Фэеплъхэр псом ящхьэщ

Бахъсэн щIыналъэм и кIэм щынэблэгъащ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIа лэжьыгъэр.
Хэкур хъумэным зи псэр щIэзытIахэм я фэеплъхэр хъумэным теухуауэ къэрал программэм хиубыдэу 2019 - 2024 гъэхэм къагъэщIэрэщIэжащ Бахъсэн къалэм Лениным и уэрамым (курыт еджапIэ е 5-м хуэзэу), Беслъэнейм и уэрамым (МКОУ СОШ №2-м), Хуитыныгъэмрэ Лазомрэ я уэрам зэхэкIыпIэхэм (МКОУ СОШ №I0-м) тет фэеплъ кхъащхьэхэр. Сом мин 340-м и уасэ лэжьыгъэр къехьэлIэнымкIэ къадэIэпыкъуащ зэгурыIуэныгъэ зращIылIа хьэрычэтщIакIуэр.
А программэ дыдэм хиубыдэу 2021 гъэм зыхуей хуагъэзащ Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрамым (МКОУ СОШ №7-м хуэзэу) тет фэеплъ кхъащхьэмрэ сынымрэ. 
Апхуэдэу мы махуэхэм къызэIуахыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси I00 щрикъум ирихьэлIэу Бахъсэнёнкэ зыхуей щыхуагъэза ЩэнхабзэмкIэ унэр. ЩIыпIэ бюджетым къыхэкIа ахъшэкIэ пэш кIуэцIхэмрэ унэм и щIыбымрэ зэрахьащ, унащхьэр зэрахъуэкIащ.
Илъэс кIуам «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу пэшхэм языныкъуэхэр зэрагъэпэщыжат, «Къалэмрэ псэупIэ унэхэмрэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу унэм и Iэгъуэблагъэр зыхуей хуагъэзат.

 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу