Бэзэр дыхьэшх-дыхьэгъхэр

1. ЗэщхьэгъуситIыр зэрызэщыхьэж пэтар
Къэсщэхунышхуи щымыIэу бэзэрым сыздэкIуам, дыхьэпIэм деж шокъущ жоуэ сащыхуозэ Къармэхьэблэ къызэриIэпхъукIхэрэ куэд мыщIа Мыхьмудрэ Хъанийрэ:
– Бэзэр босын, си гъунэгъущIэхэ! ЛIо, фызыплъыхьакIуэ хьэмэрэ фыщэхуакIуэ? 
– Упсэу апщий, Мыхьэмэт. Уэлэхьэ, къэтщэхунышхуи щымыIэ. ЩIалэмрэ нысащIэмрэ, Тхьэм и шыкуркIэ, зэкIэ зыми дыщагъащIэркъым… 
– Тхьэразэ къахухъуи, ар хъарзынэкъэ-тIэ? 
– ДакъыхудэкIын дымыдэурэ, икIэм-икIэжым я хьэтыр зэрытлъэгъуахэм щхьэкIэ, къыдэубзэхэу арагъэнщ… Уэ уи бэзэр Iуэхухэр зэфIэбгъэкIа? 
– Сэри сыкъэса къудейуэ арат. ФынакIуэ – хьэщIагъэ фэсхынщ: гъуэгугъэлъагъуэ сыфхуэхъунщ, – жызоIэри, сэ зызгъэхэгъэрейрэ, мохэр згъэхьэщIэ пэлъытэу, си гъунэгъущIэхэр изошажьэ. 
Япэ дызыхуэзар кIэртIоф щапIэрати, а ерыскъымкIэ Къэбэрдей псом щыцIэрыIуэ къуажэм зэрыщыщхэр ягъэгъуащэркъым моитIум: къэп хъархэм, ашыкхэм, пэгунхэм, тэрэзэ тепщэчхэм къилыдыкI, къиплъ кIэртIоф дахэшхуэхэм блэкIыфхэркъым – къэувыIауэ зоплъыжхэр. Апхуэдэ кIэртIоф езыхэр къыздикIа къуажэм нэмыщI, нэгъуэщI щIыпIэ къыщыкIынкIэ зэрымыхъунум шэч къытрамыхьэ пэтми, сэ зыкъысхуагъэщIэгъуэну арагъэнщи: 
– Дэнэ къуажэ кIэртIоф, ди шыпхъу, мыр? – Мыхьмуд къещтэ IэштIым зэгуэтышхуитIми къыщымынэн зы кIэртIоф зыкъизых. 
– Ан-на, мыпхуэдэ кIэртIоф къыщрахьэлIэнкIэ хъунур фымыщIэу ара? Къармэхьэблэ кIэртIофщ, тхьэ! – къытхуогуфIэ «ди шыпхъур». 
«Плъэгъуа?! Дыщыуатэкъым» жыхуиIэу, къысщогуфIыкI си гъунэгъур. 
– КIэртIоф бэлыхь къэбгъэкIащ. Хэтхэ уащыщ, тIасэ? 
– Щоджэнхэ сранысэщ, тхьэ… 
– Хэтхэ жыпIа?! – къоуIэбжь Мыхьмуд. 
– Щоджэнхэ жысIащ, тхьэ, – и напIэ мыхуадэу жэуап къет къармэхьэблэ нысэм. 
ЗэщхьэгъуситIыр зоплъыж, арщхьэкIэ зым апхуэдэ нысэ, адрейм апхуэдэ нысэгъу иIэу къахуэщIэжыркъым. 
– ЕмыкIу сыкъыумыщI, тIасэ, узищхьэгъусэр… 
– ПэркIурор ухъуа Iей? А псор щIызепхуэр сыт? КIэртIоф пщэхунумэ, мыр кIэртIофщ. Уигу иримыхьрэ – бэзэрыр инщ… – зэран фымыхъуу, фи гъуэгу фытет, – жыхуиIэу, цIыхубзым и нэр къытхузэрегъэдзэкI, ауэ Мыхьмуд, ерыщ екIуауэ, «зэран мэхъу». 
– ПщыкъуэцIэу умыбзыщIмэ, узищхьэгъусэмкIэ сыноупщIати… 
– УкъызэупщIамэ, пщIэну дыдэр щIэ! Щоджэн Мыхьмуд срифызщ. 
– Хэт, хэтщ жыпIа узифызыр? – Хъаний цIыкIу и нэхэр зэблегъэплъ, и щхьэгъусэм худоплъей. 
– Що-оджэн Мы-ыхьмуд жысIащ, си псэм хуэдэ, – псалъэхэр зэпишу къыдоплъ мор. – КъывгурыIуа иджы?
 – Зыгуэр зэхыумыгъэзэрыхьу пIэрэ, дахэ? – си гъуситIым соплъри, сэри мафIэм къуацэкIэ сыхоуэ. – А жыхуэпIэм къикIыр фызэрыгъуэтыжауэ аращ.
 – Сыт Iей мыхэр зиIысыр?! Бынищ зыхуэзгъуэта си лIыр сымыцIыхуж нэхъей!.. – цIыхубзым къэгубжьагъэфэ зытрегъауэ. 
И гъунэгъухэри абы къыщхьэщыжу щыхуежьэм: 
– Уэ пхуэдэ тIуанэ сиIэу сщIакъым, тхьэ, – Хъаний и Iупэр фIызэтож.
 – Уэлэхьи, Къармэхьэбли сыщыщщ, Щоджэнхи сракъуэщ, си цIэри Мыхьмудщи, бынищ зыхуэзгъуэта мыпхуэдэ щхьэгъусэ хахуэ зэрызиIэр зымыщIэу пызыхыжар сэрам… Тобэ ярэби, тобэ ярэби!.. 
– Мыр бэзэрщ, тIасэ. ФымыщIэ Iэджи къыщыфщIэнщ… Зэран фымыхъуу, фи гъуэгу фытет, – жери чэнджэщ къыдет си гъунэгъу зэщхьэгъуситIыр зэщызыгъэхьэж пэта «къармэхьэблэ нысэм». 
Зыгуэр щыжаIэм зыгуэри щыщыIэщ псэлъафэм трищIыхьу арагъэнщи, «тIуанэ зиIэу къыщIэкIа» Хъаний цIыкIу къэлыбын къудей хъуащ: 
– Мы цIыхубз цIыкIур зыкIэ захуэщ: умыщIэ Iэджи къыщыпщIэнурэ, нэхъыбэжи щызэхэпхынущ бэзэрым. 
– ФыкъыIукIи фынакIуэ. Сэ сызрихьэлIами фыщIэзгъэдэIунщ, – жызоIэ, зи щытыкIэ хъуар сигу иримыхь си гъунэгъухэр «зэзгъэкIужын» хьисэпкIэ.
 
2. Пэжри ди фIэщ щIэмыхъужыр…
Сэ сыщыщахуэр гъэш щапIэрат. Сызыхуейр кхъуейлъалъэти, гъунэжщ – хэплъыхь. Къыхэх. ТхъуцIынафэрэ данэгъуэжьычу нэм къыщIэлыдэ ухуей, уэсым хуэдэу хужьыбзэ нэхъ къапщтэрэ?.. ЖыпIэнурамэ, узыхэплъыхьыныр куэдыкIейщи, согуфIэ. 
– Узригъэхъуапсэрэ, джэдыкIэ кугъуэу, гъуэжь дахэ уи кхъуейлъалъэр, дауи, шатэтемыхышэм къыхэпщIыкIагъэнщ, ди шыпхъу, – жызоIэ. 
– АIей, сымуслъымэнкъэ? Сыадыгэкъэ сэ? Алыхьым и дежкIэ сымыплъэу, шэ щIэхуа кхъуейлъалъэ къэсхьу дауэ сщэн? ИкIи шатэтемыхущи, хывышэм хуэдэуи Iувщ, тхьэ, си жэмым къыщIэсшыр. 
– Ар уи кхъуейлъалъэми къыбжеIэ, ди шыпхъу. Бетэмал, япэрей си узыншагъэр сиIэжу, хэт имышхынрэт мыпхуэдэ кхъуейлъалъи ар зыдэлъу ящIа хьэлыви… Ауэ сэ пшэри дагъэ зыщIэлъи сшхы хъужыркъыми… Уи шатэтемыху кхъуейлъалъэр уасафIэ пхухъу. Сэ шэ щIэхуам къыхэщIыкIа фIэкI асэзэгъыж мыгъуэкъыми… – жысIэу сыкъыщыIукIыжым: 
– Уэмызэгъыжмэ, къэбгъуэтащ, тхьэ-тIэ, узылъыхъуэм хуэдабзэ. Хущхъуэхэлъхьэу шатэ ткIуэпс зыхыумыгъуэтэн кхъуейлъалъэщ, тхьэ, мы плъагъур. Сытыфэ уэ къызуплъыр, н-на, шатэ лъапсейр кхъуейлъалъэм дэзгъакIуэу сщэну? Уи фIэщ мыхъумэ, еплъыт, уи тэмакъыр щитхъыу, мыр зэрыгъущэпсыщэм? Абы уи гур къиуIэми, ар уи лъатэм емызэгъми, узыфIэфI дыдэр пхуэсщIэнщ, тхьэ! Къэгъази едзакъэт, кхъыIэ мыбы! – зызыгъэмуслъымэн икIи зызыгъэадыгэ бзылъхугъэр къыскIэлъыджэурэ сыкъыIуокIыж. 
Иджыпстурей «фи къуажэ цIыхубзыр» щыуакъым: бэзэрым Iэджи ущыхуозэ. ИкIи щызэхыбох. Iэмалыншагъэм ирихулIэмэ, пцIыупсыпIи гуэныхь къэхьыпIи ихуэурэ есэжахэщи, щхьэпрех мыгъуэхэри, сигу ящIогъу. ПцIы куэдыIуэ зэхыдагъэхыурэ, дэри зыри ди фIэщ мыхъужу дыкъагъанэ.
 
ЩIакъуэ Мыхьэмэт.
Поделиться: