НыбжьыщIэхэм я гъуазджэ дунейм

Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и институтым иджыблагъэ хъыбар къызэритамкIэ, 2022 гъэм жэпуэгъуэм и 3-6-хэм Налшык къалэ диплом лэжьыгъэу ягъэува спектаклхэм я гъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIынущ.

«КъэкIуэнум ухуэзышэ» зыфIаща пэхуэщIэр (проектыр) егъэкIуэкIыныр зи гукъэкIыр Гъуаджэмрэ щэнхабзэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я зэгухьэныгъэрщ. Iуэхугъуэ дахэр къызэгъэпэщынымкIэ дэIэпыкъуэгъу мэхъу УФ-м Щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ президент фондыр, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, Урысейм и концерт къулыкъущIапIэр.

КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, гъэлъэгъуэныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и студентхэм я театр зэщIэхъееныгъэм зиубгъунымкIэ, ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр ефIэкIуэнымкIэ, театр зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэнущ.

Iуэхугъуэм кърихьэлIэнущ Мэзкуу къалэм дэт, театр щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэ нэхъыщхьэхэр: Герасимов Сергей и цIэр зэрихьэу кинематографиемкIэ урысейпсо къэрал институтым, Урысейм театр гъуазджэмкIэ и институтым (ГИТИС), Вахтангов Евгений и цIэр зезыхьэ Къэрал академие театрым епхауэ лажьэ, Щукин Борис и цIэр зезыхьэ Театр институтым, Мэзкуу къалэ дэт художественнэ академие театрым (МХАТ) епхауэ лажьэ еджапIэ-студием, Ярославль къалэм дэт къэрал театр инстутым, Гнесинэ зэшыпхъухэм я цIэр зэрихьэу макъамэмкIэ урысейпсо академием я гъукIэгъэсэнхэр.

«КъэкIуэнум ухуэзышэ» фестиваль-гъэлъэгъуэныгъэр зэрекIуэкIыну махуэхэм программэшхуэ хузэхалъхьащ, зэIущIэрэ зэхуэскIэ гъэнщIауэ щытынущ. Апхуэдэу утыку псэлъэкIэмрэ утыку итыкIэмрэ теухуа мастер-классхэр щыIэнущ, театрым зи гъащIэр езыпха щIалэгъуалэр КъБР-м МакъамэмкIэ и театрым, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым, Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и институтым режиссер цIэрыIуэхэм, егъэджакIуэхэм, продюссерхэм щаIущIэнущ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: