Къэралыр и щIэблэм яхуосакъ

Унагъуэм и пщIэр хъумэн, сабийхэр щапхъэ мыхъумыщIэм пэIэщIэ щIын – ар и лъабжьэщ жэпуэгъуэм и 20-м УФ-м и Къэрал Думэм къыщыхалъхьа жэрдэмым.
Депутатхэр нэхъ пасэуи тепсэлъыхьауэ щытащ мыхъумыбз зэхущытыкIэмрэ унагъуэм и мыхьэнэр гъэмэщIэным хуэунэтIа Iуэхухэмрэ щIэпхъаджагъэу зыгъэув унафэ къэщтэн зэрыхуейм. Иджы утыку кърахьа хабзэм и проектым ипкъ иткIэ, мыхъумыщIагъэр зыгъэдахэ Iуэху къезыхьэжьэ цIыхум тезыру сом мин 400-м нэс ирагъэпшынынущ. Ар зыщIар къулыкъущIэу щытмэ – тезырыр сом мин 800-м нэсынущ, IуэхущIапIэмэ - абы и лэжьыгъэр махуэ 90-кIэ къагъэувыIэнущ е сом мелуани 5 ирагъэпшынынущ. ЩIэпхъаджагъэр зыдалъэгъуар хамэ къэралым щыщмэ, ар ди хэкум ирагъэкIынущ. Тезыр щхьэхуэхэр ятелъщ сабийхэр мыхъумыщIагъэм ешэлIэн Iуэху зезыхуэхэми. Проектыр хэIущIыIу ищIащ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ, IэнатIэм епха технологиехэмрэ связымкIэ комитетым и унафэщI Хинштейн Александр.
Унафэм зэричэзум и щыхьэтщ иужьрей илъэсищым и кIуэцIкIэ мыхъумыбз зэхущытыкIэр ныбжьыщIэхэм я пащхьэм гъэщIэрэщIауэ къизылъхьэ сайт 3000-м нэс къызэрыщIагъэщар. ИужькIэ ахэр зэхуащIащ. Ныбжьым емылъытауэ, «хабзэм къемызэгъ зэхущытыкIэхэм къыхуезыджэр» щIэпхъаджащIэу къалъытэнущ дяпэкIэ. Хабзэр ткIийуэ ябгъэдыхьэнущ сабийхэм лей езыхми, пщащэм - щIалэ, щIалэм – хъыджэбз зригъэщIын гукъыдэжым къыхуэзыгъэушми.
Шынагъуэу къыпщыхъур мы Iуэхум куэд гуитIщхьитIу зэрыхущытырщ. ЦIыхур «апхуэдэу къигъэщIа хуэдэу» жаIэу. ЖьакIуэу псори тхузэпкърех куэдым яцIыху чыристан духьэшы Ткачёв Андрей. «Дэнэ мыхъумыщIагъэр щыбагъуэр? Къалэшхуэхэра хьэмэ цIыкIухэра? Пэжщ, къалэшхуэхэм. ТхьэмыщкIэхэра хьэмэ бейхэра ар нэрыгъ зыхуэхъур? Пэжщ, бейуэ зи щэр зи фэм имыхуэжхэращ. Сыт хуэдэ IэщIагъэ зиIэхэра? Трактор зезыхуэ лэжьакIуэжьра, хьэмэ балетым хэтра? Пэжщ, щэнхабзэм игъэфIа, цIыху къызэрыгуэкIхэмрэ дин хабзэмрэ зыщызыдзейхэращ. Сыт-тIэ абы иужькIэ а мыхъумыщIагъэр цIыхум къыдалъхуа хуэдэу жыфIэу, дыкъэвгъэпцIэну фыщIыхуежьэр? Жэуапыр хьэзырщ. ЦIыху нэхъыбэм гущыкI зыхуаIэ мыхъумыщIагъэр зыгъэдахэр жылэм зэкIуэкIауэ хэт цIыхухэращ».
УнафэщIэм ипкъ иткIэ, дунейм къытехьэ тхылъхэми нэхъ ткIийуэ хэплъэнущ. Абы ипкъ иткIэ, УФ-м Тхылъ къыдэзыгъэкIхэм я зэгухьэныгъэм Хинштейн Александр упщIэ хуигъэхьащ: классикэу къалъытэ тхылъхэми хэплъэжыну я мурад? КъинэмыщIауэ, тхылъ къыдэзыгъэкIхэм езыр-езыру зэхагъэкIыжыфынукъым а унафэм хиубыдэмрэ химыубыдэмрэ. Псалъэм папщIэ, сабийхэм лей зэрырахым иупхыфынущ Достоевский Фёдор и «Бесы» романым щыщ пычыгъуэр, наркотикхэм уригъэхъуапсэу къыпфIэщIынкIи хъунущ Булгаков Михаил и «Морфий» Iуэтэжым, Толстой Лев и «Анна Каренина» романыр щхьэгъусэм епцIыжыным укъыхуриджэу къыпщыхъункIи хъунущ. И гугъу умыщIыххэ Набоков Владимир и «Лолита»-м. Дэнэ деж птхы хъунумрэ мыхъунумрэ я гъунапкъэр щызэхэкIыр?
УпщIэм жэуап ириткIэрэ, Хинштейн тепсэлъыхьащ «къыхуеджэныгъэ» псалъэм кърагъэкIыр пэжу къыбгурыIуэн зэрыхуейм.
«Тхылъ фIыуэ зылъагъухэр фымыгузавэ. Дэ къэпщытэныгъэ ткIий къыхэтлъхьэу аракъым. Унафэм и IукIэр фигу къэзгъэкIыжынщ: «Хабзэм къемызэгъ зэхущытыкIэхэр цIыхум зыхилъхьэным къыхуезыджэ» хъыбар е Iуэхугъуэ. ЦIыхубэ гъащIэм хабзэм тет зэхущытыкIэмрэ къемызэгъ мыхъумыбз зэхущытыкIэмрэ зэхуэдэу къэзылъытэ гупсысэкIэ пхэнжым и зэранкIэ, мыхъумыщIагъэр хьэл-щэн мэхъу, псори абы тетын хуейуэ къафIощI, абы хуашэ хуэм-хуэмурэ. Аращ дэ дызэбэныр», - жиIащ Хинштейн.
Депутатым зэрыжиIэмкIэ, къэралыр литературэм Iэ пхъашэкIэ хэIэбэну и мурадкъым. ЗыпэщIэувэр зэхущытыкIэ пхэнжыр дахэу, тэмэму, екIуу къыпфIэзыгъэщI лэжьыгъэхэрщ. Псалъэм папщIэ, Набоков Владимир и «Лолита»-м къеджар а Iуэхум щыщтэн фIэкIа, нэгъуэщI игу къэкIынукъым. ГъащIэм дызыщыIууэ мыхъумыщIагъэхэм я гугъу пщIы мыхъуххэну аракъым, ар щэныфIагъым, цIыхугъэм я нэщэнэу къагъэлъэгъуэныр хуамыдэну аращ.
«УщIызэдауэ хъун куэд Iуэхум къыхэнэнущ, дауи, - тепсэлъыхьыжащ Хинштейн жиIам Тхылъ къызэдыгъэкIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIхэм яз Капьев Евгений. – Сэ шэч къытесхьэркъым унагъуэм и пщIэри хъумэн, сабийхэр зэджэми кIэлъыплъын зэрыхуейм. Ауэ цIыхухэр зыгуэрым къыдогъэл жытIэу, ящыдгъэпщкIу тхылъхэр е фильмхэр щэхуу къедгъэлъыхъуэнкIэ зэрыхъунуми дыхуэсакъыпхъэщ».
Адыгэр мы Iуэхум зэреджэ къудейм къегъэлъагъуэ ар къызэрыщыхъур. Лъэпкъым и Iуэху еплъыкIэм тетыр мыбдежми щыщыуэнукъым.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: