ЩэнхабзэмкIэ унэр къагъэщIэрэщIэжащ

Дыгулыбгъуейдэсхэр куэд лъандэрэ зыпэплъа Iуэхугъуэр мы махуэхэм нахуапIэ хъуащ – къуажэм я зэхуэсыпIэу икIи зыузэщIыпIэу яIэ ЩэнхабзэмкIэ унэр къагъэщIэрэщIэжащ.

Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ ящыщу цIыху миным щIигъум иджы Iэмал хъарзынэхэр яIэнущ ЩэнхабзэмкIэ унэм къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэтыну, IэщIагъэ зэхуэмыдэхэмкIэ есэныгъэхэр зрагъэгъуэтыну. Мы зэманым IуэхущIапIэм IэщIагъэ 16-мкIэ дерсхэмрэ лэжьыгъэхэмрэ щокIуэкI, егъэджакIуэ икIи гъэсакIуэ 19 щолажьэ. Абыхэм ныбжьыщIэхэр хуагъасэ лъэпкъ къафэхэм, хурагъаджэ адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэхэм, хуаущий утыку итыкIэм, зыIыгъыкIэм, псэлъэкIэм епха джэгу IэщIагъэхэм. ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэм мы махуэхэм зыхуагъэхьэзыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъуам ирихьэлIэу щIыналъэм щекIуэкIыну дауэдапщэхэм.
ЩэнхабзэмкIэ унэм и зэгъэпэщыжыным епха пэхуэщIэр (проектыр) гъэзэщIа хъуным и гуащIэ хилъхьащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. «Щэнхабзэ» къэрал программэм ипкъ иткIэ ди щIыналъэм къыщащта «Щэнхабзэ дуней» лъэпкъ пэхуэщIэм и мылъкущ къуажэхэм дэт щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм зэрызэрагъэпэщыжыр. Дыгулыбгъуей къуажэм ейр къэгъэщIэрэщIэжыным сом мелуан 50-м щIигъу текIуэдащ.
ЩэнхабзэмкIэ унэр щаухуар 1997 гъэращ. Ауэ абы лъандэрэ зыхуей хуэзэу зэрамыхьа IуэхущIапIэм зэхъуэкIын хуей пкъыгъуэ куэд иIэт. Зэгъэпэщыжын хуейхэм къызэщIиубыдащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и щхьэм, бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ еIэзэщIэжынри, пэшхэм я лъэгур къихауэ щIэ идзыжынри, уэздыгъэ зэрыкIуэ кIапсэхэр зэхъуэкIынри, бжьамийхэр щIэуэ щIэшэжынри, и кIуэцIри и щIыбри зехьэнри. Абы къищынэмыщIауэ, IуэхущIапIэм цIыху 550-рэ зыщIэхуэ и пэшышхуэри щIэуэ зэрагъэпэщыжащ, тIысыпIэхэр зэрахъуэкIащ, Iэпкълъэпкъым зыщрагъэужь пэшри зыхуей хуагъэзащ, музей къыщызэIуахащ, еджэныгъэр щекIуэкIыну пэшхэмрэ лэжьакIуэхэм яхуэхахэмрэ техникэщIэкIэ къызэрагъэпэщащ. Абы къыдэкIуэу ухуакIуэхэм ЩэнхабзэмкIэ унэм и пщIантIэ кIуэцIым жыгыщIэ цIыкIухэр щыхасэнущ, уэздыгъэ пкъохэмрэ тетIысхьэпIэхэмрэ щагъэуващ, лъэс лъагъуэхэр къагъэщIэрэщIэжащ.
ЩэнхабзэмкIэ унэр къуажэдэсхэм я хасапIэщ, жыпIэмэ ущыуэнукъым. Мыбдеж жылэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ унафэхэр къыщащтэ, хьэщIэхэр къыщрагъэблагъэ, махуэшхуэхэр щагъэлъапIэ. Мы щIыпIэр къуажэ тхыдэм и хъумапIэщ. «ЩэнхабзэмкIэ унэр куэд лъандэрэ къэгъэщIэрэщIэжын хуейуэ къытпэщылът. Иджы нэм къиплъыхьыр щызэрахъуэкIакIэ, дызыхуэныкъуэ псомкIи къызэгъэпэща дыщыхъуакIэ, ди лэжьэкIэми щIэ гуэрхэр хэтлъхьэну къыщIэкIынщ. НэхъапэкIэ димыIа Iэмалхэр щыIэ зэрыхъуаращ абыхэм зетпщытыну, ахэр тхузэфIэкIыну фIэщхъуныгъэ къыдэзытыр. КъытщIэхъуэ щIэблэр зыщыщ лъэпкъыр ящымыгъупщэу, абы и тхыдэмрэ хабзэхэмрэ екIуу утыку ирахьэфу, абыхэм ирипсэууэ къэгъэтэджыныр дэри ди къалэнхэм ящыщщ. ТхузэфIэкIи къэдгъэнэнукъым, абы дызэрелIалIэр дяпэкIэ ди щIыналъэм щекIуэкIыну махуэщIхэм нэрылъагъу щыхъуну дыщогугъ», – жиIащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Гуэгузокъуэ Оксанэ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: