамыкущ). Къару ин дыдэ ирихьэлIащ Зырамыку пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыным - ахэр ди деж къэсамэ, псом япэрауэ, зи фIыщIэр КъардэнгъущI Зы­рамыкущ, ар мыхъуамэ, нобэрей щIэблэр щыгъуэзэнутэкъым ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа пасэрей уэрэдыжьхэм, абыхэм я макъамэхэри цIыхухэм ящыгъупщэжагъэнт. Дунейм тетыху, Зырамыку зыщIэкъуари зыхуэлэжьари аращ - адыгэ IуэрыIуатэм и фIыпIэр хэIущIыIу щIынырщ. Ар къехъулIащ Зырамыку - нобэрей щIэблэм хуихъумащ ди IуэрыIуатэм и хъугъуэ­фIыгъуэхэр. Аркъудейри пхурикъунущ Зырамыку и гуа­щIэдэкIыр зэрыин дыдэр къыбгурыIуэн щхьэкIэ. Куэдым къызэранэкIыфыркъым апхуэдэ гуащIэдэкI, ар зыхузэ­фIэкIыр ди IуэрыIуатэм куууэ щыгъуазэ, ар гурэ псэкIэ зыхэзыщIэ лэжьакIуэ Iумахуэрщ. Апхуэдэ лэжьакIуэт Зы­рамыку, аращ абы и IэдакъэщIэкIхэм я мыхьэнэр щIэлъы­тэгъуейр.
Адыгэ IуэрыIуатэр, псалъэм папщIэ, уэрэдыжьхэмрэ псалъэжьхэмрэ, зэхуэхьэсыным и закъуэкъым Зырамыку зи ужь итар: зи гупсысэр жан, зи гур мызагъэ щIэныгъэлI цIэрыIуэт ар - абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ ди Iуэры­Iуатэм и купщIэмрэ и лъэпкъ фащэхэмрэ щихутэ тхыгъэ хьэлэмэт зыбжанэ. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ ­Андемыркъан къыдэгъуэгурыкIуа хъыбархэр Зырамыку щихутэ тхыгъэр. Зырамыку хузэфIэкIащ лIыхъужь цIэ­рыIуэр щыпсэуа зэманыр игъэбелджылын - Зырамыку и пэкIэ зыми къехъулIакъым ар.
Шэч зыхэмылъращи, пасэрей адыгэ уэрэдхэм я куп­щIэмрэ япкърылъ гуащIэмрэ сэтей къэщIынымкIэ Зырамыку пэхъун бгъуэтынукъым - абы къыхуигъэщIат ар. Шортэн Аскэрбий къызэриIуэтэжамкIэ, абырэ Зырамыкурэ кIахэ адыгэхэм я деж еблэгъауэ, КIэрашэ Тембот Зырамыку къелъэIуауэ щытащ: «Лабэдэсхэм я гъыбзэм» дегъэдаIуэ», - жери. Езыми зыхилъхьэ щыIэтэкъым а уэрэдыр - къыхи­дзащ. Гъыбзэр и кIэм нигъэсыху, КIэрашэ Тембот и нэпсыр зэпыуакъым… Ар хузэфIэкIырт Зырамыку: уигури уи псэри итхьэкъурт, уэрэд къыхидзэмэ.
ГуащэхужькIэ зэджэ пщащэ цIэрыIуэ исыгъащ Беслъэнейм, абы и хъыбар итхыжащ урыс тIасхъэщIэх Торнау ­Фёдор (лъэпкъкIэ нэмыцэщ, адыгэпхъу щхьэгъусэ ищIауэ щытащ). Гуащэ дахэкIейр зэпаубыдри, зэкъуэшитI зэщыхьэжащ - Аслъэнджэрийрэ Адэлджэрийрэ (тIури къэбэрде­ипщт, Кавказ зауэм и зэманым КIахэм Iэпхъуауэ абы щызауэрт). Гуащэхужь и хъыбар теддзауэ щытащ «Адыгэ псалъэм», абы еджа нэужь, Зырамыку къэпсэлъащ: «Аслъэнджэрийрэ Адэлджэрийрэ я уэрэдым фыщыгъуазэ?» - жери. Дызэрыщымыгъуазэр жетIащ, апхуэдэ уэрэд ди деж къэсауи тщIэххэртэкъым. Уэрэдыр Зырамыку ихъумауэ къыщIэкIащ - ари теддзащ газетым.
Дызэрыщыгъуазэщи, пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэм ­хъыбар хьэлэмэтхэри къадогъуэгурыкIуэ. Хъыбархэм ­къаIуатэ уэрэдыр къежьэнкIэ щIэхъуар, ар зытеIукIар. Апхуэдэ хъыбар зыщIыгъу зы уэрэди ущрихьэлIэнукъым Зырамыку деж. Уэрэдыр къыхидзэрэ и кIэм нигъэсамэ, абы щIыгъу хъыбарри иIуатэрт Зырамыку - фIыуэ щыгъуазэти. Уэрэдымрэ абы къыдэгъуэгурыкIуэ хъыбарымрэ зэи зэкIэщIичыртэкъым Зырамыку: хъыбарыр щIымыгъумэ, уэрэдыр къыбгурымыIуэнкIэ зэрыхъунур ищIэрт - ар узытеплъэкъукI мыхъун хабзэт.
Апхуэдэщ КъардэнгъущI Зырамыку - и уэрэдхэри, и гъащIэ гъуэгуанэри, и дуней тетыкIари. Апхуэдэущ Зырамыку ди гум къызэринар - ар ди лъэпкъым зэи щыгъупщэнукъым.

КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид. Сурэтыр Гъыдэ Валерэ ищIащ.
Поделиться: