Анэм и щапхъэ

Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №10-м тхыдэмкIэ и егъэджакIуэ Багъэтыр Лерэ и цIэр зэхэзымыхарэ абы и унагъуэр къэзымыцIыхурэ куейм ису къыщIэкIынкъым. Ар зи фIыщIэр Лерэ и IэщIагъэм и закъуэкъым. Ар бынипщIым я анэщ! Ахэр къэзыцIыхухэм къыбжаIэнущ Багъэтырхэ я унагъуэм зэгурыIуэрэ гъэсэныгъэрэ зэрилъыр, пщIантIэм псалъэмакъ лей къызэрыдэмыIукIыр. И унагъуэмрэ лэжьыгъэмрэ зэрызэдихьыр, и бын гъэсэкIэм и щэхухэр зэдгъэщIэну Лерэ зыхуэдгъэзат.

- Дауи, бынипщI упIынри улэжьэнри Iуэху тыншкъым. А псоми дауэ упэлъэща, Лерэ?

- Университетыр къызэрызухрэ, зэпымыууэ сабийхэм садэлэжьащ. Си щхьэгъусэр егъэджакIуэт, ари тхыдэджти, ди акъылыр абы етауэ, сабий дгъасэу, едгъаджэу, абыхэм дакъыхэмыкIыу дыкъэгъуэгурыкIуащ. Ди бынипщIым я нэхъыжьым нэхъ гугъу дыдехьащ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар нэхъыжьт, ар зэрыдгъасэм мыдрейхэр дэплъеинут. Абы нэхъ дыкIэрыщIауэ зыхуей хуэдгъазэри, абы къыкIэлъыкIуэхэр нэхъыжьым щапхъэ трахыу, дэплъейуэ къэхъуащ. Псалъэм папщIэ, нэхъыжьыр еплIанэ классым щыкIуам, абы къыкIэлъыкIуэр езанэм щIэтIысхьауэ арати, ар къыдэIэпыкъуурэ, еджэныгъэм и Iуэхур нэхъ тынш хъуащ ди дежкIэ. Ди бынипщIым щыщу тхум дыщэ медалкIэ еджапIэр къаухащ. Ахэр егъэджэн хуейтэкъэ адэкIэ?! Унэ тщIарэт, жытIэу зэи дыхъуэпсакъым, ди быныр едгъэджарэт, зыхуей хуэдгъэзарэт жытIа мыхъумэ. Щхьэж зыхуей IэщIагъэр зригъэгъуэтмэ ди гуапэу, ядэтIыгъауэ фIэкIа, зыми и мурад IэщIэдудакъым. ИужькIэ, дызыхуейм дагъэкIуатэкъым, къытхуадатэкъым, жамыIэжын хуэдэу, зыри япэдмыубыду, зыхуей еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэдгъэтIысхьащ.

- Ахэр адэкIэ егъэджэным мылъкуфI текIуэда хъунщ. Къэралым зыгуэркIэ зыкъыфщIигъэкъуа?

- Сабийхэр тIэкIу нэхъ къэжэпхъауэ, унэ сщIынут, жиIэри, си щхьэгъусэ Багъэтыр Забид а зэманым ди президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ зыхуигъэзауэ щытащ. Абы щыгъуэ чырбыши, панели, туфи, бжэи, щхьэгъубжи, дызыхуеину псори къыдитат КIуэкIуэм. Езы цIыкIухэми я гугъуехькIэ къалэжьыжа IэнатIэщ нобэ зыIутхэри. Къэралым и зэхэзэрыхьыгъуэ зэманым дыхэхуати, зыгуэрым ущыгугъынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Бын куэд зиIэхэм зыгуэр хуащIэу, дэIэпыкъуу, зыщIагъакъуэу щыIэщ программэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Дэ, а сабий ахъшэу яту щыта сом блыщIым фIэкIа, нэгъуэщI зыри дэтлъэгъуакъым къэралым. Бын пIыным теухуауэщ жыхуэсIэр. Апхуэдэурэ, зым и ужьым зыр иту, зым къиухым адрейр щIэдгъэтIысхьэурэ, екIуэкIащ. Япэм медалым мыхьэнэшхуэ иIэу щытащ. Ар уиIэмэ, зы экзамен фIэкIа умытыжу, университетым ущIагъэтIысхьэрт. Мис а зэманым дрихьэлIэри, ди сабийхэр тыншу щIэхуащ еджапIэхэм. ЗэрыжысIауи, зыр зым дэIэпыкъужу, игъэхьэзырыжу щытахэщ.

- БынитIыр щыпхузэмыгъэзэгъ щыIэщ. Фи унагъуэм ис бынипщIыр дауэ зэгурывгъаIуэрэт?

- Ди унагъуэм апхуэдэ зэи къыщыхъуакъым жысIэмэ, пцIы сыупсынукъым. Щхьэж и гугъэр жиIэу, абы мыдрейхэр едаIуэу, зэчэнджэщу, зэгурыIуэу сытым дежи щытахэщ. Зыр зым пэрыуэжу е зэрыгъэкIийуэ, зым и жагъуэ адрейм ищIу къэхъуакъым. Ар зэрыцIыкIурэ яхэтлъхьа хьэлщ.

- Лерэ, илъэс куэд щIауэ уолажьэ, уи лэжьыгъэри зэи зэпыуакъым, сызэрыщыгъуазэмкIэ. Унагъуэ Iуэхухэр, сабийхэр, лэжьапIэр дауэ зэдэпхьрэт?

- Сэ 1969 гъэм школыр къэзухащ. Забид сригъаджэу щытащ. КъБКъУ-м тхыдэмкIэ и къудамэм и етIуанэ курсым сыщIэсу, унагъуэ сихьащ. Заочнэ зезгъэщIыжри, школым егъэджакIуэу лэжьэн щыщIэздзащ си щхьэгъусэм щIыгъуу. Хэхъуэ IуэхукIэ сыщысыну дапщэрэ зыкъезмыгъэутIыпщами, къызата махуэ бжыгъэр зэи и кIэм нэзгъэсакъым. Сызэрылажьэр махуэ ныкъуэт. ЛэжьапIэ нэужьым унагъуэ Iуэхухэмрэ сабий гъэсэнымрэ сыпэрытт, нэхъыжьхэр нэхъыщIэхэм теплъэкъукIыртэкъым.

- Нэхъ тынштэкъэ, сабий садым пщыхьэщхьэ хъуху щыIатэмэ?

- Псоми къыджаIэт ар, ауэ садым зэрыщагъэсэнум нэхърэ, дэ еттыр нэхъ тфIэкъабылт. ПщэдджыжькIэ абыхэм я нэ цIыкIухэр зэтелъу, жеин иримыкъуауэ гъынанэу… Адрейхэм я бынхэр зэрашэр сщIэртэкъым, ауэ дыдейхэр сфIэгуэныхьт.

- БынипщI зыпIа, цIыху нэс къахэзыщIыкIа анэм и чэнджэщыр уасэншэщ. Сыт и щэхур апхуэдэ гъэсэкIэм, сытым гулъытэ нэхъ хуэщIыпхъэ?

- Унагъуэм илъ зэгурыIуэныгъэм, пщIэм, нэмысым елъытащ псори. Си щхьэкIэ, Забид унагъуэм и нэхъыщхьэу, унафэри мылъкури абы и IэмыщIэ илъу дыкъэгъуэгурыкIуащ. Фи адэм ахъшэ къывитынщ, жысIа мыхъумэ, сабийхэм ахъшэ лей сэ якIэщIэздзэу зэи къэхъуакъым. Забид яхуищIэмрэ яритымрэ и щхьэжкIэ сэри яхуэсщIэмэ, щыкIынщ, ямыщIапхъэ гуэр ящIэнщ, жысIэу, абы нэхъ сытегужьеикIауэ сыщытащ. Псом нэхъапэр я адэм хуащIыну пщIэр, нэмысыр арауэ къэслъытэрти, ар нэхъ япэзубыду, абы нэхъ хущIэзгъэджыкIыу спIащ. Сытым дежи сэ нэхъ лъахъшэу зызгъэуващ, адэр нэхъ дэзгъэуейуэрэ. Зэрыщытын хуейр арауэ къысщохъу. Дэ езыр дыгъэсакIуэт, дыегъэджакIуэти, я быныр яхуэгъэсэжакъым, къытхужамыIэн папщIэ, ди къару псори гъэсэныгъэм еттащ. Псом нэхърэ нэхъ сызытегуплIар хъыджэбз цIыкIухэращ. Сэ си щхьэгъусэм пщIэ хуэсщIу къыздалъагъумэ, езыхэри унагъуэ ихьэмэ, апхуэдэ пщIэ зрахьэжынущ, жысIэу, абы нэхъ селIэлIащ. Псалъэм папщIэ, Забидрэ сэрэ зы еджапIэщ дыщылажьэри, зэ сыкIуэу улахуэ къеIысхакъым, езы Забид кIуэурэ, тIум дыдейри къриIыха мыхъумэ. Дэнэ ихьынт, унагъуэрат къыздихьыжыр! Ар щIэсщIар, си хъыджэбзхэм щапхъэ страхыу, я щхьэгъусэхэм хуащIын хуей пщIэр хуащIынщ, унагъуэ нэхъ изэгъэнщ жысIэри, аращ. Унагъуэр зы жыпу щытмэ, нэхъ сфIэтэмэмщ. Дауэ мыхъуами, ар си гупсысэкIэу сыкъэгъуэгурыкIуати, сыхущIегъуэжакъым.

- ЦIыхубзыр зыкIэлъыплъыжу щытын хуейщ. Унагъуэ, лэжьыгъэ, бын Iуэхум укъыдэхуэу, дауэ пхузэфIэкIрэт ар?

- Сэ гуащэфI сиIащ! Аращ псомкIи сыкъыдэзыхыжар. Аращ си щапхъэу щытари, ди бынхэм я гъэсэныгъэм и ныкъуэфIыр къызылъысари. Сабийхэм кIэлъыплъынымкIи гъэсэныгъэмкIи къыздэIэпыкъуари, сымыгузавэу, махуэ ныкъуэкIэ сызыгъэлэжьари аращ. Апхуэдэу сыкъыщIызэтенар зи фIыгъэр аращ, си гуащэрщ. Ар псэуху, ди сомри чэнджэщри етхьэлIэу щытащ. Си гуащэр дунейм ехыжа нэужь, Забид унагъуэм и нэхъыщхьэ хъуащ.

- Лерэ, уи бынхэм уи гур нэхъ хузыпих, нэхъ къыхэбгъэщхьэхукI, нэхъыфIу плъагъу яхэт, хьэмэрэ…

- Тхьэ, псори си зэхуэдэм. ЗыгуэркIэ нэхъ гукъыдэмыж, нэхъ гугъу ехь е лэжьапIэкIэ и Iуэху хузэхуэмыхъу къахэкIамэ, абы си гур нэхъ хуэгъэзауэ щытщ. Уи IэпхъуамбипщIым дэтхэнэр пебгъэупщIыфыну? Аращ ари зэрыщытыр. ЗэрыжысIащи, зи Iуэху зэхуэмыхъум адрейхэм гу лъезгъэтэну, дэзгъэIэпыкъуну яужь ситщ. Ар аращ, ауэ псэ лъагъуныгъэкIэ псори зэхуэдэу уолъагъу. ИтIанэ, быным я нэхъыжьым пщIэ хуащIу, ялъытэу, и нэмысымрэ и шынагъэмрэ яIыгъыу щызгъэтыным сыхущIокъу. Я адэр дунейм ехыжащ, сэри игъащIэкIэ сыпсэунукъым. Аращи, сэри срамыIэжмэ, псори зэрыбыным я нэхъыжь Олег и жыIэм зэрыщIэтыным хущIызогъэджыкI.

Епсэлъар ФЫРЭ Анфисэщ.
Поделиться: