Хабзэр фIымэ, щапхъэ трах

ЩIэныгъэлI щэджащэхэм, хамэ къэрал къэхутакIуэ цIэ¬ры¬Iуэхэм я лэжьыгъэ куэдым зэрыщаубзыхуащи,  адыгэ лъэпкъыр нэхъыжь дыдэхэм, хабзэ дахэ, нэмыс лъагэ, хьэл-щэн екIу, лIыхъужьыгъэ ин зыхэлъ, зи адэ щIыналъэр фIыуэ зылъагъу, абы папщIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъ гъуэзэджэщ.
Пасэ зэманым адыгэхэм яхэлъу щыта хабзэхэм пщIэ лей хуащIу, зэрахуэфащэу ахэр ягъэзащIэу, хабзэщIэкъухэм унафэ яхуэхъуу, фIэкIыпIэ зимыIэу къалъытэу щытащ.
Адыгэ хабзэм быдэу пыщIат лIыгъэр, цIыхугъэр, нэмысыр, нэгъуэщI хьэлщэныфIхэри. Ижь-ижьыж зэманым псэуа адыгэхэм лIы нэсу ялъытэу, пщIэ зыхуащIу щытар и щхьэ Iуэху дахэу дэзыгъэкIыр, и унагъуэр зэпэщу зыгъэпсэур аратэкъым, атIэ хэкум, лъахэм, къуажэм, хьэблэм, благъэм, ныбжьэгъухэм я сэбэп зылэжьырт, лей къызытехьэм къыщхьэщыжырт, зи Iуэху хуэмыкIуэм дэIэпы¬къурт, хутыкъуам щIэгъэ¬къуэн хуэхъурт.
Адыгэ лъэпкъ уардэм ижь-ижьыж лъандэрэ хабзэ дахэм къыдэкIуэу пщIэшхуэ хуащIырт лIыхъужьыгъэ ин, цIыхугъэ лъагэ, нэмысышхуэ, Iэдэбагъ, пэжагъ зыхэлъ цIыхум. Мы Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщI хуэIухуэщIэ зыбжанэми щыхьэт техъуэ адыгэ псалъэжь куэдыкIей щыIэщ. Абыхэм ящыщщ хэкум, щIыналъэм (Хэкум емыкIу къылъысмэ, псэемыблэжу къыщыж. Хамэ Хэку сыщытхъэ нэхърэ си Хэкужь сыщылIэ. Хэкужьыхьэ лъэщщ. Хэку зимыIэм псори щIыIэ къыщохъу. Хэти езым и Хэкур фIыуэ елъагъуж. Хэкум игъэгушхуэр хахуэ мэхъу), лIыгъэм, цIыхугъэм (ЛIыгъэм хуэлъащэм батэр егъэш. ЛIыгъэм Iэщэр хуэжыIэщIэщ. ЛIым и лIыгъэр зауэм къыщацIыху. ЛIыхъужь и джатэ бзэщхъуркъым. ЛIыгъэ зиIэм Iэщэр ейщ. ЦIыхугъэр пщэи къэпщэхуи хъуркъым. ЦIыхугъэ зиIэм напэ иIэщ), къуэшыгъэм, ныбжьэгъугъэм, гъунэгъугъэм (Къуэш егъу нэхърэ – ныбжьэгъуфI. Къуэш лей щыIэкъым. Ныбжьэгъуншэр зеиншэ пэлъытэщ. Ныбжьэгъугъэр ща¬гъэунэхур махуаещ. Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ. Гъунэгъурэ унэгъурэ), хабзэм, нэмысым (Адыгэ хабзэр адэ щIэиныжьщ. Хабзэр фIымэ, бзыпхъэфIи трах. Нэмыс здэщымыIэм насып щыIэкъым. Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщIэ насып. Нэмысыншэр насыпыншэщ. Нэмысым насып къыдокIуэ), зауэм, мамырыгъэм, лъахэм (Джатэ и щIагъ нанэ щыIэкъым. Зауэ езыгъажьэ и щхьэ лажьэ хохуэж. Зауэм и кIэр хьэдагъэщ. Хамэ ущие тхьэмахуэщ, хабзэ хьэху махуищщ. Хэку бгынэнрэ фыз бгынэнрэ зэхуэдэщ. Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым. Iэщэ зыгъэдалъэм илъ япэ мажэ. Ди унэжь пхъэжь мафIэ. Дунейр къэкIухьи, уи унэ ихьэж. Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь) теухуахэр.
Дызэрыщыгъуазэщи, пасэ зэманым щегъэжьауэ адыгэхэм пщIэ хуащIу, ягъэлъапIэу щытащ гъунэгъумрэ ныб¬жьэгъумрэ. Ноби адыгэхэм а хьэлыфIыр яхэлъщ икIи зэпэщу ягъэзащIэ, яхъу¬мэ. Абы и лъэныкъуэкIэ куп-щIафIэщ
«Гъунэгъурэ гъуэ¬н¬шэджрэ», «Гъунэгъур унэгъущ» жыхуиIэ псалъэжьхэр.
 Куэдрэ дрохьэлIэ цIыху щхьэхуэхэм «Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ» псалъэжьыр жаIэу, ауэ абы къикIыр, и лъапсэр тэмэму къагурымыIуэу икIи къыбжамыIэфыну. Ар, дауи, бэянщ. Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, мы псалъэжьым къикIыр мыращ: дэтхэнэ зы цIыхури – зихуэпэн хуей щыхъум – псом япэ дыдэ зэпхъуэр гъуэншэ¬джыр аращ. Абы хуэдэу, япэ дыдэ зэджэри, цIыхум япэ къигъуэтри гъунэ¬гъурщ. Мис аращ пасэрей адыгэм гъуэншэджымрэ гъунэгъумрэ щIызэригъэпщар, щIызэригъэщхьар.
Апхуэдэ дыдэу «Гъунэгъур унэгъущ» жаIэрти, унэгъуу къалъытэрт. Гъунэгъуу бжыр гъунэгъум къигъунэгъужыр арат. Псалъэжьыр зэрыпэжым щыхьэт тохъуэ гъунэгъум Iэщ (мэл е бжэн) яукIыу ялъэ¬гъуамэ, адрейхэм пIастэ ящIу зэрыщытар. Пэж дыдэу пIастэр «гъунэгъу Iыхьэм» дашхырт. Хабзэ дахэу къекIуэкIырт яукIа Iэщым щыщ гъунэгъуитIщым хуахьыныр.
Гъунэгъум хуэдэ дыдэу ныбжьэгъури ягъэлъапIэу икIи ягъэпэжу щытащ. Ныбжьэгъум пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытам щыхьэт техъуэ адыгэ псалъэжь куэд лъэпкъым къыдогъуэгурыкIуэ. Абыхэм ящыщщ «Ныбжьэгъуншэр зеиншэ пэлъытэщ», «Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуфI» жыхуиIэхэр. Апхуэдэ псалъэжь шэрыуэхэр куэд мэхъу.
Мэкъумэшым елэжьыным, пхъэщхьэмыщхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызыпыкIэ жыгхэр гъэкIыным, Iэщ гъэхъуным, хадэхэкI къэгъэкIыным къыдэкIуэу, куэдым бжьэ ягъэхъуу щытащ. А псоми сэджытрэ бытыррэ хатыкIырт. Бжьэ матэхэм фор къыщIаша нэужь, я благъэхэм, Iыхьлыхэм, я ныб¬жьэгъухэм яхуэупсэрт, я гъунэгъу зытIущым, зыщыплIым фом щыщ «гъунэгъу Iыхьэ» хуащIырт. Ар, дауи, хьэл-щэныфIщ, цIыхугъэ лъагэщ.

 

Поделиться: