Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ я дуней

Сочэ къалэм щызэхуащIыжащ къэфакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ «Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ дунейр кърагъэлынущ» XXI щIыналъэ зэхуаку олимпиадэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, ар къызэригъэпэщащ Дунейпсо Арткомитетым.

 Дунейпсо, Урысей Арткомитетхэм я унафэщIхэм я къуэдзэ, ЩIДАА-м и академик, усакIуэ-уэрэдус Бейтыгъуэн Iэуес хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, зэхыхьэ дахэм хэтащ Армением, Куржым, Алыджым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ Аланием, Адыгейм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Москва къалэм, Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщ къэфакIуэхэр икIи ар Урысейм и щэнхабзэ гъащIэм мыхьэнэшхуэ зиIэ и Iуэхугъуэу къалъытащ, Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ лъапIэныгъэхэмрэ яхъумэным, щIалэгъуалэр зэкъуэгъэувэным, къафэм щаIэ зэфIэкIхэм хагъэхъуэным, зрагъэужьыным зэрытеухуам папщIэ.

КъэпщытакIуэ гупым я лэжьыгъэр тынштэкъым, зэпеуэм хэтхэм зэфэкIышхуэ къызэрагъэлъэгъуам къыхэкIыу. Апхуэдэу хъуми, фIым я фIыжхэм я цIэ къраIуащ. КъэпщытакIуэхэм зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр хуагъэфэщащ Мыз Хьэжмурат зи художественнэ унафэщI «Псыгуэнсу» ансамблымрэ Литвиненкэ Людмилэ зи художественнэ унафэщI «Гармония» ансамблымрэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: