Дыгъэм и бзийхэр зи дыщэидэ

  Гъащlэм декlу, дэбакъуэ, дэгуфlэ, дэгупсысэ, зи гур къабзэ, зи бзэр бзэрабзэ, зи псалъэхэр макъыбэу зэрылъэлъ, адыгэбзэ зыIурылъ, дахагъэр зи гурылъ, дыгъэм и бзийхэр зи дыщэидэ, зи гупсысэкIэр зыми хуэмыдэ, Мэлэчыпхъуу Iущащэ, Сэтэнейуэ дахащэ, Iэдиихуу гъуэгугъэлъагъуэ, цIыхум зэикI зымыщI и жагъуэ, мазэ ныкъуэр зи набдзэ, гъатхэ уэгур зи нэкIу, жьыми щIэми хуэзыщI хабзэ, Iуэху иублэмэ - бжьыпэу зыух, къалэмкIэ итхахэр псысэ мыухщ... Зи гугъу сщIыр Аброкъуэ Беллэщ.

Беллэ утепсэлъыхьыну тыншщ, сыту жыпIэмэ абы Тхьэшхуэр къыхуэупсащ. Къыхуэупсащ дахагъэкIэ. Ар хыболъагъуэ цIыхубз зэкIужым и псалъэхэми ,дуней тетыкIэми. Си псалъэхэр егъэлеяуэ къыфщымыхъу, ар пэжщ, щыхьэти-тегъуати зыхуэмей пэжщ. ЗыгуэркIэ фи гупсысэм мыарэзыныгъэ къыхэIэбамэ, фыщIэдэIу Беллэ и макъым, и теплъэ гуакIуэм нэхэр тевгъэплъызэ, и зэхэщIыкIыр нэхутхьэхуу зэрыщытым наIуэ зыщыфщI. КIэщIу жыпIэмэ, Аброкъуэ Беллэ и дунейм фыщыхьэщIэ!
Беллэ адыгэ радиом и лэжьакIуэу зэрыщытар сщIэрт, сыту жыпIэмэ абы и нэтынхэм сыдахьэхырт, ауэ нэIуасэ сыщыхуэхъуар сыстудентущ. Лъэпкъ литературэм япэ дыдэу фантастическэ жанрым и щэхухэр адыгэбзэкIэ тхыгъэу къигъэщIу ди пащхьэ къизылъхьа Къанкъул Заур и пшыхьырщ дыщызэрыцIыхуар. Заур теухуа псалъэхэр зэрыжысIэу, сэ къызбгъэдыхьащ цIыхубз мыцIыху,  ауэ гуапэу псалъэу. Макъ къызэпсалъэр зыщIыпIэ зэхэсхауэ къысщыхъурт. Ауэ ар Аброкъуэр арауэ сегупсысакъым. Сытми, зыкъызигъэцIыхуащ икIи и нэтынхэм сыкъыщигъэпсэлъэну радиом сригъэблэгъащ.

Пэжыр жысIэнщи, абы и нэтынхэм зэикI си макъ къыщыIуакъым, ауэ ар сэ езым щапхъэ схуэхъуащ. Схуэхъуащ икIи нобэр къыздэсым Беллэ и нэтынхэм къытезгъэзэжурэ содаIуэ. Макъым седаIуэ, псалъэхэр зэхэсх къудейкъым, атIэ абы Iурылъ  бзэр  дахащэу къызэригъэсэбэпым, абы жыIэкIэ къигупсысхэм сыдахьэх. Псоми яхужиIэни къегъуэт,гъэщIэгъуэнкъэ! Зэм жиIа псалъэр тIэунейрэ къытригъызэркъым. Псы цIыкIу ежэхым и Iущащэр бзэм хеухуанэ.
 «Купсэ» зыфIищауэ къыдигъэкIа тхылъыр мызэ-мытIэу щIэзджыкIащ. Усэм и жыпхъэхэм къитIэсауэ тхыгъа псалъэхэм уагъэгупсысэ. Аброкъуэр нобэрей махуэм фIыкIэ поджэ, блэкIар и тхыдэщ, къэкIуэнум щIогупсыс.

Адыгэбзэр и гъащIэм щыщщ, абы гулъытэ, пщIэ лей хуещI. Уэгур щымыджэмыпцIэу щIылъэр щызэпцIагъащIэм я кум къыщыхъуэпскIа гъащIэм топсэлъыхь, тотхыхь ар. Согушхуэ апхуэдэ псэ къабзэ зыбгъэдэлъ цIыху лъэпкъым дызэриIэмкIэ.

 

 

 

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться: