Иджыри зы ехъулIэныгъэ

Якутие - Саха Республикэм и къэралыгъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Якутск къалэм иджыблагъэ ЩIыналъэхэм я XI тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр, «Якутием и Тхылъ тедзапIэхэр - 2022» зи фIэщыгъэ зэхыхьэшхуэр щекIуэкIащ.

Урысейм ит къэрал тхылъ тедзапIэхэми, уней мылъкукIэ лажьэу тхылъ къыдэзыгъэкIхэми я зэIущIапIэ хъуа гъэлъэгъуэныгъэм къыдагъэкI тхылъхэм я фIагъыр, абы яIэ щIэупщIэр, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэуэ щаIэр, тхыдэ-узэщIыныгъэ къарууэ иIэр къэзылъытэ зэхьэзэхуэми хуэкIуащ. Къыхэдгъэща пщалъэхэр щызэпкърахыу, абы къыщыхэжаныкIахэм щагъафIэжу гъэлъэгъуэныгъэм унэтIыныгъэ 11 иIащ. Апхуэдэу «кIуэрыкIуэ зэхьэзэхуэм» хыхьа хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Тэтэрым, Башкъырым, Удмуртием, Рязань, Мэзкуу къикIа тхылъ тедзапIэхэр. Къыхэгъэщын хуейщ тхылъ зэпеуэм Къэзахъстанри зэрыхэтар.

«Лъахэхутэ къыдэкIыгъэ нэхъыфI дыдэр» унэтIыныгъэм къыщыхэжаныкIахэм къищынэмыщIауэ, фIыщIэгуапэкIэ тхылъих къыхагъэкIащ. Ар щыхьэт тохъуэ гъэлъэгъуэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэхэр Iуэхум я фIэщу зэрыбгъэдыхьар, дэтхэнэ зы къыдэкIыгъуэми гулъытэ щхьэхуэ зэрыхуащIар. «Лъахэхутэ къыдэкIыгъэ нэхъыфI дыдэр» унэтIыныгъэм, ди гуапэ зэрыхъунщи, щытекIуар Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа «Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэрщ».

Лъахэр къэхутэнымкIэ, щIыпIэ гъэщIэгъуэнхэр щызу икIи гурыIуэгъуэу къэIуэтэнымкIэ, дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр хуэщIыжынымкIэ нэхъыфIу къалъытар тхылъиту зэхэт «Къэбэрдей-Балъкъэр: щIыуэпсым и телъыджэхэр» сурэт альбомырщ. Ар зэхэзыгъэува Котляровхэ Мариерэ Викторрэ, сурэтыщI-дизайнер Щоджэн Жаннэ сымэ лъэкI къагъэнакъым ди хэгъэгур ЩIы хъурейм и щIыпIэ хьэлэмэтхэм ящыщу къэгъэлъэгъуэн, ар нэгъэсауэ дунейпсо хъугъуэфIыгъуэщу цIыхубэм я пащхьэ илъхьэн и IуэхукIэ.

КъэпщытакIуэ гупым Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа тхылъыр къыщIыхахам щытепсэлъыхьыжым щыгъуэ, ар зыми зэремыщхьыр, и гъэпсыкIэми и ухуэкIэми хуэдэу иджыри къыздэсым къыдэкIахэм зэрахэмытыр къыхагъэщащ. Сурэт альбомыр щIэнгъуазэм и пкъыгъуэхэр зыхэт, щIэныгъэм и щIыкIэхэр зыхэплъагъуэ, къэхутэныгъэ нэсхэр зэщIэкIа лэжьыгъэ ирокъу. «Ущыпсэу лъахэм хуиIэ лъагъуныгъэр сурэткIэ къэбгъэлъагъуэфыныр, дауи, Iэзагъэщ, ауэ ар зыхэпщIэу, ухуэпабгъэу зэхэбгъэувэныр къызэрымыкIуэу къаруушхуэщи, Котляровхэ Мариерэ Викторрэ ар къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ. Ар зыхэпщIэнкIи Iэмал иIэтэкъым тхылъым и тхылъымпIэр, зэрытедза щIыкIэр Iуэхум къыхэмыхьатэмэ. Тхылъым и мызакъууэ, тхылъымпIэми псэ халъхьащ ар къыдэзыгъэкIахэм», –. жаIащ къэпщытакIуэхэм.

Зи гугъу тщIы сурэт альбомыр едзыгъуэ пщыкIутIу зэхэтщ. Абы хохьэ «Налшык къалэрэ абы и Iэгъуэблагъэхэмрэ», «Бахъсэн къуэладжэр», «Тызыл къуэладжэр», «Iуащхьэмахуэ и Ищхъэрэ джабэр», «Хуламрэ Безенгирэ», «Къэбэрдей-Балъкъэрым и бгылъэ щIыпIэхэр», «Лъэпкъ жыг хадэр», «ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр», нэгъуэщIхэри. ТхылъитIми очерки 170-м нэблагъэ къызэщIаубыдащ, дэтхэнэми инджылызыбзэ текст щIыгъужщ.

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ ди щIыналъэм и цIэр дахэкIэ щамыгъэIуа щIыпIэ къэнэжакъым. Абыхэм ирагъэкIуэкI узэщIыныгъэ лэжьыгъэм и мыхьэнэр къызэрымыкIуэу инщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я щIэжыр мыкIуасэу хъумэнымкIи хуабжьу щхьэпэщ. Емышыжу лъахэм Iуэху хуэзыщIэ жылагъуэ лэжьакIуэхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм дыщогуфIыкI, нэхъыфIыжкIэ я цIэр дунейпсо утыкум къыщраIуэнуи ди гуапэщ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: