Вайнах таурыхъхэм адыгэхэр къызэрыхэщыр

 Кавказ лъэпкъхэр хабзэрэ бзэкIэ зэрызэхъуажэм и щыхьэтщ зэрыхуэфэщэн хуэдизкIэ дызылъэмыIэсыф лъэпкъ IуэрыIуатэхэр. ГъэщIэгъуапхъэр ахэр урысыбзэкIэ дунейм къытемыхьамэ, дыщымыгъуэзэххэнри Iуэхум зэрыхэлъым и закъуэкъым. Тхылъ хъумапIэхэм щIэзэшыхьа, IущыгъэкIэ бей апхуэдэ тхылъыфIхэр дащIэупщIэным гугъэ хахыжауэ, дапхъэхэм зэрытефыхьыжри абы хэтщ.
 «Пасэ зэманым «адыгэ Хьисэрэ шэшэн Исарэ» жаIэри Кавказым щIалитI щыпсэуащ, зымыцIыху щымыIэжу. Япэрейм и цIэр игъэIуат ар зэрыбейм, адрейр мылъку къэугъуеикIэкIэ, щауэ IэкIуэлъакIуагъкIэ, сытми, дэтхэнэ шэшэн щIалэ шыщхьэмыгъазэми хэлъыпхъэ хьэлхэмкIэ цIэрыIуэт», - апхуэдэу къыщIедзэ «Адыгэ Хьисэрэ шэшэн Исарэ» зи фIэщыгъэ таурыхъым. 1868-1881 гъэхэм Тифлис щыIэ пащтыхь тетыгъуэм и унафэкIэ къыдагъэкIауэ щытащ тхылъипщIу зэхэт, а таурыхъыр къыщыдгъуэта «Кавказ бгырысхэм ятеухуа хъыбархэр» («Сборник сведений о Кавказских горцах»). Зэманым и нэпкъыжьэ зытелъ дэтхэнэ тхыгъэми ещхьу, зауэр къахэмыIэбэ щIыкIэ бгырыс лъэпкъхэр зэрызэдэпсэуа щIыкIэм и теплъэгъуэ щIэщыгъуэ куэд ущрохьэлIэ урысхэм дыкърагъэцIыхун папщIэ зэхалъхьауэ щыта а тхылъ зыбжанэм. Таурыхъыр зытхыжа ингуш узэщIакIуэ Ахриев Чох I850 гъэм ингуш къуажэ Фэртауг дунейм къыщытехьащ. Илъэсибл фIэкIа имыныбжьу, езым хуэдэ бгырыс ныбжьыщIэхэм я гъусэу, Ахриевыр «аманат»-у ятри, Владикавказ щыпсэу урыс унагъуэм къыщыхъуащ: япэщIыкIэ Шэткъалэ (Ставрополь) дэт гимназиер, нэхъ иужьыIуэкIэ - Нежин дэт лицейр къиухащ. Зи гугъу тщIы таурыхъыр узэщIакIуэм щитхыжа къуажэу «аул Карак» къегъэлъагъуэ. Ар нобэкIэ щыIэжми, Кавказ зауэм хэкIуэдэжахэм ящыщми дыщыгъуазэкъым.
 ГъэщIэгъуэну Iуэхум хэтыр сыт жыпIэмэ, ингуш узэщIакIуэм и къуэрылъхур - УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр, КъБКъУ-м медицинэмкIэ и факультетым илъэс куэд щIауэ щылажьэ профессор Ахриев Хьэжы - Налшык зэрыщыпсэурщ, Тхьэм куэдрэ ди япэ иригъэт. Куэд щIакъым щIэныгъэлIым и адэшхуэмрэ кхъухьлъатэзехуэ цIэрыIуэу щыта и адэмрэ къащIэна тхылъымпIэхэр Ингуш щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и архивым тыгъэ зэрыхуищIрэ.
 «Кавказ лъэпкъхэр зэрыцIэрыIуэ «къунакъ» зэхущытыкIэр ди лъэпкъхэм хьэщIэм хуащI пщIэм фIыуэ щхьэдох, - дыкъыщоджэ зи гугъу тщIы таурыхъыр и щапхъэу бгырысхэр зэрызэхущытам тепсэлъыхь дагъыстэн тхакIуэ Шапиев Къазии и «Къунакъ зэкъуэшыныгъэ» тхыгъэм. «Фэр-фэру фегупсыс, - къыпещэ абы. - ХьэщIэр – Тхьэм и лIыкIуэщ. Абы пщIэ хуащI, ягъэлъапIэ. Сытми, къэкIуащ, кIуэжащ. Къунакъыр абы нэхърэ куэдкIэ нэхъ гъунэгъущ, гулъытэ хуащIри нэхъ инщ».
 Нобэрей адыгэхэр къигъэуIэбжьынкIи хъунщ и шэшэн ныбжьэгъум папщIэ и щхьэгъуси и быни емыблэ адыгэ Хьисэ. Шэшэн Исаи нэхъ хуэмыхукъым. Ныбжьэгъум папщIэ ищIэ псоми и гур утIыпщауэ зэрыбгъэдыхьэм, абы къызэригъэпэжынум шэч къызэрытримыхьэм ди япэ итахэм яхэлъа цIыхугъэм ухуригъэхъуэпсэкIыжу апхуэдэщ мы таурыхъыр. Шэч хэлъкъым гъунэгъу лъэпкъхэм я деж апхуэдэ куэд ди нэхъыжьхэм ятеухуауэ зэрыщыдгъуэтыжынуми, абы фIы фIэкIа къызэрыримыкIуэнуми.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ