Кадет ныбжьыщIэхэм къахохъуэ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Дыкъынэ Зураб и цIэр зезыхьэ кадет еджапIэ-интернат №1-м щIэс ныбжьыщIэхэм иджыблагъэ къахэхъуащ. Ар и щхьэусыгъуэу зэхаша гуфIэгъуэ зэIущIэм и утыкум кадетхэм я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр зэрагъэзэщIэнумкIэ, еджэныгъэр Iэпэдэгъэлэл зэрамыщIынумкIэ, щалъхуа хэкум зэрыхуэпэжынумкIэ ныбжьыщIэхэм тхьэлъанэ щащIу дауэдапщэ дахэ ирагъэкIуэкIащ.

 

ЗэIущIэм кърихьэлIащ Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм я унафэщIхэр, адэ-анэхэр, ветеран икIи жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм и лэжьакIуэхэр.
ТхьэрыIуэ ята нэужь «кадет» цIэр цIыху 34-м хуагъэфэщащ. Апхуэдизщ кадет еджапIэ-интернатым мы гъэм щеджэну къащтари.
МазитI иримыкъум къриубыдэу ныбжьыщIэхэм зрагъэгъуэта есэныгъэхэр махуэщIым кърихьэлIахэм ирагъэлъэгъуащ. Апхуэдэу абыхэм адэ-анэхэмрэ хьэщIэхэмрэ я фIэщ ящIащ дзэ сатырым щызэрахьэ хабзэхэм хъарзынэу зэрыщыгъуазэр, я лъэр захуэу ядзрэ я пкъыр задэу яIыгъыу зэрыхэбэкъукIыр, зыгъэзапIэ-гъэшыпIэхэм щыуагъэ къыхамыгъэкIыу зэрекIуэкIыр. НыбжькIэ нэхъыжьыIуэхэм Iэщэр далэкIэ зэрызэпкърахыр икIи зэрызэпкъралъхьэжыр ягъэлъэгъуащ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ Бахъсэн къалэм дэт, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №2-м и пэщIэдзэ классхэм щIэс кадет ныбжьыщIэхэр. Щысхэр теумэзэхауэ еплъащ кадет фащэхэр къызыщылыдыкI сабийхэм а махуэм утыку кърахьа кадет вальсым.
ГуфIэгъуэ дауэдапщэм кърихьэлIа, Бахъсэн щIыналъэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Ахъуэбэч Андзор къызэрыхигъэщамкIэ, хэкупсэу къэтэдж щIалэгъуалэм уахэплъэну гухэхъуэт. «Iэщэм я нэхъ лъэщыр щIэныгъэращ. ЩIэныгъэ зиIэм пэжыр и гъуазэу сыт щыгъуи щытынущ. Пэжыр тегъэщIапIэ зыщI цIыхум игури и щхьэри зэтелъщ, захуагъэм и телъхьэщ, мамырщIэкъущ. ЩIэныгъэ зиIэм и хьэлыр зэтеубыда, и цIыхущхьэм нэхъ дахэ дыдэу хэлъхэр къыхэщ мэхъу. Фи щIэныгъэм дунейр мамыру зыгъэпсэун зэхэщIыкI къищIыкIыну си гуапэщ», – жиIащ Ахъуэбэч Андзор.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: