Дзэпщ ящIыр хэт?

ЩэкIуэгъуэ нэужьым зэхэзекIуэ Iуэхур зэпагъэурт - губгъуэ нэщIхэм, гъуэгу цIыхуншэхэм жьапщэмрэ щIыIэмрэ тепщэ щыхъурт. Адрей лъэпкъхэм я зэхуэсхэри я псэукIэм, я лэжьыгъэм епхауэ щытт. Апхуэдэу, щIым телэжьыхь таджикхэм ялIхэм зэхуэсу щыщIадзэр гъавэр Iуахыжа нэужьт. ИтIанэ щIымахуэ псом, гъатхэр къэсу вэн-сэным щIадзэху зэхэкIыртэкъым.

Адыгэхэм я псэукIэм щыгъуазэ урыс офицер Торнау Ф. щыхьэт зэрытехъуамкIэ, зекIуэлIхэм я къэувыIэпIэм гъунэгъуу убгъэдыхьэну ухуиттэкъым, абыхэм уащIэупщIэуи къыпхуадэнутэкъым. НэгъуэщI лъэпкъхэми, къапщтэмэ, индоевропейхэм, я зауэлIхэм къызэрагъэпэщ гупхэм хабзэу яхэлъащ зыри зыщымыгъуазэ дамыгъэхэр зэрахьэу, Iуэху щэхухэр зэдалэжьу щытащ.

ЗекIуэлIхэм бзэ щэху яIэт, тхыгъэхэм, хъыбархэм апхуэдэ бзищ къыхощ: «щакIуэбзэ», «фаршыбзэ», «зиковшир». Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм, псалъэм папщIэ, Думэн Хьэсэн къызэрилъытэмкIэ, щакIуэбзэр къагъэсэбэпу щытащ щакIуэхэми, зекIуэлIхэми. Бгъэжьнокъуэ Барэсбий зэрыхуигъэфащэмкIэ, «зекIуэлIхэр пасэрей щакIуэбзэм ирипсалъэрт, абы халъхьэжIауэрэ езыхэм къазэрыхуэсэбэпын ящIауэ. ИтIанэ, зекIуэлIхэм ялэжь псоми къыдэкIуэу, щакIуэхэрт. ГъэщIэгъуэнращ, мэкъумэшыщIэхэр зекIуэм «щакIуэкIэ» фIэкIа еджэу хуадэртэкъым. ЗекIуэм зэуэн, дыгъуэн Iуэхур зэрыпыщIар наIуэти».

Къэгъэлъэгъуапхъэщ, щакIуэбзэр къагурыIуэми, ирипсэлъэну мэкъумэшыщIэхэр хуит зэрамыщIыр. Гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ шу пщыIэ къыщызэрагъэпэщ зэманыр адыгэ щIалэгъуалэр гъэсэным теухуауэ уасэ зимыIэт. Зауэм, Iэщэ къэгъэсэбэпыным и закъуэкъым ахэр зыхуагъэхьэзырыр, зыхурагъасэр, атIэ нэхъыжьхэм я зэфIэкIыр къэзыщтэ щIалэщIэхэр гугъуехьым есэрт, бэшэч, хахуагъэ яхэлъ хъурт, щIыпIэр фIыуэ къацIыхурт, н.къ.

Ефэ-ешхэ зэхаубламэ, щIэблэр уэрэдыжьхэм, хъыбарыжьхэм щIэдэIурт, лъэпкъ хабзэхэм щыгъуазэ зыхуащIырт, жьакIуэ хъуным зыхуагъасэрт. Шу пщыIэ къыщIызэрагъэпэщым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу жыпIэ хъунут щIым телэжьыхь пщылIхэр зэрыхъумэн хуейр. ЗекIуэм и зэманым къриубыдэу пщымрэ я гъусэхэмрэ нэгъуэщI жылэхэм зэрытеуэм и мызакъуэу, езым и цIыху, и Iэщ, шыхэр иримыгъэдыгъун папщIэ захъумэжырт. Шу пщыIэм зекIуэлIхэр текIырт, къадыгъуар, къазэуар кърахьэлIэрт. Арат абы гъунэгъу зыхуэпщIынуи, щекIуэкIым и хъыбар ущIэупщIэнуи щIамыдэр.

 ЗекIуэм ехьэлIа нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри щыIэщ: адыгэм ЗекIуэтхьэ яIэу щытащ. КъызэралъытэмкIи, ар дыдэрат зекIуэлIым къыдэIэпыкъуфынур, къыхуэсакъынур.

ЗекIуэ щежьэр махуэ хэхат: мэремыр, тхьэмахуэр махуэфIу ябжырт. Гъубжымрэ бэрэжьеймрэ насып къыдэмыкIуэну къалъытэрт. Шухэр дэкIа нэужь ахэр псым зэпрымыкIауэ унэм пхъэнкIий ипх мыхъуну жаIэрт. Ядэртэкъым къэтхэм я цIэ жыпIэу. УакIэлъыплъыну фIытэкъым. ЗекIуэ ежьам и анэм е и щхьэгъусэм кIэлъыгъэхуабэ ищIыну къытехуэрт.

Мэл е джэд яукIырти, ежьам и Iыхьлы дыдэхэр къраджэрт. ИрамыгъэфыгъуэнIа щхьэкIэ, хамэхэм щабзыщIырт унагъуэм ящыщ къыщIэтыр. ЗекIуэ ежьэхэм щхьэкIэ нэхъыжьхэм хъуэхъу жаIэрт, нэхъыбэу ар Тхьэм хуэгъэзат. Ислъам диныр къащтэху - Тхьэшхуэм, иужькIэ - Алыхьым. Я Алыхь!

Ди щIалэ жанхэр

Насыпым хуэшэсхэу,

ГуфIэгъуэм хуепсыххэу,

Шуупэ хуэпхъэхэу,

ЗыхущIэкъу псори къайхъулIэу,

ЛIэныгъэм къыпимыгуэхэу...

ЗыхуаунэтIым я Iыхьэ къыпахыу,

ЯлI къыщанэу къыщIэмыпхъуэжу,

 Пхъэрыр къыщысым трагъэувыIэу

УIэгъэ къыщащIым яхуэмыубыду,

Удын ядзыр гущхьэм лъысу,

КъакIэлъыс псори ирагъэпсыхыу,

ХуарапцIэ нэсхэр я Iэдэжу,

ФIыгъуэкIэ къытхуэхьыжхэ!

Ежьэхэм «уанэ махуэ тувылъхьэ» жраIэрти, шым теухуа хъуэхъуи кIэлъыжаIэжырт:

Шыуэ фызытесыр жэрым хуэнахуэу,

НэбдзыпэщIэплъхэу,

Хьэджафэ псыгъуэхэу,

Я нэр зытеплъэр яIэщIэмыкIыу,

Псы икIыгъуэм хуэбжэнбланэпкъыу,

Къумым ихьэмэ, къызэфIэмылIэу,

ЛIыуэ ятесхэр къытхуагъэгушхуэу,

Шхуэуэ япщIыхэлъхэр ямыгъэхуадэу,

Я лъэр быдэрэ мылъэпэрапэу,

Я Алыхь, гъуэгуанэ дахэ кърахьэлIауэ

КъегъэкIуэлIэжхэ!

ЗекIуэ къикIыжахэм къуентхъ къащIам и Iыхьэ нэхъыфIыр ЗекIуэтхьэм иратырт - жыг хэхахэм хуфIадзэрт. ЗекIуэлI Тебу де Марьини зэритхыжамкIэ, хы ФIыцIэм и Iуфэ щыпсэу адыгэхэм а хабзэр 19-нэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ пщIондэ яIащ. Зауэ щхьэусыгъуэкIэ зекIуэ ежьэн унафэр лъэпкъ псом къыщыбгъэдэкIи, гуп щхьэхуэм е зы цIыхум къыщыхилъхьи щыIэт. ЗекIуэр лъэпкъым къызэригъэпэщмэ, дзэм шу пашэ хухахырт, ежьэн гукъыдэжыр цIыху щхьэхуэм ищIамэ, ар езыр зекIуэми дзэми я унафэщIт.

НэхъапэкIэ зауэлI хахуэу, шууей Iэзэу зыкъэзыгъэлъэгъуарат дзэпщ ящIыр. Ар псоми щапхъэ яхуэхъун хуэдэу, пкъыфIэу, узыншэу, къарууфIэу, щIыIэри, хуабэри, мэжэщIалIагъэри, гугъуехьри и фэм дигъэхуэфу щытын хуейт. Абы къищынэмыщIауэ, дзэпщым иришэжьа гупым гъуазэ яхуэхъуфыныр, гъуэгур, щIыпIэр фIыуэ ицIыхуу, вагъуэхэр, нэгъуэщI нэщэнэхэр къигъэсэбэпкIэрэ, щIыпIэ мыцIыхухэми тыншу къикIыжыфыныр и къалэнт.

Зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться: